Къарур епсыхь

2025 гъэм Физкультурникым и махуэр къэралым щагъэлъэпIащ шыщхьэуIум и 9-м. Абы хуэгъэпса «Зарядка со стражем порядка» урысейпсо акцэм хиубыдэу, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и Курорт гуэлым деж щекIуэкIащ спорт Iуэху. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м щыIэ МВД-мрэ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм республикэм щиIэ  къудамэмрэ. Iуэхум хэтащ цIыхуи  100-м щIигъу.  
ХьэщIэхэм ящыщт КъБР-м щыIэ МВД-м и УРЛС-м IэщIагъэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и къудамэм пщэрылъ щхьэхуэхэмкIэ и инспектор, полицэм и капитан Токъу Ислъам, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ  къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, республикэм щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ ЦIыпIынэ Заремэ, дунейпсо категорие зиIэ судья, дзюдомрэ единоборствэмкIэ спортым и мастер, КъБР-м щыIэ МВД-м и ГИБДД-м и ДПС-м и инспектор нэхъыжь, полицэм и капитан Бэрэздж Светланэ, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ спортым и мастер, урысейм и чемпион  Щад Уэсмэн, КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэу IэпщэрыбанэмкIэ спортым и мастер, полицэм и капитан Зашаев Щамил, бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер ГъущIо Алим сымэ.  
 Iуэхум щIидзэн ипэкIэ Урысей МВД-м и Жылагъуэ советым  и «Полицейский дядя Стёпа» Урысейпсо зэпеуэм и кIэухым хэтам и сертификатыр гуапэу IэщIалъхьащ Тэрч районым Сабий творчествэмкIэ и центрым и гъэсэн Жэлыхьэж Залымхъанрэ Сэрмакъ къуажэм дэт курыт еджапIэ   №2-м щIэс БатIэ Дисанэрэ.   
АдэкIэ ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ Шыпш Аслъэн. Абы КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ къазэрыдэIэпыкъуам папщIэ икIи ныбжьыщIэхэр къыхуриджащ хьлэл мыхъумыщIэхэм зыщадзеину.     
- Дэ гъащIэ узыншэм дрителъхьэщ, нэхъыжьхэми пщIэ яхуэтщIын хуейщ икIи щIэблэм яхэтлъхьапхъэщ  къыддекIуэкI лъапIэныгъэхэр, - къыхигъэщащ Шыпшым.  
КъыкIэлъыкIуэу Токъу Ислъам ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ  нэхъ жыджэру спорт секцэхэм кIуэну, физкультурэм хэтыну.  
- Спортыр полицэм и лэжьыгъэм къыгуэхыпIэ зимыIэ и Iыхьэщ.  Абы  уи Iэпкълъэпкъыр ипсыхь, нэхъ къарууфIэ уищI къудейкъым, атIэ гушхуэныгъэ къыпхелъхьэ, сэбэп мэхъу гъащIэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэрыбгъэхьэнымкIэ, - къыхигъэщащ Токъум.   
Спортсменхэмрэ полицэм и лэжьакIуэхэмрэ ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ къарууфIэу щытыным теухуа упражненэ тыншхэр,  зэрызахъумэжыну Iэмалхэр.  Егугъуу, зэщIиIэтэу  ягъэзэщIащ спорт акцэм хэтхэм ягъэхьэзырахэр.    
АдэкIэ сабийхэм полицейхэм ящIыгъуу  къажыхьащ.  
ЗэIущIэм и кIэухыу ныбжьыщIэхэм къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащIри, зэщIыгъуу сурэт зытрагъэхащ.   
УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться: