Ди гум щыщ занэ къыщыдгъэнауэ докIуэж

ЦIыхум лъэщыгъэкIэ Хэкур фIэбгъэкIуэдми, гум Хэкур залымыгъэкIэ IэщIэпхыфынукъым, жаIэу зэхэпхынущ. Урыс усакIуэшхуэ Евтушенкэ Евгений и зы усэ гуэрым щыжиIа мы псалъэхэм зэхъуэкIыныгъэ мащIэ ягъуэтауэ цIыхухэм кърахьэкIми, и купщIэр къэнащ – адэжь лъахэращ цIыхум и псэм зыщиузэщIыр, и дуней лъагъукIэм зыщиужьыр, и лъэпкъ щIэжыр щызэфIэувэр. Хэку гупсысэ зиIэу къэтэджа цIыхур куэдкIэ нэхъ гумащIэщ, абы дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэр зыщыщ лъэпкъым къызэрылъэIэсыр нэхъ гуащIэу зыхещIэ, и лъэпкъэгъухэм гууз-лыуз мыкIуэщIыж яхуиIэщ. Зэрыадыгэм ин щIэхъукIыу пIэрэ жыпIэнут иджыблагъэ Тыркум, Щамым, Иорданием, Абхъазым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием щыпсэу ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм я щIыхькIэ зэхаша гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэм уащыхэплъэкIэ.

Илъэс 12 хъуауэ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм хамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ядэлэжьэнымкIэ жэрдэм щIагъуэхэр къыхелъхьэ, абыхэм я зэфIэхыным яхуэгъэзауэ лэжьыгъэ щхьэпэ куэди зэфIегъэкI. Апхуэдэ зы Iуэхугъуэщ къэрал къулыкъущIапIэм ди лъэпкъэгъу щIалэгъуалэм папщIэ къызэригъэпэщ, щэнхабзэ-зыузэщIыныгъэ мыхьэнэ зиIэ зэхуэсыр. Ди къэралми хамэ щIыналъэхэми щыпсэу адыгэхэм я щIэблэр зэхуэзышэс а Iуэху дахэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ди лъэпкъэгъухэр, зыщыпсэу щIыпIэм емылъытауэ, зэрыщIэу, зэлъэIэсу, зы жылэу зэрыщытыр ящIэу къэгъэтэджыныр, адыгэбзэмрэ Адыгэ Хабзэмрэ щыгъуазэу гъащIэм хэгъэувэныр. А гуращэр зрагъэхъулIэн папщIэ, гукъэкI зыщIахэм махуэ бжыгъэм къриубыдэу пэхуэщIэ зыбжанэ къыхалъхьэ: Хэку зекIуэхэр къызэрагъэпэщ, цIыху IэпщIэлъапщIэхэмрэ лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ щIэныгъэ зиIэхэмрэ IуагъащIэ, адыгэбзэм щагъэгъуазэ. Зи чэзу зэхуэсыр икIэм щынэблагъэм, гъуэгу теувэжыну щIалэгъуалэм папщIэ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ зэщIыгъуу хьэщIэгъэкIуатэ пшыхь дахэ хузэхашащ.

Зы къэралым бзэкIи, хабзэкIи, дуней тетыкIэкIи зэмыщхьу гъащIэм лъэпкъыбэ щызэришэлIауэ щопсэу. Дэтхэнэми я адэжьхэм къащIэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр зэрихъумэн, къыщIэувэ щIэблэр абы зэрыщIипIыкIын иужь итщ. Пэжщ, цIыкIу хъууэ хуежьа дунейр лъэпкъхэм я щэнхабзэм къогуауэ, нэхъ лъэпкъышхуэхэм я бзэхэр лъэпкъ мащIэхэм я бзэм тогуплIэ, щыIэныгъэр зэфэзэщ зыщI гъуэгум тетщ. Апхуэдэу щыт пэтми, жылэ мащIэхэм зэрызахъумэжын Iэмалхэр зэрагъэуIу, а гупсысэр ныбжьыщIэхэм зэрыхапщэным хущIокъу. Зи гугъу тщIы зэхуэсыр ди лъахэм и дахэр дунейм и щIыпIэ Iэджэм лъэзыгъэIэс, а лъахэм и щIыдэлъху лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зезыгъэужь, къэралым и пщIэр IэщIыбымкIэ ину щызыIэт Iуэхугъуэщ. Пшыхь дахэм кърихьэлIащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ДАХ-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, жылагъуэ лэжьыгъэм пыщIахэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

ЗэIущIэр псалъэ гуапэкIэ къызэIузыха Гергоков Джамбулат зэрыжиIамкIэ, адэжь лъахэм къихьэ дэтхэнэ ди зы лъэпкъэгъу ныбжьыщIэми и гур абы зэIуха хуэхъун папщIэ, ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ ират.

– Ди зэхуэсыр и кIэм нэблэгъами, абыкIэ тщIэну дызыхуея псори хэIущIыIу щыхъунур дяпэкIэщ. Дэ дыхущIэкъуащ фи адэжьхэр зэрыкIа лъахэм гурыщIэ дахэ хуэфщIыну, илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щIигъуауэ фи лъэпкъэгъухэр, абыхэм я щIэблэхэр зыпэIэщIэ Хэкур фIы и лъэныкъуэкIэ фэдгъэлъагъуну. Дыхуейт къывгурыIуэну мы щIыналъэм къина фи къуэшхэм я дуней тетыкIэр зыхуэдэр, ахэр зэгупсысыр, абы я щыIэныгъэр зэщхьыр. Ди гуращэ нэхъыщхьэхэм ящыщт адыгэ хэкурысхэр лъэпкъыбэм яхэсу псэуми, я бзэрэ я хабзэрэ зэрахъумэжыр, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэрызэдэпсэур. Сыщогугъ Хэкум IэфIагъ хувиIэ хъуауэ, абы и дахэIуатэу фи унэ вгъэзэжыну. Зэхуэсым кърихьэлIа ныбжьыщIэхэм куэд къыфкIэлъыплъащ, жысIэмэ езгъэлеину къыщIэкIынкъым – лъэпкъ Iуэхум зи гур хуитхьэщIыкIахэр щогугъ фи псэм щыщ занэ мыбдеж къивнэну, абы зэгуэри фыкъыкIэлъыкIуэжыну, – жиIащ Гергоков Джамбулэт.

Сэхъурокъуэ Хьэутий Iуэхугъуэ дахэр къызэгъэпэща хъуным зи щхьэпэ екIа КъБР-м и Iэтащхьэм, КъБР-м и Правительствэм, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм фIыщIэ яхуищIащ япэщIыкIэ, ди лъэпкъэгъухэм я щIалэгъуалэр адэжь лъахэм къихьэнымкIэ Iэмалхэр къызэрыхалъхьэм гуапэу тепсэлъыхьащ.

– Дэнэ дыщымыIэми, дызэхуэдэ адыгэщ. ДАХ-р зыхущыIэри щIэлажьэри хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ я зэхуакум дэлъ зэпыщIэныгъэфIхэр гъэбыдэнырщ икIи егъэфIэкIуэнырщ. Мы щIалэгъуалэ зэхуэсыр а гуращэ дахэм хуэгъэза зы гукъэкIщи, ар зэи зэрызэпымыур, кIуэ пэтми зэрызиубгъур гуапэ дыдэ къысщохъу. Флъэгъуар мащIэщ, ауэ а мащIэри хэку лъагъуныгъэкIэ псыхьащи, зэхэфщIыкIыну икIи къывгурыIуэну дыщогугъ. Фэ зэвгъэлъэгъуащ адэжь лъахэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, зэвгъэцIыхуащ и щIыуэпсыр, фахуэзащ цIыху зыбжанэм – ди щыIэныгъэм дахэу хэлъыр фи нэгу щIэкIащ, жаIэу зэхэфхахэр фи нитIкIэ зэвгъэлъэгъуащ. Ар Iуэхушхуэщ. Хэкум къинахэм ди лъэпкъ щIэжыр къэзыIэт щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэращ фызытеIэбари, зыщывмыгъэгъупщэ, ар фи ужькIэ къэкIуэнухэми ялъэвгъэIэсыж. Гъуэгу техьэжынухэр гъуэгу махуэ фытеувэжыну си гуапэщ, сыт щыгъуи дынызэрыфпэплъэри фщIэну дыхуейщ, – жиIащ ДАХ-м и тхьэмадэм.

АдэкIэ псалъэр иратащ Тыркум къикIа щIалэгъуалэ гупым я пашэ Дзэшокъуэ Ахьмэд.

– Зы лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, гуми псэми зыщагъэпсэху тхьэмахуэ дахэ дгъэкIуащи, ди адэжьхэр тщIыгъуам, езыхэр щалъхуа лъахэм махуэ бжыгъэ нэмыIэми дыщыIэну игъуэ дызэрихуар зыхыдагъащIэм хуэдэщ. Абы дыщогуфIыкI, дызэщIеIэтэ. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, дыщыкIуэжын хуей пIалъэр къэсащи, тIэкIуи донэщхъей. Къэтша гупыр зэрыщыту адыгэщ – хэти къэбэрдейщ, хэти абазэхэщ, хэти шапсыгъщ. Адэ-анэхэм дзыхь къытхуащIу къыщыдатым, къыджаIари арат – мыхэр здэфшэр хамэщIкъым, хэкужьщи, я гур абы къыхуэушауэ къытхуэфшэж… ИкIи хьэкъыу си фIэщ мэхъу: тшэж сабийхэр нэгъуэщI хъуащ, я гур мыбдеж къыщагъэнащ, «Адэжь Хэку» щIыжаIэр къагурыIуащ. Дэ ди пщэрылъ нэхъыщхьэри аращ – къытщIэувэ щIэблэм Хэкум худиIэ пыщIэныгъэхэр яфIэмыкIуэдынырщ. А хъуэпсапIэхэр къыдэзыгъэхъулIахэм псоми фIыщIэ яхузощI, фи гугъуехьыр псапэу вгъуэтыжыну Тхьэм солъэIу, – жиIащ зи гур къызэфIэна Дзэшокъуэ Ахьмэд.

ЗэIущIэм кърихьэлIащ адыгэ щэнхабзэр хъумэнымкIэ икIи зегъэужьынымкIэ «Лашын» цIыхубз жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къущхьэ Аксанэ, гъуэгу техьэжыну ныбжьыщIэхэм я зырызыхэу тхылъ тыгъэхэр къахуихьри.

– Илъэс зыбжанэ хъуауэ дэ долэжь «Си анэм и шхыныгъуэхэр» тхылъым. «Адыгэ пщэфIапIэм и хъугъуэфIыгъуэхэр» зыфIэтща тхылъ зэужьыр тхылъибл хъуну дыщогугъри, мыр абыхэм ящыщу япэ къыдэкIыгъуэращ. Тхылъыр 2023 гъэм дунейм къытехьащ, шхыныгъуэ 14-м я пщэфIыкIэри итщ, ахэр зэрыбгъэхьэзырыну щIыкIэр нэрылъагъу зыщI сурэтхэри щIыгъущ. Сыхуейт мы тхылъыр тыгъэ фхуэсщIыну, нобэрей махуэр фигу дахэкIэ къривгъэкIыжу зефхьэну, фи пщэфIапIэм адыгэмэ къыщIезыгъэх мы шхыныгъуэхэр фи гъащIэм хэвгъэувэжыну. Тхылъыр инджылызыбзэкIи тыркубзэкIи зэддзэкIащи, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыIэ Нью-Джерси къалэмрэ Тыркумрэ едгъэшэнущ. Ар къыфщхьэпэну согугъэ. Фи къакIуэр махуэ псоми тхуэхъуну си гуапэщ, дяпэкIэ гъуэгу фытеувэжынущи, сыхьэт махуэ фытехьэну сыфхуолъаIуэ, – жиIащ Къущхьэ Аксанэ.

Пшыхьым къыщыпсэлъащ щIалэгъуалэ гуп къэс я нэхъыжьхэр, къезыгъэблэгъахэм фIыщIэ хуащIу, ялъэгъуамрэ зэхахамрэ гуимыхуж зэращыхъуар жаIэу. Апхуэдэу ЩIалэгъуалэ зэхуэсым хэтахэм псоми КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм и фIыщIэгуапэ тхылъхэр иратащ.

ХьэщIэдэкIуатэ пшыхьыр лъэпкъ уэрэдхэмрэ къафэхэмкIэ ягъэщIэрэщIащ. Апхуэдэу утыкур ягъэдэхащ КъБР-м и Къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Хьэкъул Оксанэ, КъБР-м и Макъамэ театрым и уэрэджыIакIуэ Дэгу Каринэ, КъБР-мрэ АР-мрэ щIыхь зиIэ я уэрэджыIакIуэ ДыщэкI Артур сымэ, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым.

Тхыгъэри сурэтхэри

ШУРДЫМ Динэ ейщ.

Поделиться: