ЩIалэгъуалэ зэхуэсышхуэм

«Мэшыкъуэ» щIалэгъуалэ урысейпсо XVI зэхуэ­сыш­хуэм    и лэжьыгъэр шыщхьэуIум и 9-м щыщIэдзауэ 23 пщIондэ Пятигорск и Комсомол губ­гъуэм щокIуэкI. Ар траухуащ Хэкур ­хъумэным и гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэ­рырикъумрэ. Зэ­хы­хьэр къызэ­ригъэпэщащ «Рос­молодежь. Форумы» IуэхущIапIэм, «ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ Iуэхум хыхьэу. 

Иджырей зэхыхьэм зэхуишэсащ Урысейм, абы и гъунэгъу хэкухэм щыщ, илъэс 14-м щыщIэ­дзауэ 35-рэ ныбжьым ит щIалэгъуалэ 2250-рэ. Абыхэм яхэтщ егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, «Пэрытхэр» зэгухьэныгъэм щыщ­хэр, УФ-м и Президентым Сабийм и хуитыныгъэхэр хъу­мэнымкIэ и уполномоченнэм и деж щыIэ федеральнэ сабий жылагъуэ советым и лIыкIуэхэр. Лагерыр сменитIу - «Призвание», «Миссия» - зэблэкIынущ. Зэхуэ­сыр трагъэщIэнущ тхыдэ фэеплъхэм, ныбжьыщIэхэр Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм зэрахьа лIыгъэр зи лъабжьэ лъапIэныгъэхэм, блэкIам хэгъэгъуэзэным.
Урысейм и щIыналъэхэм икIауэ зэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьынущ щIэблэр хэкупсэу гъэсэн зэры­хуейм, тхыдэм и пэжыр хъу­мэным щIалэгъуалэм хуащI хэлъхьэныгъэхэм, егъэджакIуэ­хэмрэ гъэсакIуэхэмрэ цIыхум, жылагъуэм, къэралым я зыу­жьыныгъэм щаIыгъ увыпIэм. Зэхыхьэм гулъытэ щыхуащIынущ зэхуэсахэр егъэджакIуэ IэщIагъэм дегъэхьэхыным, абы и пщIэр къэIэтыным, къэралым и хабзэхэм, щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я лъапIэныгъэхэм.
Зэхыхьэм и программэм щыщщ лекцэхэр, лекторийхэр, дерс зэIухахэр, нэгъуэщI егъэ­джэныгъэ Iуэхухэр, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я зэIущIэхэр. «Мэшы­къуэ» лагерым япэу щIалэгъуалэ клубхэр къыщызэрагъэпэщащ. ХьэщIэ лъапIэхэм я гъусэу абыхэм методикэ лэжьыгъэхэр ягъэхьэзырынущ. Урысейм и егъэджакIуэ цIэрыIуэхэм я цIэхэр фIащащ а клубхэм. Апхуэдэщ «Макаренкэ», «Ушинский», «Шаталов», «Сухомлинский». ЩIалэгъуалэм Iэмал яIэщ я лэжьыгъэхэр Урысейм и щIалэгъуалэм я грантхэр къэхьыным хуэунэтIа зэпеуэм ягъэхьыну. 
ЩIалэгъуалэм абдеж Iэмал щаIэщ я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмкIэ, гупсысэкIэмкIэ зэхъуэжэну, егъэджэныгъэм зегъэужьыным теухуа я еплъыкIэхэр, иджырей IэмалыщIэхэр утыку ирахьэну, я щIэныгъэм хагъэхъуэну.
Лагерым щызэхуэсахэр кIэ­лъыплъынущ Мэшыкъуэ бгым тет къуэшыкхъэм, Комсомол губгъуэм и Iэгъуэблагъэм щыIэ ­   Пост №1-м деж щыхэкIуэда лIыхъужьхэм зы дакъикъэкIэ щахуэщыгъуэнущ, «Полк уахътын­шэм», нэгъуэщI фэеплъ Iуэхухэм хэтынущ, Пятигорск къалэм дэт дзэ фэеплъхэм кIуэнущ. Къи­нэмыщIауэ, щIалэгъуалэр бгым кIапсэкIэ дэкIуеинущ, спорт зэхьэзэхуэхэм я зэфIэкI щеплъыжынущ, Кавказым и къалэхэм зыщаплъыхьынущ, «Шоу талантов» зэпеуэм, фэилъхьэ­гъуэхэмрэ IэпщIэлъапщIагъэмкIэ мастер-классхэм, пшыхь гъэщIэгъуэнхэм хэтынущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: