ПсэукIэр нэхъ тынш ящI

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ и IуэхущIапIэхэм ящыщу социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэхэм я бжыгъэр 24-рэ мэхъу. Абыхэм я нэхъыбэр зыпэрытыр егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, спорт IэнатIэхэрщ.

МСП Корпорацэм къызэритамкIэ, иужьрей илъэсищым къриубыдэу апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэм процент 50-кIэ къэралым щыхэхъуащ икIи ахэр псори социальнэ IуэхущIапIэхэм ехьэлIауэ щыIэ щIыналъэ реестрым хагъэхьащ.

Социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зылэжь IуэхущIапIэу Урысей Федерацэм щатхам и бжыгъэр мин 12-м щIигъуащ икIи иужьрей илъэсищым хуэдищкIэ абы хэхъуащ.

«Иужьрей илъэсым МСП-м хыхьэ апхуэдэ IуэхущIапIэхэм я бжыгъэр мини 2-м щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу щытми, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм щылажьэ, хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хэтхэм яIэ хэхъуэхэм елъытауэ абыхэм ейхэр хуэди 4-5-кIэ нэхъ мащIэщ. ЖыпIэнурамэ, социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэунэтIар цIыхухэм ядэIэпыкъунымрэ гъащIэм ахэр зыщыIууэ гугъуехьхэр, лъэпощхьэпохэр ящыгъэпсынщIэнымрэщ, абыхэм къапэкIуэну фейдэм темыщIыхьауэ.

Социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр щIэным хэт IуэхущIапIэхэм я нэхъыбэм цIыху ныкъуэдыкъуэхэм щыгъынхэр хуад, абыхэм хуэщIа медицинэ техникэхэр, гъащIэм нэхъ тыншу зэрыхэзэгъэн, къахуэщхьэпэн Iэмэпсымэхэмрэ тепIэн-щIэлъынхэмрэ къыщIагъэкI. Ар икъукIэ лэжьыгъэшхуэщ, дызыхуейщ икIи адэкIи ядэтIыгъыну ди мурадщ», - жиIащ МСП Корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр.

Къыхэдгъэщынщи, социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зыщIэхэм я нэхъыбэр уней IуэхущIапIэщ, щылажьэхэм я ныбжьыр ику иту илъэс 35 - 50-м щIигъуркъым.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: