НОБЭ

ШыщхьэуIум и 15, мэрем

♦Археологым и дунейпсо махуэщ

♦1855 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ, джэгуакIуэ Теувэж Дзыгъуэ.

♦1936 гъэм къалъхуащ Шэрджэсым и япэ егъэджакIуэ, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр зыхуагъэфэща Уэхъутэ Хьэсэн.

♦1907 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, полковник КIыщокъуэ Рашид.

♦1940 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щхьэцэ Владимир.

♦1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мэкъуауэ Хьэсэн.

♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Горлов Михаил.

 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым  градус 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Iущым и щыуагъэ ещIэж.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

11.06.2026 - 16:00 НОБЭ
10.06.2026 - 10:42 НОБЭ
09.06.2026 - 07:23 НОБЭ
08.06.2026 - 12:17 НОБЭ
05.06.2026 - 12:20 НОБЭ