Тхыдэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ гъавэ зэращIэм. Абы къикIыр гурыIуэгъуэщ: гъавэ зыщIэ хъуам зыужьыныгъэ игъуэтат, Iэпхъуэшапхъуэм къыпыкIри и пIэ итIысхьам, IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ ирипсэу хъуакIэт. Адыгэбзэм и тхыдэр зыджхэм ялъытэ гъавэцIэхэм, псалъэм папщIэ, «ху», «хьэ», «гуэдз» псалъэхэм ныбжьышхуэ яIэу. Пасэрей алыдж тхакIуэхэри аращ щыхьэт зытехъуэр: пасэ дыдэу гъавэ зыщIэ хъуа лъэпкъыжьхэм хабжэ адыгэхэр. Абыхэм зэратхымкIэ, пасэрей алыдж къэралхэм гъавэ куэдыкIейуэ къыщащэхурт Псыжь иса лъэпкъхэм я деж.
Тхыдэм къызэригубзыгъыж лъандэрэ гъавэ зыщIэ адыгэхэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, хабзэ гъэщIэгъуэн куэд къадэгъуэгурыкIуащ а псалъэм епхауэ. Абыхэм ящыщщ ныбжьышхуэ зиIэ вакIуэдэкI, вакIуэихьэж хабзэхэр. Ди зэманым къэса хъыбархэм уригъуазэмэ, вакIуэ щыдэкIкIэ, вакIуэ къыщихьэжкIэ мыпхуэдэ хабзэхэр зэрахьащ адыгэхэм.
ВакIуэ щыдэкIыр махуэшхуэт, жылэ псом ягъэлъапIэрт. Гъатхэр къихьэрэ щIым хуабэ къыщIыхьа нэужьт (гъэрэ щIырэ зэхэкIа нэужь) вакIуэ щыдэкIыр. ВакIуэ дэкIынухэр дзейуэ (унагъуэ-унагъуэкIэ) зэгухьэрт, пхъэIэщэхэмрэ къинэмыщI Iэмэпсымэхэмрэ гум иралъхьэрти, гъуэгу техьэрт. Зэрыхабзэти, вакIуэ ежьахэм жылэр кIэлъыкIуатэрт, къуажэбгъум деж Iэнэ щыхуагъэувырти, хъуэхъубжьэ яIэтырт. Губгъуэм нэсамэ, пщыIэ хасэрт, вакIуэ тхьэмадэм ейм нып фIадзэрт. ВакIуэ тхьэмадэм и унафэм псори едаIуэрт, абы и псалъэ тIэужыIэ ящIыртэкъым. Выр щыщIащIэнури выр щыщIатIыкIынури зыгъэнахуэр вакIуэ тхьэмадэрт, тIысыгъуэ (щIэтыкIыгъуэ) хъуамэ, тхьэмадэм ныпыр игъэджалэрти, вакIуэлIхэр пщыIэм къытехьэжырт. Вэн-сэныр зэрымылэжьыгъэ тыншыр гурыIуэгъуэщ, итIани губгъуэм итхэм нэжэгужагъэр зыханэртэкъым, лэжьыгъэм къыщыдэхуэм (уэлбанэ хъуауэ выр щыщIамыщIэм деж) щIалэгъуалэ джэгу зэхашэрт, къуажэм ягъэзэжурэ я нэгу зрагъэужьырт. ВакIуэ щIалэхэр жэщкIэ къуажэм дыхьэжырти, къуажэпщым и пхъум и пыIэр къадыгъурт. Зи пыIэ яхьа пщащэм ищIэрт ар «къищэхужын зэрыхуейр.
Вэн яуха нэужь, пхъэIэщэр зэщIалъхьэжырти, шыгъушыпс зэтраутхэрт. Шыгъушыпс зэрамыутхыжамэ, ягу зэбгъауэ арати, къыкIэлъыкIуэ гъэм дзейуэ зэувэлIэжыртэкъым.
ВакIуэ къыщихьэж махуэм вакIуэлIхэм деж жылэм лIыкIуэ ягъакIуэрт: щIалэхэр шууэ, пщащэхэр гум ису, ажэгъафэ, бжьамияпщэ ящIыгъуу. ВакIуэ тхьмадэм и ныпыр зы шу IэщIилъхьэрти, вакIуэлIхэр губгъуэм къикIыжырт. Жылэр мыдэкIэ къуажэбгъум щызэхэтти, вакIуэлIхэр кърагъэблэгъэжырт, вакIуэ тхьэмадэм пщыIэ хухасагъэххэти, ныпыр фIадзэрт, шыгъупIастэр я куэдти, тхьэмахуэ енкIэ зэхэкIыртэкъым: джэгу ящIырт, зи щIалэгъуэм шы къагъажэрт, нэщанэ зэдеуэрт, нэхъыжьхэр хъуахъуэрт. ТхьэмахуэкIэ зэхэтауэ щызэхэкIыж махуэм шыгъажэм къащытежа щIалэм вакIуэ тхьэмадэм и ныпыр ирихьэжьэрт – вакIуэ къызэрихьэжам и щIыхькIэ зэхэта тхьэлъэIур зэфIэкIауэ арат абы къикIыр. Ныпыр жылэм я нэхъыжьым (пщым) деж ирахьэлIэрт, абы вакIуэ къихьэжахэм Iэнэ къахуищтэн хуейт.
Бжьыхьэм гъавэр кърахьэлIэжа нэужь, ТхьэшхуэгухьэжкIэ зэджэ тхьэлъэIу ящI хабзэт. Тхьэшхуэгухьэжым жылэ псор ирихьэлIэрт, хамэ къуажэ щыщи кърагъэблагъэрт, гъавэщIэм и щIыхькIэ джэгушхуэ ящIырт, унагъуэ къэс пщэфIати, я Iэнэр шхыным къикъутэрт, шыгъажэри, нэщанэри, кхъуейплъыжькIэрыщIэри, къинэмыщI зэхьэхьэзэхуэхэри яублэрти, махуэ псом я гуфIэгъуэт. Тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIур, зэрыхабзэти, зы махуэм зэфIэкIырт. А махуэм нэхъыщхьэр жылэм къехъулIа гъавэмрэ Iэщымрэ папщIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIын хуейуэ арати, цIыхур зэблэ щыIэтэкъым: унэгуащэхэр пщэфIэнкIэ зэпеуэрт, нэхъыжьхэм хъуэхъур я куэдт, нэхъыщIэхэм я лIыгъэрэ я жаныгъэрэ ягъэлъагъуэрт…
Ар я хабзэщ дяпэ итахэм: хуей хъумэ, зекIуэ ежьэрэ лIыгъэ зэрахьэу, я унэ исыжмэ, хабзэмрэ цIыхугъэмрэ псом япэ ирагъэщу, я щхьэм и пщIэр ящIэжрэ я гуащIэм ирипсэун фIэкIа нэгъуэщI плъапIэ ямыIэу.