ЕджапIэхэм хуэкIуэ гъуэгухэр![]() 2025 гъэм зэрыщIидзэрэ КъБР-м и щIыналъэ гъуэгу фондым и субсидиемкIэ республикэм и курыт еджапIэщIэхэм ухуэзышэ гъуэгухэмрэ къуажэ уэрамхэмрэ зыхуей хуагъэзэ, къызэщIагъэнахуэ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэджэм, Тэрч къалэхэм, Прималкинскэ жылэм дащIыхьа курыт еджапIэхэм екIуалIэ гъуэгухэм фондым къыхэкIа мылъкур трагъэкIуадэ. Прималкинскэм и уэрамищым лэжьыгъэхэр нобэкIэ щызэфIагъэкIакIэщ, Тэрчрэ Шэджэмрэ къалэхэм я гъуэгухэм асфальт тралъхьэ. Гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу ахэр псори зыхуей хуагъэзэнущ.
Нартан къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамымрэ Зэрэгъыж жылэм УнэлIокъуэм и уэрамымрэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмейм Сэбаным и цIэр зезыхьэ и уэрамым уэздыгъэхэр щыпадзэ, Надречнэ, Мэзаным и цIэр зезыхьэ, Школьная уэрамхэм тротуархэр къыщыхагъэщхьэхукI.
Мы гъэм и бадзэуэгъуэм фондым иджыри ахъшэ къыхэкIащ, Бахъсэн къалэм и Парковэ уэрамдэкIыр, Хьэтуей къуажэм Бэраум и цIэр зезыхьэ и уэрамыр зыхуей щыхуагъэзэн, Псыхъурей жылэм километри 6,5-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур къызэщIагъэнэхун папщIэ. Мы лэжьыгъэхэр зыгъэзэщIэнухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэхэр иджыпсту ирагъэкIуэкI.
Псори къапщтэмэ, 2025 гъэм километр 22-рэ зи кIыхьагъ гъуэгухэр зэIузэпэщ ящIынущ, километр I7-м уэздыгъэхэр щыпадзэнущ.
Поделиться:
Читать также:
09.08.2026 - 11:18 →
АдыгэщIым и макъыр зэхыдох
09.08.2026 - 09:58 →
Темыркъаным и пшыхьхэр
08.08.2026 - 13:41 →
Жылагъуэ транспортым къыхохъуэ
08.08.2026 - 12:26 →
ЗэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
08.08.2026 - 11:31 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
| ||





