Псэемыблэжу бийм пэщIэтащ

1942 гъэм шыщхьэIум и пэщIэдзэм фашистыдзэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщихьам, зыми къимыгъэувыIэфу дыгъэм и гъуэгур зэрыхигъэщIым хуэдэу, ди цIыхухэри, гуауэми, залымыгъэми, Iэщэми кърамыгъэкIуэту, хуитыныгъэм, насыпым, Совет властыр я Хэкум ща-гъэувыжыным щIэбэнырт. Абыхэм шэч къытрахьэртэкъым фIыр ем зэрытекIуэнум, нэмыцэ фашистхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрырахужынум. ГугъэфIымрэ фIэщхъуныгъэмрэ ахэр гугъуехьым трагъакIуэрт, бийм ерыщу ебэныным къыхураджэрт.
ЛэжьакIуэбэм къызэпаудырт бийм хуэлэжьэн папщIэ заводхэмрэ фабрикэхэмрэ зэфIагъэувэжыныр. Фашистхэм Iэрамыгъэхьэн папщIэ мэкъумэшыщIэхэм гъавэр, Iэщыр, щIым зэрелэжь машинэхэр ягъэпщкIурт. Апхуэдэ лIы хахуэхэм ятеухуащ тхакIуэ, публицист, журналист ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхылъым ихуа мы тхыгъэр. 
Бахъсэн къуажэм щыщ Щауэ Данил ихъумащ икIи колхозым иритыжащ комбайным и Iэмэпсымэ зыбжанэ. Комбайнер Семеркинэ Анастасие мэкъу пыпхъуэм комбайныр щихъумащ. Кыщпэк МТС-м и лэжьакIуэхэу Къумыкъумрэ Купшынымрэ щIым щIатIэри яхъумащ тракторипщIым я пкъыгъуэхэр.
Бийм гуащIэу пэщIэтащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэр. А бэнэныгъэм хэтащ балигъ мыхъуахэри цIыхубзхэри. Аруан районым щыщ “ТекIуэныгъэ” колхозым и тхьэмадэу щыта КъардэнгъущI Мурид къызэриIуэтэжамкIэ, адыгэ цIыхубзхэр лэныстэкIэ нэмыцэхэм щапэщIэта къэхъуащ.
Адыгэ хэкупсэхэм (патриотхэм) ягъэпщкIуащ уIэгъэ хъуауэ е сымаджэу ди щIыпIэм къина урыс сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ.
Мазэ бжыгъэкIэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэкIэкхъуэкIагъэ щызэрахьащ. Абыхэм зэтракъутащ Тырныауз комбинатыр, Бахъсэн ГЭС-р, Дохъушыкъуей спирт заводыр, Iисраф ящIащ трактору I039-рэ, комбайну 309-рэ, колхозхэр, совхозхэр; былыму диIам я процент 75-р, мэлу, бжэну республикэм итам я процент 88-р дахуащ. Ягъэсащ, къагъэуащ КъБАССР-м и школ 227-м щыщу 2I6-р, Налшык дэта унэшхуэу II7-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и щIыналъэм мазэ бжыгъэкIэ зауэ щекIуэкIащ. А зэманым Дзэ Плъыжьымрэ партизанхэмрэ Грознэмрэ Бакурэ я щIыдагъэр яхъумэу лIыхъужьыгъэ къагъэлъэгъуащ.
Кавказым щекIуэкIа зауэхэм ящыщу нэхъ напэкIуэцI IупщIу щытащ I943 гъэм щIышылэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и щIыналъэр хуит къызэращIыжар.
Фашистхэм яхузэфIэкIакъым ди республикэм куэдрэ зыщаIэжьэну. Дзэлыкъуэ, Прохладнэ, Бахъсэн, Шэджэм районхэр абыхэм зэраIэщIэлъар мазитху иримыкъущ, адрей районхэр нэхъ мащIэщ. Ауэ а зэман кIэщIми фашистхэм яIэщIэкIуэдащ парт, совет лэжьакIуэу мини 4-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуащIэрыпсэухэр пщылIыпIэм ирагъэувэжыну хэтащ, ауэ абыхэм зэрыпхъуакIуэхэм зыхуагъэщхъакъым.
I905 гъэм екIуэкIа революцэм и цIэкIэ щыIэ типографием фашистхэм газет къыщыхудагъэкIакъым. IэфIыкIэ щащI фабрикэм и лэжьакIуэхэм Налшык фашистхэр дэсыху IуэхущIапIэр зэфIагъэувэжын ядакъым.
Республикэм и лэжьакIуэхэм, колхозхэтхэм, къулыкъущIэхэм лэжьы-гъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ къэрал, колхоз мылъкур нэмыцэ хъунщIакIуэхэм щахъумэнымкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щаухуащ партым и щэхурылажьэ комитет. Абы и секретару щытащ ФочыщIэ Iэбисал. Апхуэдэу къызэрагъэпэщащ партым и Налшык къалэ, Бахъсэн, Прохладнэ, Тэрч, Налшык, Iуащхьэ-махуэ, Лэскэн райком щэхурылажьэхэр.
37-нэ армэм и унафэщIхэм щIыгъуу фашистхэм зэребэныным кадрхэр хуэгъэхьэзырынымкIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ комсомолым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомми. Абы игъэхьэзырри бийм и тылым игъэ-кIуауэ щытащ комсомолецу I00-м щIигъу. Абыхэм ящыщ куэдым я къалэныр щIыхь пылъу ягъэзэщIащ.
Зеикъуэдэс Хьэмырзэ Марие совет сэлэтрэ офицеру I50-рэ гъуэгу щэхукIэ нэмыцэхэм яIэщIигъэкIащ. Доткъул (Хьэтыкъуей) Розэрэ Куэт Цоцэрэ партизанхэм я унафэкIэ Бахъсэн районым щыщ къуажэ зыбжанэм фашистхэм я Iуэху зыIутыр зрагъэщIащ.
Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бийм IэщIэлъ щIыналъэм къыщыхута совет зауэлIхэм хэкупсэ куэд дэIэпыкъуащ.
Аушыджэр щыщ пионер ЩэрэлIокъуэ СулътIан совет тIасхъэщIэххэм къахуигъуэтырт мэз гъуэгу щэхухэр. Абы и дэIэпыкъу-ныгъэкIэ ди зауэлIхэм нэмыцэ сэлэт гупышхуэ къаухъуреихьащ икIи зэт-раукIащ.
ТIасхъэщIэх хахуэхэт Кыщпэк щыщ ныбжьыщIэхэу Хьэпэхъу Хьэсэнрэ Атэлыкъ Чэримрэ, Прохладнэ щыщхэу Соколов Николай, Обжорян Анатолэ, Вахнин Петя сымэ. Тэрч районым щыщ Алъхъэс Галя уIэгъэ хьэлъэ хъуа совет кхъухьлъатэзехуэр къригъэлащ.
Зеикъуэ щыщ еджакIуэхэу ГъукIэхэ Мухьэмэдрэ Мухьэдинрэ, Ахъмэт Гъэфар сымэ бийм къыфIадыгъуа IэщэмкIэ нэмыцэ сэлэтхэм езэуащ. А къуажэ дыдэм щыщхэу Бетыгъуэн Сэлимрэ Мэршэнкъул БетIалрэ, нэгъуэщI зыбжани партизанхэм ядэIэпыкъуащ бийм иIыгъ къуажэм колхозым и Iэщыр дэгъэкIауэ бгым щыгъэпщкIунымкIэ.
ХьэтIэхъущыкъуей Ищхъэрэм (Къызбрун I) щыщхэу Абей Аслъэнрэ Зинченкэ Дмитрийрэ я ныбжьыр зэрынэмысам къыхэкIыу партизанхэм зыхагъэхьауэ щытакъым. Ауэ абыхэм мурад ящIат нэмыцэхэм езэуэнуи, ар къайхъулIащ. Къуажэм фашистхэр щыдахужым щыгъуэ абыхэм фашист зыбжанэ яукIащ, тIу гъэр къащIащ. АфэщIагъуэ ХьэцIыкIу, я унащхьэм зыщигъэпщкIури, автоматкIэ бийм яхэуащ, зыбжани иукIащ. Абы и къуажэгъу Жолдащ Хъусен ди зауэлIхэм ядэIэпыкъуащ нэмыцэ десантникхэр гъэр щIынымкIэ. Мэзокъуэ Шурэ уIэгъэ хъуа ди зауэлIыр къригъэлащ.
Аргудан щыщ щIалэ цIыкIухэу Къэмбэчокъуэ Iэмырхъанрэ Мэремкъул Адэлбийрэ нэмыцэхэм Iэщэ-фащэ куэд къыфIадыгъуащ. Ахэр фашистхэм къащIащ икIи яубыдри тутнакъэщым щIадзащ. Ауэ хэкупсэ ныбжьыщIэхэр щIэпхъуэжащ.
Къундетейдэс щIалэ цIыкIухэу Нэзрэнхэ Борисрэ Алихъанри лIыгъэ зэрахьащ. Ар къыщыхъуар I943 гъэм щIышылэм и 4-рщ. Налшык дахужа нэмыцэдзэхэм Шэджэм адрыщIым зыкъыщагъэбыдат - абыхэм я мурадт ди зауэлIхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр зэтраIыгъэну. Зауэ гуащIэ екIуэкIырт. Алихъанрэ Борисрэ псыхъуэм дэлъэдащ икIи ахэр яIууащ уIэгъэ хьэлъэ хъуа урыс сэлэту I5-м. ЦIыкIухэм ахэр зырызыххэу IэжьэкIэ къыдашащ икIи Борэн ЖэбрэIил и унэм яшащ. Сэлэтхэм я уIэгъэхэр япхащ, ягъэ-шхащ, хъужыхункIэ якIэлъыплъащ.
Кавказыр хуит къыщащIыжым екIуэкIа зауэ хьэлъэм I942 гъэм и бадзэуэгъуэм щIидзащ, I943 гъэм и жэпуэгъуэм Тамань хытIыгуныкъуэм щиухащ.
Кавказ Ищхъэрэр хуит къегъэщIыжыным хахуэу щIэзэуахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ Гуэбэшы Николай, Ефэнды Жыраслъэн, Къущхьэ КIыщыкъуэ, Пащты Цоцэ, Теувэжыкъуэ Мухьэмэд, Жамборэ Хьэбас, Гъэсашэ Къасболэт, Хосровьян Георгий, Шыхъуэ Бализэ, Уэрэзей Тамарэ, Елгъэр Адэлбий, Вэрокъуэ Iэмырбий, Къардэн Бэлэтокъуэ, Настаев Хьэжбэчыр, Казьмин Михаил, Холаев ЖэбрэIил, Къатинэ МуIэзин сымэ, нэгъуэщI куэдхэри.

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: