Сурэттехым и дунейр

Налшык дэт «Сигу ирохь» студием щагъэлъагъуэ Керженцев Максим триха сурэтхэр.

Максим и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм къызэщIрагъэубы­дащ иужь зэманым абы трихахэм ящыщ, зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыха сурэт 60-м нэблагъэ. IуэхущIапIэр зей ХьэцIыкIу Миланэ къыджиIащ илъэс зыбжанэ хъуауэ Максимрэ абырэ зэры­зэ­рыцIыхур, илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ я лэжьыгъэхэр Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм и утыкум зэгъусэу щрахьауэ зэ­рыщытар. Миланэ щIигъужащ щIалэм сурэттех IэщIагъэм щиIэ зэфIэкIхэм зэрызригъэужьыр зэригуапэр.
Къызэхуэсахэм жаIащ нэхъапэм Керженцевым и сурэтхэм ИнтернетымкIэ кIэлъыплъу щытамэ, иджы и напэкIуэцIыр зэримыгъэлажьэм къыхэкIыу апхуэдэ Iэмал зэрамыIэжыр я жагъуэ зэрыхъур. Миланэ выставкэм кърихьэлIахэм Максим яригъэцIыхуа нэужь, жиIащ и сурэтхэм дахьэххэм ар къыщалъхуа махуэм гъэлъэгъуэныгъэр тыгъэ зэрахуищIар. И ныбжьэгъум ар ехъуэ­хъуащ и IэщIагъэм ехъулIэныгъэхэр къыхуихьыну, сурэттех цIэрыIуэ хъуну. 
Керженцев Максим сурэт техыным илъэс 20 хъуауэ дехьэх, илъэси 10 хъуауэ а IэнатIэм пэрытщ. Уэрамым зыщрихьэлIэ теплъэ­гъуэхэр, гъэм и сыт хуэдэ зэманми щIыуэпсым и дахагъэр, цIыхухэм я портретхэр и сурэтхэм нэхъыбэу къыщегъэлъагъуэ. 
Декоративно-прикладной гъуазджэм и IэпщIэлъапщIэ, пасэрей лъэпкъ IэщIагъэм и хъумакIуэ Мэзло Руслан къыхигъэщащ сурэт техыным къыдэкIуэу, сурэт щIынми Максим зэфIэкI зэрыщиIэр, езым и лъэщапIэм и сурэтипщIым нэблагъэ зэрыщихъумэр, абыхэм еплъыну гукъыдэж зиIэ яхэтмэ, апхуэдэ Iэмал зэраIэр. Абы щIигъужащ и ныбжьэгъум ищIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъи зэрыпэплъэр. 
гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэща ХьэцIыкIу Миланэрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ Керженцев Максим фIыщIэ яхуищIащ. 
ХьэцIыкIу Миланэ къызэхуэсахэм яжриIащ гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэIуах махуэхэм ирихьэлIэу гупыж зыщI дэтхэнэми я сту­дием сурэтхэр щызытрагъэхыну Iэмал зэраIэр. 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: