Къуалэбзур и дамыгъэу

Мейкъуапэ (Адыгей Республикэм) къалэ инкъым, ауэ Кавказ бгы лъагэхэр къыщхьэщыту и дахагъэм зыгъэпсэхуакIуэхэр къыдехьэх. Щыкуэдщ абы пасэрей архитектури, зыми емыщхь музей, жыг хадэ зыгъэпсэхупIэ, тхыдэ фэеплъ жыпIэми, нэгъуэщI куэди. И щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр-щэ?! Мейкъуапэ пэмыжыжьэу бгыхэр, псыкъелъэхэр, псыр щежэх къуэ телъыджэхэр иIэщ.

Адыгейм я хъугъуэфIыгъуэхэм иджыблагъэ къазэрыхэхъуарщ мы тхыгъэр къыщIедгъэжьар. ШыщхьэуIум и япэ махуэхэм Мейкъуапэ скульптурэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ. Къалэ парк ехыпIэм деж иджы щытщ домбеякъым къыхэгъэжыкIа «адыгэлIыр». МетритIым щIигъу зи лъагагъ лэжьыгъэр и IэдакъэщIэкIщ Урысейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгейм щIыхь зиIэ и художник  Бырсыр Абдулыхь.

Тхыгъэм щIыдгъуа сурэтым зэрыщыфлъагъущи, адыгэ цейр зыщыгъ цIыхухъум къуалэбзур егъэлъатэ. IэдакъэщIэкIыр зейм зэрыжиIэмкIэ, ар и нэщэнэщ адыгэхэр дунейм, щIыуэпсым сыт щыгъуи зэрапэгъунэгъум, щхьэхуитыныгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ зэригъэлъапIэм. Лэжьыгъэр тетщ Карелием къраша мывэкъырым.

Абы иращIэкIа Iуэхум хэтащ Адыгейм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Адыгейм и Министрхэм я кабинетым и унафэщI КIэрашэ Анзаур, къалэ Iэтащхьэ Митрофанов Геннадий, езы скульпторыр, къалэдэсхэр, хьэщIэхэр.

КъумпIыл Мурат къыхигъэщащ фэеплъым купщIэшхуэ зэриIэр икIи скульпторым фIыщIэ хуищIащ лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным гудзакъэ хуиIэу зэрегугъум, хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIым папщIэ.

«Мы фэеплъым къытощ ди лъэпкъ хабзэрэ Iущыгъэрэ. Мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр сэбэп мэхъу адыгэм и фIыгъуэхэр къэкIуэну щIэблэм ящымыгъупщэу, ахэр я Iэпэгъуу къэхъуным. Шэч зыхэмылъыжращи, цIыхухэр ди хабзэхэр хъумэным и мыхьэнэм ирегъэгупсыс», - къыхегъэщ щIыналъэм и Iэтащхьэм.

Фэеплъыр ухуэныр ядиIыгъыу, ахъшэ хэзылъхьа, абыи къыщымынэу, щIыпIэ къедзар зэIузэпэщ зыщIа Бырсыр Анзори цIыхухэр хуэарэзыщ. Абы и жэрдэмкIэ, паркым дэкIуеипIэщIэ щаухуащ, зыгъэпсэхупIэм  жыг 70-рэ къуацэ-чыцэу мини 2-м нэблагъэрэ щагъэтIысащ, метр зэбгъузэнатIэ мин 12-м нэблагъэ къэзыубыд удзыпцIэм псыр щIэлъадэу зэтраухуащ. «Мы щIыпIэр цIыхухэм ягу дыхьэну, я гупсысэхэмрэ хъыбархэмкIэ абдеж щызэхъуажэу, ди щэнхабзэр хъумэн зэрыхуеймкIэ зэдэгуашэу хъуну дыщогугъ. АдэкIи дыхущIэвгъэкъу ди лъахэр нэхъ дахэ, нэхъыфI зэрытщIыным», - захуегъазэ цIыхухэм КъумпIылым.

 КъыжыIапхъэщ Бырсыр Абдулыхь Адыгей Республикэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэу къалъыта нэгъуэщI лэжьыгъэхэри и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар. Абыхэм ящыщщ мэжджытышхуэр, «Фэеплърэ зэгурыIуэныгъэрэ» монументыр, «Кавказ жылэ» лъэпкъ IуэхущIапIэр, нэгъуэщIхэри.

Абы и иужьрей IэдакъэщIэкIыр сурэткIэ фIэкIа тлъагъуну Iэмал димыIами, шэч къытетхьэркъым абы къалэр зэригъэдэхэнум, цIыху зэхуэсыпIэ зэрыхъунум.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: