Лъэхъэнэмрэ къалэнхэмрэ

 Сабийр гъэсэным, егъэджэным гугъуехьышхуэ зэрыпылъри, а Iуэхугъуэр нэхъ гугъу зэрыхъури шэч къызытумыхьэнщ. Уэ къыбдэплъейхэм, уэ щапхъэ узыхуэхъухэм ауэ къызэрыгуэкIыу уабгъэдэт хъунукъым. Аращ ущыпсэу зэманым къигъэув къалэнхэмрэ мурадхэмрэ бгъэзэщIэн зэрыхуейми шэч щIыхэмылъыр. ЕгъэджакIуэм зэи зыщигъэгъупщэ хъунукъым и еджакIуэхэр гъащIэм зэрыхэбэкъуэну щIыкIэр езым зэрелъытар.  А Iуэхум ехьэлIа и гупсысэхэмкIэ ди газетеджэхэм нобэ ядогуашэ Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школ №I-м пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэ. Хъубий Жаннетэ. 

«ЕгъэджакIуэ къызэрыгуэкIым и еджакIуэхэм щIэныгъэр хьэзыру ябгъэделъхьэ, егъэджакIуэфIым и еджакIуэхэм щIэныгъэр езыхэм зэрызыIэрагъэхьэным иужь итщ, жаIэ. Сыту пэж дыдэ а псалъэхэр. Дыщыпсэу зэманым къезэгъынури аращ: езы еджакIуэхэм къалъыхъуэу, къагъуэту, щыхьэт техъуэжу, езыхэм я Iуэху еплъыкIэрэ бгъэдыхьэкIэрэ яIэжу егъэсэнырщ.

Куэдрэ сигу къокIыж «Дыщэ сом» хъыбарыр. Хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, езым къимылэжьа дыщэ сомхэр и адэм псым щыхидзэм щIалэм игу къеуакъым, ауэ и пщIэнтIэпскIэ къилэжьа дыщэ сомыр адэм псым хригъэдзакъым. Апхуэдэщ цIыхур. Езым къилэжьаращ нэхъ фIэIэфIыр, нэхъ ихъумэр, нэхъ пщIэ зыхуищIыр. Сабийхэри аращ - езыхэм гугъуехькIэ къалэжьыжа ехъулIэныгъэхэр нэхъ къащтэ, абыкIэ я щхьэр лъагэу ялъагъужри. Сэри сыхущIокъу езгъаджэхэм ехъулIэныгъэ гуэрхэр къайхъулIэну, абыхэм я фIыгъэкIэ еджэным нэхъ дихьэхын папщIэ. ЕджакIуэхэм хьэкъыу я фIэщ пщIын хуейщ ехъулIэныгъэ зиIэ, и щIэныгъэкIэ зигурэ зи щхьэрэ зэтелъ цIыхухэмрэ ныбжьэгъу пэж куэд зиIэхэмрэ фIэкIа нэсу насыпыфIэу, зыхуейуэ хъуар зыIэрагъэхьэфу псэу зэрыщымыIэр. Иджырей зэманми егъэджакIуэхэм я къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIэблэр апхуэдэ гъащIэм хуэгъэхьэзырыныр. Дапщэщи егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ зэпхащ, адыгэбзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ щебгъэджым дежи гъэсэныгъэм гулъытэшхуэ хуумыщIу хъуххэнукъым.

НыбжьыщIэхэм еджэным ягу хуэбгъэушын папщIэ, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къэгъэсэбэпыпхъэщ. Зэребгъаджэ предметыр фIыуэ плъагъуным и мызакъуэу, фIы дыдэуи пщIэн хуейщ.

Дауи, егъэджакIуэм и къалэн нэхъыщхьэр зэригъэзащIэр, и лэжьыгъэм и фIагъыр къызэрахутэр и дерсхэращ. Дэтхэнэ зы еджакIуэри къыдэпхьэхын папщIэ, дерсыр гурыIуэгъуэу бгъэдэплъхьэн хуейщ. Къалэн зыхуэзгъэувыжхэм я нэхъыщхьэр сабийхэм къыдалъхуа бзэр фIыуэ егъэлъагъунращ. Я бзэр яхъумэн, иригушхуэу псэун папщIэ, сэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэ куэд къызогъэсэбэп.

 Япэрауэ, адыгэбзэр гугъуу къызыщыхъухэм ягурызогъаIуэ хьэрф 59-рэ дызэриIэмкIэ нэгъуэщI лъэпкъхэм дазэрефIэкIыр. Абы и фIыгъэкIэ ди бзэри нэхъ къулей зэрыхъур.

 ЕтIуанэрауэ, псалъэр зэрызэхэт макъкIэ зэрызэпкърахыр язогъэлъагъу, япэщIыкIэ урысыбзэкIэ зэращIым хуэдэу, итIанэ адыгэбзэкIэ зэрытщIым хуэдэу. Абдеж нэрылъагъу мэхъу ди бзэм и макъхэр бджыну зэрынэхъ тыншыр, урысыбзэм ещхьу макъхэр быдэти, щабэти жытIэу зэхэдгъэкIын хуейуэ зэрыщымытыр.

 Ещанэрауэ, адыгэбзэм ди падежхэмрэ урысыбзэм я падежхэмрэ зэзгъапщэурэ язогъэлъагъу ди бзэм и падежхэр зэрынэхъ мащIэри, псалъэр зэрыт падежри нэхъ тыншу къызэрыпщIэри.

 ЕплIанэрауэ, адыгэбзэм урысыбзэм хуэдэу женский, мужской, средний род жыхуэпIэхэр зэрыдимыIэр, ди бзэр абыкIи куэдкIэ нэхъ зэгъэщIэгъуафIэ зэрыхъур.

 Етхуанэрауэ, урысыбзэм псалъэм ударенэр зэрытеувэ щIыкIэмрэ адыгэбзэм зэрытеувэ щIыкIэмрэ зыдогъапщэри, адыгэбзэмкIэ ударенэр псалъэм тегъэувэныр зэрынэхъ тыншыр къагурызогъаIуэ.

 Еханэрауэ, адыгэбзэм урысыбзэм и цIэпапщIэ нэхъыжьхэм зэрызыхуагъазэм хуэдэ (Вы) диIэкъым, «хьэрфышхуэкIэ къедгъэжьэн хуей хьэмэрэ хуэмей» жытIэу дыгузэвэххэркъым.

 Апхуэдэ щапхъэ куэд щыбгъуэтынущ ди бзэмрэ урысыбзэмрэ зэбгъапщэмэ, ауэ а псори щIэтщIэжыр гурыIуэгъуэщ: еджакIуэм езым илъагъунущ апхуэдизу гугъуу жыхуаIэ адыгэбзэр зэрытыншыр, зэрыхьэлэмэтыр, пщIэну зэрыщхьэпэр.

 Дыхуей-дыхуэмейми, билингвизм жыхуаIэм дыхуэкIуащ. Къуажэдэс сабийхэм зэхуэдэу адыгэбзэри урысыбзэри къагъэсэбэпу еджапIэм щIотIысхьэ. Ар Iейуи къыщIэкIынкъым, тэмэму къэбгъэсэбэпыфмэ. Аращи, адыгэбзэр щекIуэкI сыхьэтым урысыбзэр хэмытуи хъужыркъым. ИпэкIэ зэрыщыжысIащи, ди анэдэлъхубзэм ефIэкIыу нэгъуэщIыбзэр зэрыщымытыр ябгъэлъагъуфмэ, уи егъэджакIуэ къалэнхэм я нэхъыщхьэр зэфIэкIауэ убж хъунущ».

ТАМБИЙ Линэ.

 

Поделиться: