Узытемызашэ дахагъэ

Куэдым зэрызэхахащи, цIыхум здэкIуэмкIэ къеупщIрэ ар абы ибзыщIыну хуеймэ, ЕсэнтIыгу сокIуэ, жиIэу щытащ. ЕсэнтIыгу и щIыпIэхэм къыщыщIэж псынэпсхэр IэпкълъэпкъымкIэ хущхъуэгъуэ хъууэ, и хьэуам гупсэхугъуэ къыуитыжу, и щIыуэпсым зыуигъэгъэпсэхужу къалъытэрт.

ЕсэнтIыгу мэзыжьыр Тхьэшхуэм и тIысыпIэу къалъытэу, къэбэрдей адыгэхэм я тхьэлъэIупIэжьхэм ящыщ зыуэ щытащ, абы и Iэгъуэблагъэм ихьам лъапцIэ зищIырт? лъэгуажьэмыщхьэ зыщригъауэрт. ЗэраIуэтэжымкIэ, ЕсэнтIыгу мэзыжькIэ ежьам абы зэрыкIуэр жиIэ хъунутэкъым – и гухэлъхэр кIуэдыжыну къафIэщIырт, тхьэ щIелъэIунум нэ техуэну къалъытэрт. ЕсэнтIыгу мэзыжь тхьэлъэIур щэрыбжэщ, жаIэрт: зыр – дунейм хуэгъэзауэ, етIуанэр – жылэм теухуауэ, ещанэр – уи Iуэхум хуэунэтIауэ щытын хуейт. А псор зэдгъэзахуэурэ дыкIуэрт иджыблагъэ ЕсэнтIыгу къалэм къыщызэIуаха сурэт гъэлъэгъуэныгъэм, икIи, пэжым и хьэтыркIэ жыпIэнумэ, дызэрыхьа щIыналъэм ди адэжьхэм хуаIэу щыта гузыхэщIэ гуэрхэри къигъэушат – зэгуэр адыгэщIу щытам иIа лъапIэныгъэр къызэрыкIырт, адыгэпсэ зыIут зы щIалэ мыбдеж жэрдэм щIагъуэхэр зэрыщищIам щыгуфIыкI нэхъей? дуней хуабэвэхыр игъэупщIыIуу жьапщэ гуапэкIэ къыдэдэхащIэрт.

Дахагъэм хузэфIэмыкIын щыIэкъым – абы гущIэ лъащIэм щыгъэпщкIуарэ цIыхум зыдимыщIэжу хэлъ къару гуэрхэр къызэщIегъэушэ – фIым ухуегъэпабгъэ, абы и теплъэр къэбгъэщIыну укъызэрегъалэ, узытет дунейм щыбубыд увыпIэмрэ абы уи гъащIэм щиIэ мыхьэнэмрэ зэпэплъыту щытыкIэ урегъэувэ. Лъэпкъ гъуазджэм щекIуэкI гъащIэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэмрэ абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэм дихьэххэмрэ фIы дыдэу щыгъуазэщ УФ-м и СурэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Дзэгъэл Iэуес и IэдакъэщIэкIхэм. Абы и цIэр зэхэзыхауэ къигъэщI дахагъэм тезэша икIи зыIэпимыша куэд яхэткъым. ЕсэнтIыгу къалэм дэт, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ тхыдэ-лъахэхутэ музейм иджыблагъэ Дзэгъэл Iэуес и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIащ, цIыху хъарзыни къришэлIащ.

