Вэрокъуэ СэIимэт Хьэмид и пхъур 1965 гъэм мазаем и 20-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Къармэхьэблэ (Каменномост) къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт етIуанэ курыт еджапIэр къиуха нэужь, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологическэ факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ. 1989 гъэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым иролажьэ фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэщIагъэм, сабийхэм я гъэсакIуэщ, ущиякIуэщ. ЕгъэджакIуэ лэжьыгъэм къинэмыщIа, ар усэнми дехьэх.
Пщащэм и гурыщlэ куухэр къыхощ и усыгъэхэм. Абы щыгъуазэ дещl ди лъэпкъ дахэм къикlуа гъуэгуанэ гугъум, зыщалъхуа хэкум, анэдэлъхубзэм яхуиIэ лъагъуныгъэ мыухыжым. СэIимэт и усэхэмкIэ гу лъыдигъэтэну хэтщ ди щIэблэм анэдэлъхубзэр IэщIыб зэращIым. Ар хуейщ дэ тщыщ дэтхэнэ зыри лъэпкъым и пщэдейм иригъэгупсысыну, зи бзэр зыщыгъупщэж лъэпкъым къэкIуэну зэримыIэр къагуригъэIуэну.
Вэрокъуэм и усэхэм увыпIэшхуэ щаубыд адэ-анэм яхуиIэ лъагъуныгъэ IэфIым, сабиигъуэ зэман телъыджэм, щIалэгъуэ гурыщIэ къабзэм.
Зыхилъхьэ щыIэкъым зыщалъхуа щIыналъэр, ирогушхуэ фIыуэ илъагъу и Хэкум, абы хуиIэ лъагъуныгъэр инщ икIи гуащIэщ. Абы и щыхьэтщ прозэу тха и мы усэр, адрей и IэдакъэщIэкIхэри.
ХЭКУР – АР СИ ГЪАЩIЭРЩ
Прозэу тха усэ
Хэку… Сыту куэд къызэщIиубыдэрэ а псалъэм. Ар си гущIэм щызгъафIэ, хуабагъэрэ IэфIыгъэкIэ гъэнщIа си сабиигъуэрщ. Сыкъыщалъхуа, си адэ-анэр зыдэса пщIантIэжьырщ, си анэкъилъхухэрщ, си Iыхьлы-благъэхэрщ. Абыхэм япэсщIын мы дунейм зыри теткъым.
Хэкур – ар сэ сызыщалъхуа си щIыналъэ дахэрщ – Дзэлыкъуэ куейрщ, сыкъызыдэкIа Къармэхьэблэ жылэжьырщ, Балъкъ уэрым и нэпкъ лъагэ «си сабиигъуэм и бжьэпэрщ».
Хэкущ сыкъэзыухъуреихь псори: си псэм щызгъафIэ ди губгъуэ щхъуантIэхэр, тафэ хуитышхуэхэр, ди Iуащхьэ лъагэхэр, плъыр емызэшыжу ди щIыналъэм къыщхьэщыт Кавказ къурш сыдж тхъуахэр, абы я лъащIэм нэри пэри зыхьу къыщыщIэж псыежэх уэрхэр, ди мэзыжьхэр, къундэпсоуфэу ди гуэл щхъуантIэ дахэхэр, абыхэм уахуэзышэ лъэс лъагъуэ цIыкIухэр.
ЛъапIэщ си дежкIэ Хэкум и дэтхэнэ зы щIы кIапэри, абы и зы дурэшри, и пщэдджыжь пшэплъ дыхьэрэнри, мафIэсым хуэдэу дыгъэ къухьэгъуэм уафэ лъащIэм кIэридзэ пщыхьэщхьэ дыгъэ нэбзийхэри. ЗыщызгъэнщIыркъым уэшх нэужьым сызэрыбауэ хьэуа къабзэм, уэгу къащхъуэ лъагэм, зэнзэныпсу сызэфэ къурш псынэпс щIыIэм.
Дауэ сыпсэунт, ахэр симыIатэмэ?! Псэм фIэIэф1, сыкъэзыухъуреихь теплъэгъуэхэр си гъащIэм хэмытамэ? Дауи, си гъащIэр куэдкIэ нэхъ фаджэ хъунут.
«Насыпыр Iыхьэмыгуэшщ» жаIэ. Сэ Тхьэшхуэр насып мыухыжкIэ къысхуэупсащ – си Хэку сисыжщ, дуней дахагъэр зыбгъэдэлъ жэнэт щIыналъэ - Къэбэрдейм сыщопсэу.
Зи лъахэм пэIэщIэ цIыхур насыпыншэщ. Апхуэдэ цIыхум гъащIэр щызу зыхищIэркъым, абы и плъыфэ псори нэхъ фагъуэ щохъу, и псэм тыншыпIэ игъуэтыркъым. Ар сыт щыгъуи хэкум хуэпабгъэу мэпсэу.
Къэхъугъэу щыIэм я нэхъ дахэщ си Лъахэр. Дэнэ щIыпIэ сыщымыIэми, си гъащIэм сыт къыщымыхъуми, сэ адэжь щIыналъэр си гум илъщ, абы сыхуопабгъэ, сыхуозэш. Ар си псэм и Iыхьэщ, си гукъуэпсщ. Абы, дыгъэ нэбзийуэ, сегъэхуабэ. Ар малъхъэдисым хуэдэщ, сиутIыпщыркъым. Хэкум сэ къаруи гушхуэныгъи къысхелъхьэ, дами къыстрегъакIэ.
Тхьэм и фIыщIэкIэ, нобэ си Хэкум мамырыгъэр щытепщэщ. Iэщэ сIыгъыу ар схъумэжын хуей мыхъуами, сэ ар псэм хуэдэу фIыуэ солъагъу. «Хэкум емыкIур къылъысмэ, псэр сымылъытэу» абы сыкъызэрыщыжынуми шэч лъэпкъ къытесхьэркъым. Сыхьэзырщ, си Хэкум си псэр щхьэузыхь хуэсщIыну.
Адыгэ пшынэм и макъыр щоIу, адыгэ фащэр щIехурыхукI, адыгэбзэр щобзэрабзэ си Хэку дахащэм. Сэ сыхуейщ, ар нэхъри нэхъ дахэж хъуну, ефIэкIуэну.
Си Хэку дыщэ, си гъащIэм и къежьапIэ! Сэ уэ пхузиIэ лъагъуныгъэр гъунапкъэншэщ…
Сэ сыхуейщ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм яхэлъа хабзэ дахэр, нэмыс лъагэр, пщIэр, мыухыж лIыгъэр, анэдэлъхубзэр щIэблэм адэкIи яхъумэжыну. Аращ ди нэхъыжьхэм сыт щыгъуи хъуэпсапIэу яIари. А хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъун щхьэкIэ, сэри сыхьэзырщ си Хэкум схузэфIэкI псори хуэзлэжьыну, си къару семыблэжу.
Хэку – ар сэ сызэрыбауэ хьэуащ, си псэм и хъуахуэщ, си Iэпкълъэпкъым и псантхуэщ, IэфIыгъэрэ нэхугъэрэ си гъащIэм къыхэзылъхьэ къарущ.
Хэкур – ар си гъащIэрщ!