Медаль 21-рэ къахь![]() Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щыIэ Эль-Айн къалэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ГТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 25-м я спортсмен 650-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ I7-м нэсыху къызэщIиубыдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэхэм хэтахэм УФ-м и командэ къыхэхам медаль 2I-рэ къыхуахьащ: II-р дыщэу, 6-р дыжьыну, 4-р домбеякъыу.
Килограмм 52-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щызауэ ХьэтIэхъу Къантемыр дыщэ медалымрэ дыжьынымрэ къадэкIуэу, УФ-м спортымкIэ и мастерым и мардэр игъэзэщIащ. Ар зыхэтыр илъэс I5 - I7 зи ныбжьхэр щызэпеуэ гупырщ. Абазэ Ислъам дыщэ медалу тIу къихьащ икIи УФ-м спортымкIэ и мастерым и кандидатым и мардэхэр абы щигъэзэщIащ. ЩIалэр щызауэр илъэс I2 - I4 зи ныбжьхэм я дежщ. Ахмадовэ Ази апхуэдэ мардэхэр игъэзэщIащ икIи килограмм 50 зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ.
Илъэс I2 - I4 зи ныбжьхэр зыхэт гупым я деж Щэрдан Алинэ (кг 65-рэ) дыжьын медаль къыщихьащ. Гупзешэ Албэч (кг 30) дыщэ медалу тIурэ дыжьынрэ домбеякърэ къихьащ. Кочкаров Магомед (кг 38-рэ) зы дыщэрэ домбеякъитIрэ, Нэзрэн Инал (кг 30) дыжьынрэ домбеякърэ зыIэрагъэхьащ.
Нэхъ цIыкIуIуэхэм я деж къыщыхэжаныкIащ Абазокъуэ Ибрэхьим (кг 34-рэ), Дзыгъуанэ Амур (кг 29-рэ), Пекъу Ибрэхьим (кг 23-рэ) сымэ.
Командэм и тренерыр Бэлахъуэ Елдарщ.
КIэмпIарэ Марат и зэфIэкIым хегъахъуэ
Венгрием и къалащхьэ Будапешт иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ еплIанэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Рейтингым хыхьэ очкохэм щхьэкIэ абы щызэпеуащ къэрал куэдым я командэ къыхэхахэр. Урысей Федерацэм и командэр хэтащ алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэхэм, иужьрейм щыбэнар ди цIыхубзхэрщ.Зэпеуэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмми I30-рэ зи хьэлъагъхэм яхэт КIэмпIарэ Марат икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, япэ увыпIэр абы къыщихьащ. Дыщэ медалым щхьэкIэ тэрч щIалэм къыпэщIэтащ Тыркум, Финляндием, Венгрием, Къэзахъстаным я бэнакIуэхэр, ауэ дыщэм хуэкIуэ гъуэгум ахэр псори тригъэкIуэтащ.
Марат и тренерхэр КIыщ Муратрэ Щомахуэ Хьэжмуратрэщ.
Лъэпкъхэм я зэпеуэм Къуэдзокъуэхэ щытокIуэ
Дыгулыбгъуей къуажэм щыпсэу лъэпкъхэм футболымкIэ я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Курыт еджапIэ №II-м щызэIущIащ командэ 30-м я топджэгу 350-м щIигъу. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу щыта зэIущIэхэр ирагъэжьащ Абазэхэрэ Багъэтырхэрэ я лIыкIуэхэм. Лъэпкъхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Къуэдзокъуэхэ я топджэгухэм. КIэух зэхьэзэхуэм бжыгъэр I2:I-уэ абыхэм хагъэщIащ Пекъухэ я щIалэхэр. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ ткIийуэ икIи ерыщу зэпэщIэтащ Бещтохэрэ БжыкIшийхэрэ. Мыбдежым текIуар пенальтикIэ зэхагъэкIын хуей хъуащ, зэIущIэм и бжыгъэр 3:3-уэ иуха нэужь. Насыпырыхь зэхьэзэхуэм Бещтохэ я кIэныр къикIащ - бжыгъэр 4:3-уэ ахэр текIуащ.
Хабзэ хъуауэ, лъэпкъхэм футболымкIэ я зэпеуэр Дыгулыбгъуей илъэс 20-м щIигъуауэ щрагъэкIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
| ||





Венгрием и къалащхьэ Будапешт иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ еплIанэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Рейтингым хыхьэ очкохэм щхьэкIэ абы щызэпеуащ къэрал куэдым я командэ къыхэхахэр. Урысей Федерацэм и командэр хэтащ алыдж-урым бэнэкIэмрэ бэнэкIэ хуитымкIэ зэхьэзэхуэхэм, иужьрейм щыбэнар ди цIыхубзхэрщ.
Дыгулыбгъуей къуажэм щыпсэу лъэпкъхэм футболымкIэ я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ екIуэкIащ. Курыт еджапIэ №II-м щызэIущIащ командэ 30-м я топджэгу 350-м щIигъу. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу щыта зэIущIэхэр ирагъэжьащ Абазэхэрэ Багъэтырхэрэ я лIыкIуэхэм.