Дызэрыщыгъуазэщи, сурэтыщIым къызэригъэпэщауэ щытыгъащ «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» зыфIища гъэлъэгъуэныгъэ дахэр. Абы лъандэрэ илъэс зыбжанэ дэкIами, сурэтыщIыр зэтемыувыIауэ Хэкум и бгы нэхъ лъагэ дыдэм хуеплъэкIыу, абы хуэкIуэ гъуэгум темыкIыу макIуэ. СурэтыщIыр Кавказым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIащ, и нэм къиубыд дахагъэхэм ятрищIыкIыурэ сурэт сюжет куэди дыди зэригъэпэщащ. СурэтыщI гъуазджэм зы Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн хэтщ, сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIыр зытрищIыкI теплъэгъуэм и пащхьэ иту е ису сурэтыр зэригъэпэщу. Абы зэреджэр пленэрщ. «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгу» гъэлъэгъуэныгъэм иужькIэ Дзэгъэл Iэуес а сурэт зекIуэм дихьэхащ, икIи, пэжыр жыпIэмэ, абы и фIагъ куэд дыди къекIащ.

ЕсэнтIыгу гъэлъэгъуэныгъэм и зэфIэкIхэм зэрахэхъуам, и гуащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызиубгъуам и щыхьэт дахэу къыщIэкIат нэхъапэкIэ ищIа сурэтхэм иджы къахэхъуа теплъэгъуэ 35-р. Нэхъыбэр дыкъэзыухъуреихь дунейм тещIыкIат, ауэ дауэт ар тещIыкIа зэрыхъуар?! Мис арат гъэлъэгъуэныгъэм къекIуэлIахэр зыIэпызышари…

Дзэгъэл Iэуес зэрыжиIэмкIэ, сурэт зекIуэм щигъуса и ныбжьэгъухэм я сурэтхэр Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ музейм мызэ-мытIэу щагъэлъэгъуэгъат. СурэтыщIыр музейм езыгъэблэгъари абы и унафэщI Корчевная Аллэщ.

– Дзэгъэлым и сурэтхэр нэхъапэкIи слъэгъуат, Кавказым и дуней телъыджэр къызэриIэт щIыкIэми сыдихьэхат. Ауэ и IэдакъэщIэкIхэр зэуIуу щыслъэгъуар Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щиIа гъэлъэгъуэныгъэрт. Абы щыгъуэщ Iэуес и дунейр нэхъ зэгъэпэщауэ къыщыслъэгъуар, абы и сурэтхэм ящIэлъ гупсысэхэмкIэ къиIуэтэну зыхуейр къыщызгурыIуар. Дауи, сурэтыщIым и гум щыщIэм нэхъыфIу езы сурэтыщIращ щыгъуазэр, ауэ абы еплъми гузыхэщIэ гуэрхэр егъуэт, ар къимыIуэтэнкIэ, абы теIэбам ещхьу, къыхузэщIигъэуша псалъэхэр адрейм дежкIэ нимыхьэсынкIэ Iэмал имыIэу. Абы щыгъуэщ сэ хьэкъыу щыспхыкIар: Кавказым и щIыуэпсыр зэрыпсалъэ бзэр къыбгурыIуэн папщIэ я нэхъ мащIэу абы лъагъуныгъэ хууиIэн хуейщ. Iэуес езыр Кавказым къыщыхъуащ, абы щыщ лъэпкъыжьхэм языхэзым къыхэкIащ, щалъхуа лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэми а зи гугъу сщIы бзэр къыIурилъхьащ. А фIыгъуэ псори зыбгъэдэлъ Дзэгъэлым нэгъуэщI гуащIи Тхьэм къритащ – лъахэм зэрепсалъэ бзэм фащи щетIэгъэф, – жиIащ Корчевная Аллэ.

Сурэт гъэлъэгъуэныгъэр музейм и пэш хуитым къыщызэIуахащ. СурэтыщIым и IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэм къищынэмыщIауэ, абы хыхьащ 2024 - 2025 гъэхэм ищIа сурэтхэри. Дзэгъэл Iэуес и хъэтIыр къыумыцIыхункIэ Iэмал иIэкъым: сурэтхэр ящIэлъ импрессионизм щэныр зэтемыщэщэжыну икIи зэтемыкъутэжыну щIэныгъэ лъабжьэ быдэм тещIыхьащ. Сурэт щIыным хэлъ хабзэхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, Дзэгъэлым и Iэмал псори хелъхьэри, теплъэгъуэм «доджэгу», зэрыхуейм хуэдэу егъэпсалъэ. И сурэтхэм еплъым ямылъагъункIэ Iэмал иIэкъым абы къыщешх уэшхымрэ къыщыкI удзхэмрэ, къыщылъагъуэ къурш лъагэхэмрэ щызэхэзежэ псынэпсхэмрэ гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым и хьэуар бзыгъэ зэращIыр, абы ухиубыда фIэкIа къыпщымыхъуу хуиту узэрагъэбауэр.

ИлъэсипщI ипэкIэ Дзэгъэл Iэуес сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэхэм – «Шэрхъ» («Колесо») икIи «Кавказ зекIуэ» («Кавказский маршрут») – яхэт шэшэн сурэтыщI Закриев Мыхьэмэт иригъэблагъэри, Кавказ щIыналъэр къызэщIэзыгъэхьэ сурэтыщI зекIуэм хыхьащ. Абдеж къыщегъэжьауэ, Дзэгъэлым зэрызиумысыжымкIэ, и Iэдакъэ къыщIэкI сурэтхэм я гъащIэм зихъуэжащ.

– Дунейм и щытыкIэм емылъытауэ – уэс къесми, уэшх къешхми, хуабэр тепщэми, щIыIэр къыдэбгъэрыкIуэми – гъуэгу дытохьэ, Кавказым и щIыпIэ зэгъуэкIхэм докIуэ, цIыхум и лъэр зытемыува бгылъэ, къуршылъэ, мэзылъэ Iэджэми дынос. Абы къыуит гукъыдэжым ижь сурэтхэм ящIимыхункIэ Iэмал иIэкъым. КъыдэхъулIэмэ, ди насыпщ, – жеIэ Дзэгъэл Iэуес.

СурэтыщIым и гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIащ Мэзкуу, Владикавказ, Шэткъалэ (Ставрополь), Нартсанэ (Кисловодск), Налшык, нэгъуэщIыпIэхэми къикIа и ныбжьэгъухэр. Абыхэм ящыщ зым, Урысейм СурэтыщIхэм я академием и член-корреспондент Рубец Александр зэрыжиIамкIэ, Кавказыр зыхэзыщIэнур абы къуэпскIэ епха цIыхуращ.

– Дэ къытщохъу Кавказ щIыналъэр тцIыхуу, абы и къуршылъэхэр зэрыIэлым, и мэзылъэхэр зэрыIувым дыщыгъуазэу. Ауэ Кавказыр щIыналъэ Iэджэу зэщхьэщедз, дэтхэнэми езым и дунейрэ и хьэуарэ иIэжу. Дэ зыуэ е зэщхьу тлъагъур абы къыщыхъуахэм фIыуэ зэхагъэкIыф. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, Дзэгъэлым и Iэдакъэ къыщIэкI сурэтхэр зэрыбауэ хьэуам «адыгэ хьэуакIэ» уеджэ хъунущ. Зэныбжьэгъухэм ди гуапэщ Дзэгъэлым и зэфIэкIхэм щIыпIэ куэдым щIэупщIэ зэрыщаIэр, ар къызэрацIыхужыр. ДяпэкIи ефIэкIуэну, и гуращэхэм кIуапIэ дахэхэр ягъуэтыну ди гуапэщ, – жиIащ Рубец Александр.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Дзэгъэл Iэуес Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) къуажэм дэт, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ Сабий гъуазджэ еджапIэм щолажьэ. Арт комитетым Сочи къыщызэригъэпэщ Дунейпсо сурэт зэхьэзэхуэм и унафэщIщ, Урысейм и лъэпкъхэм я Артиадэм и лауреатщ. СурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэр Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Абхъазым, Шэшэным я музейхэм щахъумэ, Урысейм, Тыркум, Куржым, Абхъазым, Сирием щыщ зэхуэхьэсакIуэхэм я хъарзынэщхэм щахъумэ.

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: