Усыгъэ нэсым и щапхъэ

Ди литературэм и фIыпIэм щыщ хъуа усыгъэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, тхылъеджэхэм фIыуэ ялъэгъуа уса¬кIуэщ Бицу Анатолэ. Абы и творчествэм тхыгъэ куэд траухуащ, шэч хэмылъуи, абы иджыри куэд хужаIэнущ. УсакIуэм и зэфIэкIым теухуауэ абы и лъэхъэнэгъухэм хужаIахэм фыщыдогъэгъуазэ.
Ацкъан Руслан: Зыкъом щIащ ди литературэм къызэрыхыхьэрэ усакIуэ Бицу Анатолэ и лирическэ лIыхъужьыр, гу щабэ зыкIуэцIылъыр, ауэ хуей хъумэ, зи «гущхьэр къачэу» гъащIэм дэтхэнэ и зы бийми пэувыфыр. 
Ар загъэлъэгъуэн нэхъ дерс ямыIэу иужьрей илъэсхэм ди литературэм щиувыкIахэм къахокIуэтри гъэщIэгъуэну икIи куэду къызэкIуэцIокI, дунейм и гурыгъу-гурыщIэхэм гу пцIанэкIэ йоIусэ. Гуауэмрэ гуфIэгъуэмрэ я зэхуаку иIэ жьы дэхупIэ тIэкIум ирибауэ мы сатырхэм къаIуатэ гъащIэм и пэжыпIэр зи курых гупсысэ: «О, анэ, уи гур гъэбыдэ, гуфIэгъуэ хьэщIэу къэкIуащ!» УсакIуэр мэшынэ и нэгу щIэкIа гуауэхэм зи гур «пIащIабзэ» ящIа анэм къыхуэкIуа гуфIэгъуэр хуэмыхьыжынкIэ…
Бицум итха нэгъуэщI зы усэм нэхъ лъэщыжу къыщеIэт мы темэм епха гупсысэхэр. Зауэм хэкIуэда и къуэм и сурэт блыным фIэлъым еплъу щыт анэм щIыгъуу гуауэр зыпэмылъэща гъащIэ къуэпсхэри усакIуэм ди нэгу къыщIегъэувэф.
Бицур гъащIэм нэ жанкIэ хоплъэ, и тхыгъэхэм темэ куэд къыщеIэт, дэтхэнэри езым и бгъэдыхьэкIэ иIэжу куууэ зэпкърех, и гупсысэхэр усэбзэ дахэкIэ тхылъеджэм хуеIуатэ, зыхуиIуатэми ахэр къабыл ещI. Гум дохьэ усакIуэм и лирическэ лIыхъужьыр – псэ къабзэр, гу пцIанэр.
 
Уэрэзей Афлик: ЦIыху къэс мы дунейм, гъащIэ къыхуиухам езым и IэнатIэ, къалэн пыухыкIа щиIэжщ. Нэхъыщхьэри а къалэныр, IэнатIэр зыхуэдэр ара¬къым, атIэ а уи IэнатIэм псэ къабзэкIэ, гу хьэлэлкIэ узэрыбгъэдэт щIыкIэрщ, уи къалэныр къызэрыбгу¬рыIуэжым¬рэ зэрыбгъэзащIэмрэщ.
  Зи къалэныр фIыуэ къызыгуры¬Iуэж икIи псэ къабзэкIэ, гу хьэлэлкIэ абы бгъэдэт усакIуэщ Бицу Анатолэ.
  Бзэм и къарур - аращ усакIуэм и къарури зыхэлъыр. Аращ Анатолэ и анэдэлъхубзэм лъагъуныгъэ лей щIыхуиIэри. Бицум и усэхэм, уеблэмэ ди адыгэ усыгъэм и лъагъуныгъэ лирикэм я фIыпIэхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ «Къосыр уэс» усэр. Мы тхыгъэм щIэлъ гурыщIэм утепсэ¬лъыхькIэ е ар къэпIуэтэжкIэ къып¬хуэгъэнэIуэнукъым. А усэр зыхэпщIэн щхьэкIэ, псэкIэ укъеджэн хуейщ. Ар дэтхэнэ зы усэфIми хэлъын хуей хьэлщ. Лъагъуныгъэ къабзэм, лъа¬гъуныгъэ дахэм и къару, гурыщIэ псори псэм къыщызыгъэуш усэщ мыр. Аращ уе¬джэ пэтми зыщумыгъэнщIу къыщIы-тебгъэзэжыр.
  Сэ Бицу Анатолэ и тхыгъэхэр къызэрысщыхъур ныбжьэгъум и илъэс хыщIым ирихьэлIэу хуэстха мы усэ цIыкIум щыжысIэфауэ си гугъэжщ:
 
ГъащIэ тхылъ
Ди гъащIэ тхылъым дрегъаджэ, 
Деущий, тхуобзафIэ, тхуожумарт. 
Дыкъытощыжри абы гъуджэу, 
Дегъэлъагъужыр ди сурэт.
 
Дегъэлъагъужыр ди сурэтыр, 
Химылъхьэу теплъэм плъыфэ лей. 
Ди махуэ псори и зэхуэдэу 
Етхыж, хэмыту нэфI е ней.
 
Уи гъащIэ тхылъым сриплъэжу, 
НапэкIуэцI хыщI зэзгъэдзэкIам 
ПымыкIрэ сигу, къытезгъэзэжу, 
Сэ усэфI Iэджи къизджыкIащ.
 
Пхурехъу а тхылъыр абрагъуэ, 
Хуэщхьэпэу лъэпкъым махуэ къэс. 
ЦIыху лъагъуныгъэр игъэбагъуэу, 
Иджыри куэдрэ уэс кърес.
 
  Бицу Анатолэ и усэхэр усыгъэ нэсым и щапхъэщи, адыгэ поэ¬зиер  гъуэгу тэмэмкIэ унэтIыным хуэ¬лажьэхэм я гъуазэ пэ¬лъытэу ди усыгъэм къыщонэху. Аращ сэ Бицум и тхылъыщIэ, тхы¬гъэщIэ дунейм къытехьэным те¬пыIэншэу сыт щыгъуи сыщIыпэплъэр. 
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: