ПщIэ хъунумрэ мыхъунумрэ

УФ-м и Президент Путин Владимир «Бзэм епха политикэм и тегъэщIапIэхэр» дэфтэрым Iэ щIидзащ бадзэуэгъуэм и 11-м. Къэралым щызекIуэ лъэпкъыбзэхэм ятеухуауэ щыIэ унафэхэр зыгурыдогъаIуэ.

 - УФ-м и Конституцэм ипкъ иткIэ, къэралым хиубыдэ республикэхэр хуитщ езыхэм я къэралыбзэ ягъэувыжыну, ар къэралыбзэ нэхъыщхьэу щыт урысыбзэм и гъусэу къагъэщхьэпэну.

 - УФ-м щызекIуэ бзэ псоми къэралым гъуэгу ярет.

 - УФ-м и цIыху псори хуитщ я анэдэлъхубзэр къагъэсэбэпыну. Анэдэлъхубзэу къалъытэ УФ-м щызекIуэ бзэхэм ящыщу зы е тIу, къэралыбзэу щыт урысыбзэри яхэту. КъинэмыщIауэ, анэдэлъхубзэу къалъытэ цIыхум, щыпсэу щIыпIэм елъытауэ, зэрыцIыкIурэ ищIэр, езым зызыхибжэж лъэпкъым и бзэр.

 - Конституцэм ипкъ иткIэ, УФ-м къалэн зыщещIыж къэралыбзэу щыт урысыбзэми, УФ-м ис лъэпкъ щхьэхуэхэм я къэралыбзэхэми, адрей лъэпкъхэм я бзэхэми заужьыну Iэмал езыт экономикэ къызэригъэпэщыну. Къэралым щхьэж и анэдэлъхубзэр къигъэсэбэпыну хуит ещI. Дэтхэнэ цIыхуми щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтыну, зэреджэну, и зэчийм зэрызригъэужьыну, гъэсэныгъэ зэрызыхилъхьэну бзэр къыхихыжыну хуитщ. КъинэмыщIауэ, къэралыр лъэпкъ псоми ядоIэпыкъу ар къыхэзыгъэщ бзэри щэнхабзэри яхъумэнымкIэ, ардыдэмкIэ лъэпкъ цIыкIухэми защIегъакъуэ.

 Къэралым къалэн зыщещIыж «Урысейм хиубыдэ лъэпкъхэм, псом хуэмыдэу лъэпкъ цIыкIухэм, я бзэхэр хъумэныр, абыхэм зегъэужьынымрэ зыщIагъэкъуэнымрэ, я зэщхьэщыкIыныгъэр къызэтегъэнэныр, ар лъэпкъ щхьэхуэм и хъугъуэфIыгъуэу, Урысейр щIэгушхуэ тхыдэ-щэнхабзэ лъапIэныгъэу къызэрилъытэм къыхэкIыу.

 - ЦIыху псори зэхуэдэщ зэрыпсалъэ бзэм, къызыхэкIа расэм, щыпсэу щIыпIэм, бгъэдэлъ мылъкум, иIыгъ къулыкъум, зыхэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, зэрихьэ диным емылъытауэ.

Дэфтэрым гулъытэ ирет урысыбзэр хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэ куэдым щахъумэным. Бзэ псоми зыужьыныгъэ етын мурадым епхауэ, къэралым и пщэ делъхьэж абыхэм экономикэ и лъэныкъуэкIи защIигъэкъуэныр, бзэ щхьэхуэхэмкIэ дунейм къытехьа тхыгъэхэр цIыхубэм яIэригъэхьэныр, ахэр хэIущIыIу щIыныр. Къэралым и нэIэ тригъэтынущ дэтхэнэ лъэпкъыбзэри интернетым къыщагъэщхьэпэфын хуэдэу, компьютерхэм абыхэм я алыфбейхэр зэрытрагъэувэм, программэхэр лъэпкъыбзэхэм яхуэгъэлажьэу ящIыным, дэтхэнэ зы бзэми и Iуэху зыIутыр наIуэ къэщIыным, тхыбзэ къэс и грамматикэр зыхуей хуэгъэзэным, къинэмыщIхэм. Гу зылъытапхъэ Iыхьэщ бзэм и Iуэху зезыхуэ IуэхущIапIэхэм, псом хуэмыдэу печатымрэ электроннэ IэмалкIэ лажьэхэмрэ хуитыныгъэ нэхъыбэ зэрыратым: «Печатымрэ электроннэ IэмалкIэ цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ программэхэр къызэзыгъэпэщ, зыгъэбагъуэ, зезыгъэубгъу IуэхущIапIэхэм «Интернет» зэпыщIапIэм щадэIэпыкъупхъэщ егъэджэныгъэм, зыужьыныгъэ мыхьэнэ зиIэ сайтхэр УФ-м щызекIуэ бзэхэмкIэ ягъэкIуэтэнымкIэ, апхуэдэ дыдэу зегъэубгъупхъэщ УФ-м щызекIуэ бзэхэмкIэ лажьэ радио, телепрограммэхэм».

 Дауи, а псори жыжьэрэ гъунэгъуу лъэщIыхьэркъым урысыбзэм къылъыс гулъытэм. Псалъэм папщIэ, лъэпкъыбзэкIэ ятхар урысыбзэкIэ зэрадзэкIын зэрыхуейм гулъытэшхуэ хуещI дэфтэрым, ауэ нэгъуэщIыбзэм кърахыу лъэпкъыбзэкIэ зэрадзэкIынухэм я гугъу ящIыркъым. КъинэмыщIауэ, цIыхушхуэ игъэпIейтеящ урысыбзэр «анэдэлъхубзэ» лIэужьыгъуэм зэрыхагъэхьар, зи гугъу ящIхэр мыурысу щытми. Ар къыхагъэщу къэпсэлъахэм жэуап яритыжащ УФ-м и Президентым и чэнджэщэгъу Ямпольская Еленэ: «Псоми ялъагъу УФ-м и Президентым гуэту лажьэ Урысыбзэмрэ УФ-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ епха политикэм зегъэубгъунымкIэ советым ди къэралым щызекIуэ лъэпкъыбзэхэм я зыужьыныгъэм урысыбзэм ейм иратым хуэдизыбзэ гулъытэ зэрыратыр… Дэ дыщыпсэур Урысейрщ, дэ тщыщ куэдым анэдэлъхубзэ щхьэхуэхэр диIэжщ, абы нэмыщI псори дызэзыпх, ди зэхуэдэ Хэкум къыпхугуэмыхын урысыбзэри диIэщ. «Бгырысым срикъуэрэ пэт, гурэ псэкIэ а бзэ щэджащэр си анэдэлъхубзэу къызолъытэ», - жиIауэ щытащ Гамзатов Расул абы теухуауэ. Ауэ бзэхэр зыр адрейм щIыпэщIэбгъэувэн е урысыбзэм мыхьэнэ щхьэхуэ зэриIэр умылъагъу нэпцI зыщIэпщIын щыIэкъым».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: