Насыпыр пIэщIэмыкI щIыкIэ

Сатыр куэд пхузэпыщэнущ анэм и лъапIагъым, абы пщIэ хуэпщIын, ухуэсакъын, и ныбжьыр хэкIуатэмэ, укIэлъыплъыжын зэрыхуейм теухуауэ. Ауэ а псалъэхэр къодаIуэм и гум щынэсынур уэ езым бгъэунэхуар абыхэм «макъамэу» ящIэлъмэщ. 
 ХьэтIохъущыкъуей къуажэм и Iимам Iэщэ Руслан и хъутIбэм щытепсэлъыхьащ цIыхум адэ-анэм яхуиIэн хуей лъагъуныгъэмрэ абыхэм яхуищIыпхъэ гулъытэмрэ. И макъым хуабжьу зыщIригъэIэтыпхъэ щхьэусыгъуэ зэрыщыIэр наIуэу, Iимамыр яхуошхыдэ къэзылъхуахэм яхуэгущIыIэхэм, ахэр щаIэщIэкIыну махуэм и дыджагъыр я нэгум къыщIигъэхьэу. Гум щIыхьэ хъутIбэм интернетыр зэлъищIысащ, ар зэхэзымыхахэр Iимамым и псалъэ Iущхэм хэдмыгъэкIыжын, жиIахэри тхылъымпIэм едгъэхъумэн папщIэ, къытыдодзэ. 
 - Уи анэр е уи адэр псэужу щытмэ, си къуэш, абы нэхърэ нэхъ фIыгъуэ уэ мы дуней щыбгъуэтынукъым. Щхьэ ар къывгурымыIуэрэ, си къуэш лъапIэхэ? УиIэу илъэпкъар щIэптынт, уи анэр зэ къыпхуэгуфIэн щхьэкIэ, ар пфIэкIуэдмэ. Языныкъуэ ди къуэшхэм я анэм телефоныр къыхуагъаджэу щытмэ, ирырагъэдз. Плъагъурэ, и ныбжьэгъу гуэрым и гъусэщи, зыхуигъэфащэркъым епсэлъэну, субхьанэллахь! Аллахьу Акбар! И щхьэм еуэн хуейщ апхуэдэ къуэшым, субхьанэллахь! И щхьэр пыудын хуейщ апхуэдэ къуэшым! Уи адэм къыпхуищIауэ, къопсэлъэну хуейуэ, уэ ар иребгъэдзыжу! Уи анэм къыпхуищIауэ, зэпыбуду! Аллахьу Акбар! Узыбгъэдэтра нэхъапэр? Узигъусэра нэхъапэр, хьэмэ уи анэ укъэзылъхуара? МазибгъукIэ и ныбэм уилъу укърихьэкIащ уэ абы. МазибгъукIэ гугъу ебгъэхьащ, шхыным игу хуэмыкIуэжрэ къэжьыкхъуу, и жейр фIэкIуэдауэ! Зы мазэ укърахьэкIа адэ-анэм апхуэдэу защIыхуэпщI ныбжьэгъухэм? Зы махуэ, зы сыхьэт, зы дакъикъэ укърахьэкIа?! Субхьанэллахь! Сыт хуэдэ лъагъуныгъэ итIанэ узытепсэлъыхьыр, уи анэм е уи адэм апхуэдэу зыхуэпщIауэ? Уэллахьи, биллахьи! Ахэр иджыпсту псэущ, фи адэ-анэр иджыри фиIэщи аращ фэ ар къыщIывгурымыIуэр. Уэ биллахьи, тэллахьи! Ахэр дунейм ехыжа нэужь, фыхущIегъуэжынум! ФыхущIегъуэжынущ, субхьанэллахь! Машинэ уиIэми, унэ-лъапсэ уиIэми, уи адэм зы дакъикъэ закъуэ убгъэдэсын щхьэкIэ, уи анэм зы IэплIэ закъуэ хуэпщIын щхьэкIэ, сытри щIэптынущ абы щыгъуэм. Зыри къэбгъэнэнутэкъым, зы кIэпIейкIи ухуеижынукъым, абыхэм я зы гуфIэкIэ закъуэ плъагъун, «си къуэ» жаIэу, ахэр зэ закъуэ къыптелъэщIыхьын щхьэкIэ. 
 Фыздэгупсысэр дэнэ, си къуэшхэ? Фхъумэ фи адэхэр, фхъумэ фи анэхэр. Быдэу фубыд ахэр, быдэу фIыгъ. Уэллахьи, къэсынущ ахэр фыщимыIэжыну зэманыр. Я макъыр, нэгъуэщI мыхъуми, зэ закъуэ телефоным къиIукIыным фыщыхуеижыну махуэр къэсынущ. Мы дунейр кIыфI къыптехъуэнущ. Абыхэм пщхьэщахымрэ ахэр къызэрыпхущытымрэ къыщыпщIэнур ахэр ущимыIэжым дежщ. 
 Iимамым и хъутIбэм и усэ шэрыуэмкIэ поджэж Бемырзэ Мухьэдин и усэр: 

*  *  *
Я анэр быным щамыдэж зэман,
Я адэм къуэхэр щыхуилъыж лъэхъэнэ,
Ей зэман гугъу, зэман къуапэтемэн,
Ди япэкӀэ иджыри сыт бгъэхъэнур?
Ӏыхьлыгъэм и ӀэфӀагъым ебэкъуам
КӀухьэн зыгуэрым фӀэщ щӀыгъуейщ хуиӀэну,
Абыхэм я Тхьэр бохъшэ быдэу къуарщ,
Я ахъшэ тхылъырщ ахэм я КъурӀэныр.
Зы щӀыпӀэм цӀыхур щызэщехур лым,
НэгъуэщӀым щыщӀобэгыр щӀакхъуэ бзыгъэм -
ЦӀыху цӀыкӀур гъейм зыгуэрурэ къелынт,
ДэмыкӀуэдыжмэ ар ныбэизыгъэм. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: