ТехникэщIэр нэхъыбэу къыхашэ
2025 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм мэкъумэш техникэщIэу нэхъыбэ къыщагъэсэбэп хъуащ. ЖыпIэнурамэ, тракторыщIэу 96-рэ, гуэдз зэрыIуахыж комбайну 7, нэгъуэщI губгъуэ лэжьыгъэхэм хуэгъэпса техникэу 34-рэ къащэхуащ мы илъэсыр къызэрихьэрэ. Псори зэхэту IэнатIэм къыхаша автотранспорт хэхауэ 137-м щыщу 46-р лизингкIэ къащэхуащ. IэнатIэр зи нэIэ щIэтхэм зэрыжаIэмкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм и фIыгъэкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм Iэмал яIэ хъуащ губгъуэ лэжьыгъэхэр ныкъусаныгъэншэу ирагъэкIуэкIынымкIэ, гъавэри кIэрыху щымыIэу кърахьэлIэжынымкIэ. Мыгъэрей гъавэ Iухыжыгъуэм пыщIа лэжьыгъэхэр нэгъабэрейм къыкIэрыхуакъым и пIалъэкIи, зэщIэгъэуIуауэ егъэкIуэкIынымкIи, къыхагъэщащ абыхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Санкт-Петербург къалэм щекIуэкIа дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм щыIэу 2025 гъэм и мэкъуауэгъуэм IущIауэ щытащ «Росагролизинг»-м и унафэщI Косов Павел икIи КъБР-м и Правительствэмрэ а IуэхущIапIэмрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ щытащ. Абы и сэбэпи къокI IэнатIэм. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
17.07.2026 - 17:03 →
ФIэщщIыгъуей хъыбархэр
17.07.2026 - 16:10 →
Революционер шыщхьэмыгъазэт
17.07.2026 - 16:01 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
17.07.2026 - 15:01 →
Быным епцIыжахэр
17.07.2026 - 14:30 →
Лъэпкъ гурыгъузхэр зыхещIэ
| ||




