Ислъэмей ирегъэблагъэБахъсэн районым хыхьэ Ислъэмей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ шашкэхэмкIэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ зэIуха. Ар теухуауэ щытащ Физкультурникым и махуэм. Зэхьэзэхуэм хэтащ шашкэ джэгуным дихьэх куэд, я ныбжькIэ илъэси 7-м къыщыщIэдзауэ 80-м нэсыху. Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ районым спортымрэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэмрэ спортым и ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ икIи хуэунэтIауэ щытащ шашкэ джэгуным цIыху нэхъыбэ дегъэхьэхыным, хьэл мыхъумыщIэхэм зыщадзейуэ псэуным. Зэхьэзэхуэм хэтахэм къагъэлъэгъуащ зэфIэкIыфIхэр зэраIэр икIи текIуэныгъэм ерыщу псори щIэбэнащ. Зэпеуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, япэ увыпIэр къихьащ МафIэдз Сэхьид (Шэджэм къалэ), етIуанэр - Вэрокъуэ Iиляс (Шэджэм къалэ), ещанэр - Шыгъушэ Хьэбил (Зеикъуэ къуажэ). Абыхэм псоми медалхэмрэ кубокхэмрэ иратащ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
| ||



