УсакIуэмрэ тхылъеджэхэмрэ

КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щекIуэкIащ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым жэуап зыхь и секретарь, УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, «Илъэсым и журналист нэхъыфI» (1993 гъэ) саугъэтым и лауреат, сабий усакIуэ, тхакIуэ Хьэту Пётррэ тхылъеджэхэмрэ я зэIущIэ. 
IуэхущIапIэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье зэхыхьэм хэтхэм яхутепсэлъыхьащ тхакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. 
 Хьэту Пётр Мацулэ и къуэр 1950 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым, Налшык дэт щэнхабзэ-узэщIыныгъэ училищэм и режиссёр факультетыр 1974 гъэм къиухащ. Краснодар ЩэнхабзэмкIэ и институтым илъэсищкIэ щеджащ. 
Дон Iус Ростов дэт, Кавказ Ищхъэрэм къэрал Iуэху зехьэнымкIэ и академием пресс-менеджер, правовед IэщIагъэхэр щызригъэгъуэтащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёру, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым режиссёрым и къуэдзэу илъэс зырызкIэ щылэжьащ. 1976 гъэм щыщIэдзауэ 1990 гъэ пщIондэ клубхэм къызэгъэпэщакIуэ, щэнхабзэхэмкIэ унэхэм я унафэщI къалэнхэр щигъэзэщIащ, республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIу. 1990 - 1997 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм прозэмрэ усыгъэмкIэ и къудамэм и редактору щытащ. «Нур» журналым жэуап зыхь и секретаруи, и редакторуи лэжьащ. КъищынэмыщIауэ, республикэм и тхакIуэхэм, усакIуэхэм я тхыгъэхэр къыщыдагъэкIкIэ холэжьыхь. КIыщокъуэ Алим, Нало Заур, Балъкъэр Фоусэт, АфIэунэ Лиуан, IутIыж Борис, МафIэдз Сэрэбий, Уэрэзей Афлик, КIэщт Мухьэз, Къагъырмэс Борис, Елгъэр Кашиф, Ацкъан Руслан, нэгъуэщI куэдми я тхылъхэм я редакторщ. 
Школым щыщIэса зэманым щыщIэдзауэ усэхэр, рассказхэр, очеркхэр етх. И тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ щIэх-щIэхыурэ къытохуэ, радиомрэ телевиденэмкIэ къат. Тхылъ щхьэхуэхэри къыдигъэкIащ. Апхуэдэхэщ «Тхьэгъэлэдж» (1993 гъэ), «Гугъэм и кхъухьхэр» (1995 гъэ), «Жьырытэдж» (1998 гъэ), «ПщIыхь плъыфэхэр» (2000 гъэ), «Бжьыхьэ удж» (2005 гъэ), «ПщIащэпыху» (2010 гъэ), «Псэгъэкъабзэ» (2003 гъэ), «Зауркъан и дыщэ фалъэр» (2016 гъэ). Илъэс зыбжанэкIэ зэхуихьэсыжа «Таурыхъхэмрэ хъыбархэмрэ» тхылъыр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зыхуэныкъуэщ икIи абы ихуа тхыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ. КъищынэмыщIауэ, Пётр и Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр хагъэхьащ антологие зыбжанэм.
Анэдэлъхубзэр, лъэпкъыр, Хэкур сабийхэм фIыуэ егъэлъагъунымкIэ, гъэса хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ сабий, лъэпкъ литературэм Пётр хэлъхьэныгъэфI хуищIащ, ноби хуещI. КъищынэмыщIауэ, Хьэтум и усэ-къебжэкIхэр, усэ-къуажэхьхэр гъэщIэгъуэнщ. Псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр, къуажэхьхэр, гушыIэхэр, ауанхэр, щIагъыбзэхэр, нэгъуэщI-къинэмыщIхэр къыщыгъэсэбэпа усэхэри и мащIэкъым. Абы и къалэмыр хуегъабзэ цIыху гъащIэм хэлъ псэ къабзагъэмрэ дахагъэмрэ къэгъэлъэгъуэным.
ТхакIуэм журналистикэмрэ литературэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «Илъэсым и журналист нэхъыфI» саугъэтыр (1993 гъэ), «Сабий тхылъым и тхьэмахуэ» Iуэхум хыхьэу, «Жьырытэдж» усэ тхылъым папщIэ «Илъэсым и сабий усакIуэ нэхъыфI» саугъэтыр (2002 гъэ). 
ЗэIущIэм хэтахэр Хьэту Пётр и усэхэм къеджащ икIи я упщIэхэмкIэ тхакIуэм зыхуагъэзащ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: