Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

ЩIэныгъэм зэригъэбелджылащи, псори зэрызэпсалъэ, зэрызэгурыIуэ бзэм нэмыщI, пасэрей щакIуэхэм, зекIуэлIхэм бзэ лIэужьыгъуэ гуэр яIащ, зекIуэбзэкIэ, щакIуэбзэкIэ еджэу: щIагъыбзэкIэ зэпсалъэрт зекIуэ ежьа шухэр, псэущхьэхэм я цIэ ираIуэртэкъым щакIуэхэм. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ: зекIуэлIым и щэхум щыгъуазэIа хъунутэкъым - хэт и гъусэ, дэнэ лъэныкъуэкIэ здиунэтIынур, я гъуэгур кIыхь, хьэмэрэ кIэщI? Псэущхьэхэм я цIэ ираIуэмэ, щакIуэхэм я Iуэху къадэмыхъуну  (къамыщэкIуфынуIауэ) ялъытэрт. ЗекIуэлIхэм я бзэм бзыщIа щыхъурт, псалъэм папщIэ, «шы», «шабзэ», «Iэщэ», «гъуэгу», «джатэ», «къамэ», «сэшхуэ», къинэмыщI псалъэхэр, абыхэм я пIэ ирагъэувэрт езы зекIуэлIхэм фIэкI нэгъуэщIым къыгурымыIуэ псалъэ IэрыщIхэр. ЯбзыщI псалъэхэр бзэм щыхэкIуэдыкIыжыпи къыщыхъу щыIащ, абыхэм я пIэ иувауэ ди бзэм нобэ къыщыдогъэсэбэп зекIуэбзэм, щакIуэбзэм къыхэкIа псалъэ куэд. ЩакIуэбзэм къыхэкIащ, псалъэм папщIэ, псэущхьэхэм я нэхъыбэм я цIэхэр: дыгъужь, мыщэ, тхьэкIумэкIыхь, бжьо, хьэIуцыдз, кIэпхъ, нэгъуэщIхэри - ахэр зэгуэр ябзыщIа псэущхьэцIэхэм я пIэ иувэри, ди бзэм къыхэнауэ ноби къыддогъуэгурыкIуэ. Зыми ищIэжыркъым пасэрей адыгэхэр дыгъужьым, мыщэм, тхьэкIумэкIыхьым, бжьом, кIэпхъым зэреджэу щытар, нобэрей ди бзэм къыщызэтенар я фэм, я дунейтетыкIэм елъытауэ а псэущхьэхэм къыхуагупсыса цIэхэрщ: Iэщ, мэл яфIэзыхь (яфIэзыдыгъу) хьэкIэкхъуэкIэм и цIэр ябзыщIри, «дыгъужь» фIащащ, щакIуэм нэхъ зримыку, нэхъ зыщышынэ псэущхьэм «мыщэ» цIэр тригъэIукIащ (и цIэ дыдэр ибзыщIри); апхуэдэущ тхьэкIумэкIыхьми, кIэпхъми, бжьоми, хьэIуцыдзми я цIэ дыдэхэр яфIэкIуэдурэ цIэщIэ зэрагъуэтар.

***

Хы Iуфэр лъахэ яхуэхъуауэ ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэхэр. Хы Iуфэм щыIускIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэхэм хыр зекIуапIэ яхуэмыхъункIэ Iэмал иIакъым - абы щыхьэт тохъуэ тхыдэр. Хым кхъуафэкIэ техьэурэ, адыгэхэр хы адрыщIым ис пасэрей лъэпкъхэм я деж нэсырт, нарт хъыбархэми къызэрыхэщщи, «хы тIуащIэм дыхьэурэ», гъуэгуанэ кIыхь зэпачыфырт, хыдзэлIхэр хым трашэрти, «кхъухь фIыцIэжьхэм» хым къызэпраш зэуакIуэхэм пэувырт, сату ящIын хъуми, хым кхъуафэкIэ зэпрыкIырт. Пасэрей адыгэ лъэпкъхэм хыр зекIуапIэ яхуэхъуауэ зэрыщытар куэдрэ къыхощ нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ.

 Академик Паллас зэритхыжамкIэ, Анапэ деж щыса адыгэпщ гуэрым кхъуафэ зыбжанэ иIащ. Ардыдэм ирихьэлIащ академик Клапроти. «А пщыр къулейт, - етх абы, - сату ищIырт, и кхъуафэ зыбжанэ хым тетт». Адыгэхэм сату ядэзыщIу щыта гуэрым, Скасси, зэритхыжамкIэ, хы Iуфэм Iуса адыгэпщ Индар Мэхьмэти иIащ кхъуафэ зыбжанэ.

Адыгэхэр хым кхъуафэкIэ щызауэу зэрыщытам и хъыбар куэди къэнащ. Абы щыхьэт тохъуэ, псалъэм папщIэ, франджы дипломат Мариньи, урыс генерал Бларамберг, франджы щIэныгъэлI Монпере, нэмыцэ еджагъэшхуэ Кох сымэ, нэгъуэщIхэри. «Ахэр тенджызым къызэтригъэувыIэркъым: я кхъуафэхэм йотIысхьэри, хы Iуфэм къесылIэ кхъухьхэм тоуэ, щаубыди куэдрэ къохъу», - итхыхгъащ Мариньи адыгэхэм щхьэкIэ. Бларамберг зэритхамкIэ, адыгэ кхъуафэхэр хым тохьэри жыжьэ IуокI. «Хым тет кхъухьхэм ахэр нэхъ щытеуэр жэщущ: заудыгъури бгъэдохьэ, кхъухьым зэрогуэри, модрейхэм зыкъащIэжыху, Iуэхум кIэ ират», - итхыгъащ Бларамберг.

Щыгъуазэхэм зэратхыжамкIэ, адыгэ кхъуафэхэм цIыхуищэм щIигъу ихуэрт; адыгэ кхъуафэхэр лъэгубгъуэт, псынщIэрыкIуэт, фэ тебзати, гъущэ зэпытт, я пэм псэущхьэ гуэрым и сурэт тетт, хьэнцэхэр Iэрыхуэт, кхъуафэхэм руль яIэт, парус зэпэплIими ящхьэщытт. «Пасэрейхэр адыгэ кхъуафэхэм камарэкIэ еджэу щытащ», - итхащ Мариньи. Абы зэритхымкIэ, «псыр хьэнцэкIэ щыщIатхъуэм деж макъкIэ дожьу: зым къыхедзэ, адрейхэм абы къыхидза «арирашэ» псалъэр япхъуатэ, абы хьэнцэр дыщIадз».

  Пасэрей адыгэхэм я хъыбар зытхыжахэм зэхагъэгъуащэркъым кхъуафэхэмрэ кхъуафэжьейхэмрэ: цIыхуищэм щIигъу зэрыхуэ кхъуафэхэм дзэ иризепшэ, сату IуэхукIэ жыжьэ урикIуэ хъууэ щытащ. Зэманым къелакъым адыгэ кхъуафэхэр - абыхэм щыгъуазэ зэрызыпщIыфынур зылъэгъуахэм къызэраIуэтэжымкIэщ. Ахэр къэсащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм - адыгэ хы Iуфэр урыс дзэлIхэм яубыдыху. Адыгэ кхъуафэхэм сурэт ятрищIыкIауэ щытащ художник цIэрыIуэ Айвазовскэм: «Адыгэ кхъуафэхэр» - аращ абы ищIа сурэтым зэреджэр.

 Адыгэбзэм къыщызэтенащ кхъуафэ (кхъухь) пкъыгъуэхэм зэреджэ псалъэ зыбжанэ: хъурзэ, кIарэ, хьэнцэ (е кхъуэхьэнцэ, кхъухь хьэнцэм къытекIауэ), жьыху, къинэмыщIхэри. КхъуафэкIэ хым техьэ зауэлIхэм хыдзэлIкIэ, абыхэм я пашэм кхъухьыпщкIэ еджэу щытащ. Хым пыщIа псалъэ куэди къыщызэтенащ адыгэбзэм: хы тIуащIэ, хыжьэ, хы тIуалэ, тIуапсэ, хыIу, хыуае, хысыдж, хыкхъуэ, хытхьэрыкъуэ, нэгъуэщIхэри.

         Къартул Хьисэ.

Поделиться: