НОБЭ

ШыщхьэуIум и 6,  бэрэжьей

♦Ядернэ Iэщэр къагъэсэбэпу мыдэным и дунейпсо махуэщ

♦Хиросимэ и дунейпсо махуэщ

♦«Дунейм и дохутырхэр мамырыгъэм и телъхьэщ» дунейпсо махуэщ

♦1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къасым Алий.

♦1934 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Челик Уэсмэн (Хьэкъуратэ).

♦1954 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэрэдурэ Динэ.

♦1964 гъэм къалъхуащ опернэ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Шэгъудж Маринэ.

♦1969 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Пащты Лейлэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр  махуэм градус 32 - 33-рэ, жэщым  градус 23 - 25-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Фащэ нэхърэ - щэн.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.02.2026 - 14:33 НОБЭ
12.02.2026 - 07:13 НОБЭ
11.02.2026 - 10:56 НОБЭ
10.02.2026 - 13:00 НОБЭ
09.02.2026 - 11:35 НОБЭ