Псэр зыгъэIэсэ, гур зыгъэкъабзэВакIуэлI Iэзэм зэкIуу игъэбгъунлъа вагъэбдзумэхэр нэр здэплъэфым нэс зэщIэцIууэу губгъуэм щызэдэжэ хуэдэ, гупсысэ щIэщыгъуэхэр щызэкIэлъыхьащ Вындыжь Марие и усэ сатырхэм. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэм хуэмыусэми - псори Iэзагъ лъэщ хэлъу, зы гупсысэм адрейр къигъэщIу къызэрокI сатырхэр. Вындыжьым и творческэ гъуэгуанэм и гугъу къытхуещI егъэджакIуэ цIэрыIуэ Сэрахъэ Людмилэ. «ЦIыхухэм я зэхэтыкIэ, зэрылъагъукIэ, зэрылъытэкIэм и закъуэкъым ди псэр зыхуэныкъуэр - ар хуейщ гъэм и зэманхэм «ядэуэршэрыну», дунейм и щытыкIэр зыхищIэну, абы и къэхъукъащIэм гулъытэ хуищIыну, ар игъэщIэрэщIэну, кIэлъыплъыну, хьэуа къабзэкIэ бэуэну… А псоми гупсэхугъуэ къуат, укъэзыухъуреихь дунейр зыхуей щыхуэзэм деж. Ауэ уегъэнэщхъей псы хуэлIэу зэгуэча щIыр плъагъуным. Аращ-тIэ, цIыхури дунейри зэпхащ - зым и гуфIэгъуэм адрейр дощIэращIэ, гуIэгъуэр гущIыхьэ щохъу. Зэгъэпщэныгъэ лъэщхэр къыщигъэлъэгъуащ «Гъэмахуэ» зыфIища усэм. Анэ быдзышэ хуэлIа сабийуэ, Псы пэплъэ щIылъэм и жьэр ущIащ. МэкъуауэлI щIыфэр, тIыгъуа балийуэ, Гъэмахуэ дыгъэм къыхуриIащ… Къуршыжь зэхуакухэм жьыбгъэр щIэрыIэу Псышэ-пшэ фIыцIэр къыкъуилъэфащ. ЛъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ цIыхум дунейм и зы щIы кIапэр хуэщIынущ щIэращIэ. Ауэ дуней псор пхуэгъэнщIын! Зым хузэфIэкIыным елъытащ адрейр зэрыхъунур. Щхьэ уепIэщIэкIыу бгъэгуфIэн хуэмейрэ-тIэ къыпщыгугъ псэр… Пейзажнэ лирикэр усакIуэм хъарзынэу къехъулIэу къызолъытэ. Гулъытэ щхьэхуэ къыщигъэлъэгъуащ Вындыжьым «Анэ» зыфIища усэм. Нэхугъэрэ дахагъэрэ, IэфIыгъэрэ гуапагъэрэ къызыбгъэдэкI анэм Марие зэрытепсэлъыхьыр гум куууэ итIысхьэ, псэм гуапэу хыхьэ, уедэIуэнкIэ зызыщумыгъэнщI псалъэкIэщ. ЦIыхум лъэмыкIын куэд игъэзэщIэн, зылъигъэкIын и мурадщ анэм папщIэ: ФIыгъуэурэ щыIэми ухэзгъэсынт, Гукъеуэу уиIэр псэкIэ згъэсынт.
Анэр жьы зэрыхъур усакIуэм къохьэлъэкI:
Жьыгъэр къогуплIэри сронэщхъей. Мыпхуэдэ псалъэхэм анэ зимыIэжхэр гущкIэщI ящI, ягъэпыхьэ, адэ-анэр псэу щIыкIэ ахэр бынхэм гулъытэкIэ ягъэгуфIэн зэрыхуейм цIыхухэр ирагъэгупсыс. Мы дунейм цIыхуу тет псоми яку лъагъуныгъэ дэлъын зэрыхуейр, ахэр абы зэрыхуэныкъуэр щетх мы пычыгъуэми. Сыту мащIэ зыхуейр цIыхур: Уафэ, щIылъэ, хьэуа, дыгъэ, А псом щIыгъуу лъагъуныгъэ. Нэхъыщхьэр цIыхухэм яку дэлъын хуей IэфIагъырщ. ЛIэужьыгъуэ дапщэкIэ мыгуэшами, лъагъуныгъэ псори гуапэщ, лъапIэщ, псэр зыщыгуфIыкI гурылъщ. Псэм фIэIэфIым гур хуопабгъэ. Лъагъуныгъэм къару лъэщ зэриIэр, ар пагагъым зэрытекIуэр къыщыгъэлъэгъуащ «Си насып гъуэгуу гъуэгуанэ жыжьэ» зыфIища усэм. ЦIыху куэдым лъагъуныгъэрщ насыпу къалъытэр. Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хъуми, псэм фIэIэфIым гъунэгъу зэрызыхуэпщIыным, и нэгу ущIэплъэу уи псэр зэрыбгъэтыншыным ухуопIащIэ. Ахэр фIыуэ зэрылъагъухэм я гумрэ я псэмрэ я щытыкIэщ. ФIыуэ зэрылъагъухэр гуапэу зэхущытын зэрыхуейр, зэпэIэщIэныр тIуми зэражагъуэр, абыхэм я дежкIэ зэрыфэтехыр езы гумрэ псэмрэ кърапхъа хуэдэщ. ГущIэм къыщыуша лъагъуныгъэ къабзэм хуэфэщэн жэуап имыгъуэтынкIэ псэр мэшынэ. Насыпыр, гъащIэр гъуэгуанэ тету къегъэлъагъуэри, а гъуэгуанэм лъэпощхьэпо Iэджэ зэрыщыхуэзэнум, мыбэлэрыгъыу абыхэм зэрапэлъэщын Iэмалхэр къигъуэтыным ухешэ усакIуэм. Ущие дахэкIэ, шыIэныгъэ хэлъу псэр еузэщI, трегъэгушхуэ, кIыфIыгъэр, щтэIэщтаблагъэр, гуитIщхьитIыгъэр гум къызэрыщамыгъэушыным къыхуреджэ. Гур жэру жаIэ. Гупсысэ куэд зэрехъэ ди щхьэм. Ауэ уигу илъыр зэпхьэлIэф цIыху ппэгъунэгъумэ, ар мэзагъэ, псэр мэтынш. Тыншкъым хамэ щIыпIэ щыпсэу цIыхум и псэр. Апхуэдэу «Псэр щытыншкъым хамэ щIыпIэм» зыфIища усэм IупщI дыдэу зыхыуегъащIэ цIыхум дежкIэ ар щалъхуа щIыпIэм нэхърэ нэхъ лъапIи, псэр нэхъ щытынши зэрыщымыIэр. IэмалыншагъэкIэ зи хэкур зыбгына цIыхум и ныбжь хэкIуэта нэужь «Ди бгы лъапэ сыщIэфлъхьэж» жиIэу усэм къыщолъаIуэ. «Нэпсищ» зыфIища усэр цIыхум и псэгъум теухуащ. ФIыуэ илъагъур имыIэжу йопщIыхьри, гъыуэ нэху къокI. ЕтIуанэ нэпсыр къыхущIож къыхуаIа лъагъуныгъэ яхъуэжам, ещанэр - гуфIэщауэ гъырт, псэгъур насыпыфIэ зэрыхъуам папщIэ: Сэ пщIыхьым сыхэту сыпыхьэрт, УзимыIэжу слъэгъуауэ. НахуапIэу слъэгъуащи, сопыхьэ Си лъагъуныгъэр пхъуэжауэ… А жэщым гупсэхуу сепщIыхьырт Уэ насыпыфIэ ухъуауэ. ХуумыщIэн щымыIэу гур хуэжумартщ фIыуэ укъэзылъагъум, ауэ уэ щыплъагъум деж шэч мащIэр гум къещтэ: лъагъуныгъэр къыспэмыджэжмэ-щэ, жыпIэу. Лъагъуныгъэр уеIунщIу гум пхуидзынукъым, аркъэным я нэхъ лъэщыр бдзыкIи къыпхуэубыдынукъым - ар ди Тхьэшхуэм къытхилъхьэ зы фIыгъуэщ. Насыпщ уигу здэплъэм уи лъэр щынэсыр. Адэ-анэ зэкъуэт, бын узыншэ, ныбжьэгъу пэж, лэжьыгъэ, псэукIэ тэмэм. Ахэр ди Тхьэшхуэм къуиткIэ зэфIэкIыркъым - ар хъумэн зэрыхуейм хуоусэ Марие. Узыхуэсакъыу пхъума насыпым ущогуфIыкIыж. Ар щIэщыгъуэ къыпщызыщI псалъэкIэ, IуэхущIафэ дахэрэ гулъытэ нэскIэ зэбгъэбыдылIэныр цIыху псоми я къалэнщ. Щхьэж и Iуэху еплъыкIэкIэ иухуа насыпым елъытащ абы и куууагъри - зыухуам ещхь мэхъуж - цIыху зэхэгъэкIыпIэщ - уи акъылым къихьыр уи Iыхьэщ. Дэтхэнэ зы цIыхуми и псэм и дахагъым елъытащ и IуэхущIафэхэри: зигу къабзэм гуапагъэ куэд къыбгъэдэкI, тэмакъкIэщIыр куэдрэ щоуэ. ЗэхагъэкI цIыхухэр Iэ хуабэрэ Iэ щIыIэу. Ахэр зыпытым и гупсысэкIэм елъытащ. ЦIыхур фэрыщIмэ, зигъэбзэIэфIми, и IуэхущIафэхэм къыщIагъэщынущ. Марие «Iэхэр» зыфIища усэм щынаIуэщ ар». Апхуэдэу Сэрахъэм къызэпкърех усакIуэ Вындыжь Марие и бзэм и дахагъыр, и псалъэм и шэрыуагъыр, и гупсысэхэм я куууагъыр, и псэм и гуапагъыр. А псори Марие и усэ сатырхэм наIуэу къытощ. Дэтхэнэ зы цIыхуми и гурыщIэхэр зэрыхужымыIэ псалъэхэр Марие и бзэм тыншу щызэкIэлъегъакIуэ. Ар усакIуэм бзэ къулей зэриIэм, художественно-изобразительнэ Iэмалхэр хуэкIуэу, Iэзагъ хэлъу къызэригъэсэбэпыфым, философие гупсысэхэри, лирическэ гущыщIэхэри екIуу щызэрызэхиухуэнэфым я щыхьэтщ. Вындыжьым и тхыгъэхэр жьыми щIэми яхуиунэтIащ: псэр ягъэIэсэ, гур ягъэкъабзэ, акъылыр яунэтI.
Поделиться:
Читать также:
19.07.2026 - 11:18 →
ЦIыхубэм яхуэгъэза псалъэ
19.07.2026 - 10:01 →
Ныбжьэгъугъэм и лъэмыж
19.07.2026 - 09:58 →
Усэбзэр лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэщ
18.07.2026 - 13:02 →
КIэлъыплъыныгъэм щIэтщ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
| ||




