«Бжыгъэм и махуэ»

Апхуэдэ фIэщыгъэр зиIэ Урысейпсо проектым мы махуэхэм лэжьэн щыщIедзэ ди къэралым и сабий гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэ лагерхэм. Ар жэрдэм ящIащ ­УФ-м Бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыу­жьыныгъэмкIэ, Егъэджэ­ны­гъэмкIэ я министерствэхэм, «Бжыгъэр зи лъабжьэ эконо­микэ» зэгухьэныгъэм, Урысей ­Федерацэм хъыбарегъащIэ технологиехэмкIэ и IуэхущIапIэ лъэрызехьэхэр щIыгъуу. 

Проектым и къалэн нэхъы­щхьэхэм хеубыдэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ бжыгъэр зи ­лъабжьэ технологие пэрытхэм нэхъ пасэу хуэIэижь щIыныр, абыхэм щызекIуэ Iэмалхэм нэхъ шэщIауэ щыгъэгъуэзэныр, ИТ-м епха Iэ­щIагъэхэм я щэхухэм ящыщ гуэрхэр къахузэIухыныр. Апхуэдэ зэманрэ хущIыхьэгъуэрэ сабийхэм я нэхъыбапIэм щаIэр гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманыр щагъакIуэ лагерхэрщ. Аращ «Бжыгъэм и махуэр» абы­хэм къыщыщызэрагъэпэщыну щIытраухуари. 
Ди къэралым и Президент Путин Владимир нэхъапэIуэкIэ зэ­риубзыхуамкIэ, 2022 - 2031 гъэхэр ЩIэныгъэмрэ технологие пэры­тымрэ я илъэсипщIщ. Апхуэдэ унафэм и мурад нэхъыщхьэр жылагъуэм, къэралым къапэщылъ къалэн зэмылIэужьы­гъуэхэр техникэ, технологие пэрытхэр къэгъэсэбэпауэ тэмэ­-му зэфIэхынырщ, мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхум щIалэгъуалэ зэчиифIэ куэд къешэлIэнырщ. 
«Бжыгъэм и дерс», «Бжыгъэм и махуэ» проект цIэрыIуэхэр хуэщIащ а мурадхэр зэгъэ­хъулIэным, къэралым щыпсэухэм бжыгъэ технологие и лъэны­къуэкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным. А Iуэхугъуэхэр зэфIэха мэхъу «Бжыгъэр и лъабжьэу къэрал экономикэм зегъэужьын» лъэпкъ проектым и «Бжыгъэр зи тегъэщIапIэ зэ­хъуэкIыныгъэхэм папщIэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырын» гуэдзэ­ным къыщыгъэлъэгъуа Iуэху­гъуэхэр я тегъэщIапIэу. 
Мы гъэм илъэс етIуанэ мэхъури, IэрыщI зэхэщIыкIымкIэ академием (Академия искусственного интеллекта) егъэджэныгъэ проектышхуэхэр къэралым щегъэзащIэ, IэрыщI зэхэщIыкIым и дунейм зэфIэкIыу бгъэдэлъым школакIуэхэр щыгъуазэ хуищIу. Абы сабий гъэмахуэ лагерхэм папщIэ игъэхьэзыр лэжьыгъэхэм ящыщщ «Бжыгъэм и махуэ» проектри. Нэгъабэрей гъэмахуэм къриубыдэу а проектым хэтащ сабий зыгъэпсэхупIэу мини 3,5-м щIигъу. НыбжьыщIэ мин 300-м щIигъум бжыгъэ технологиехэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэм хагъэхъуащ. 
Дауи, сабийхэми ныбжьыщIэ­хэми хуабжьу яфIэхьэлэмэтащ IэрыщI зэхэщIыкIым и дунейм щызекIуэ Iэмал къызэрымы­кIуэхэр. ЛэжьыгъэмкIэ арэзыт абыхэм я егъэджакIуэхэри лагерхэм я унафэщIхэри. 
«Бжыгъэм и махуэр» зыу­жьы­ныгъэ лъэщым ухуэзышэ лъэбакъуэу жаIэ абы и жэрдэмщIа­кIуэхэм. Гъэмахуэм щыщу къэна махуэхэм къриубыдэу а проектыр ялъэIэсынущ ди къэралым и ныбжьыщIэ минхэм. IэрыщI зэхэ­щIыкIымкIэ академием и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а проектым Iэмалышхуэ къиты­-нущ сабийхэмрэ ныбжьыщIэ­хэмрэ ябгъэдэлъ творческэ, техникэ гупсысэхэм адэкIи зау­жьынымкIэ, бжыгъэр зи лъабжьэ щIэныгъэщIэхэр зрагъэ­­гъуэ­ты­нымкIэ. 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: