Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2016 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м къыдигъэкIа унафэ №72-ПП-м  къару имыIэжу къэлъытэным и IуэхукIэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м      Налшык къалэ  №92-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм  2016 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм муниципальнэ щIы  кIэлъыплъыныгъэ зэрыщрагъэкIуэкI щIыкIэм и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №72-ПП-м («Официальнная Кабардино-Балкария», 2016, №16) къару имыIэжу къэлъытэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                        Мусуков Алий.

 

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2025  гъэм щIышылэм и 27-м къыдигъэкIа унафэ №2-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и

 Унафэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 4-м     Налшык къалэ   №2-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2025 гъэм щIышылэм и 27-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и гъуэгу фондым 2025-2027 гъэхэм хуаутIыпщ бюджет  мылъкур хэщIыныгъэхэм я унэтIыныгъэхэмкIэ ятегуэшэным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа унафэ №2-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                          Мусуков Алий.

 

  

Турист IэнатIэм щыщыIэ  щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм) теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и  Унафэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м      Налшык къалэ  №107-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Турист IэнатIэм щыщыIэ щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм) теухуа Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 21-м къыдигъэкIа  унафэ №33-ПП-мкIэ  щIэгъэбыдам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                 Мусуков Алий.

 

 Фэтэр куэду зэхэт унэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэхэм пэшхэр щызиIэхэм  я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къэгъэщIэрэщIэжыным 2026-2028 гъэхэм  нэхъ мащIэ дыдэу  халъхьэ ахъшэр зыхуэдизыр гъэувыным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и  Унафэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и  14-м      Налшык къалэ   №108-ПП

Урысей Федерацэм и ПсэупIэ кодексым и 156-нэ статьям и 81  -нэ Iыхьэм, «Фэтэр куэду зэхэт унэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм  щыIэхэм пэшхэр щызиIэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къагъэщIэрэщIэжыныр ирагъэкIуэкIыныр къызэгъэпэщыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №62-РЗ-уэ 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 22-м къыдэкIам  и 3-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

Фэтэр куэду зэхэт унэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыIэхэм пэшхэр щызиIэхэм я зэхуэдэ мылъкур къанэ щымыIэу къагъэщIэрэщIэжыным нэхъ мащIэ дыдэу халъхьэ  ахъшэр фэтэр  куэду зэхэт унэм пэшхэр щызиIэм я дежкIэ   зы метр зэбгъузэнатIэр  2026 гъэм зы мазэм  сом 11, 2027 гъэм зы мазэм сом 12, 2028 гъэм зы мазэм  сом 13 хъууэ гъэувын.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                            Мусуков Алий.

 

Щэнхабзэ щIэиным щыщхэм я щытыкIэр, ахэр зытеухуар, хъумэныр, къэгъэсэбэпыныр, хэIущIыIу щIыныр къэралым ихъумэныр щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм) щIэгъэувэным теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм  и Унафэ

2025 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м        Налшык къалэ  №109-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм  унафэ ещI:

1. Щэнхабзэ щIэиным щыщхэм я щытыкIэр, ахэр зытеухуар, хъумэныр, къэгъэсэбэпыныр, хэIущIыIу щIыныр, къэралым  ихъумэныр щIыналъэ къэрал къэпщытэныгъэм (кIэлъыплъыныгъэм)  щIэгъэувэным теухуа  Положенэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2021 гъэм жэпуэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №201-ПП-мкIэ  щIэгъэбыдам халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэщтэн.

2. Мы унафэм къару егъуэт ар официальнэу къызэрытрадзэрэ махуи 10 дэкIа иужь.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Правительствэм и УнафэщI                          Мусуков Алий.

 

 

Поделиться: