Губгъуэ лэжьыгъэхэр ядегъэпсынщIэ

2025 гъэм и щIышылэм – мэкъуауэгъуэм ­къриубыдэу «Урысеймэкъумэшбанкым» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм республикэм и мэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 400-м ­щIигъукIэ защIигъэкъуащ, абы щыщу сом ­мелуани 170-м нэблагъэр губгъуэ лэжьыгъэ­хэр ирагъэкIуэкIын папщIэ щIыхуэу яритащ. 

«Ставкэ нэхъыщхьэм и процентхэр щылъагэ зэманым худэчых зыхэт кредитхэмкIэ мэкъу­мэшыщIэхэр дэIыгъыныр АПК-м и зыужьыныгъэм и шэсыпIэщ. Зэман куэд щIауэ зы илъэс къэмынэу фермерхэм дыкъызэрыхахыр и щыхьэтщ абыхэм я дзыхь ди банкым къызэрырагъэзым. Дэ тлъэкI къэдгъанэркъым республикэм и мэкъумэш IэнатIэм зиужьын, щIыналъэм ерыскъымкIэ и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным ди гуащIэ хэтлъхьэн щхьэкIэ», - жиIащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Сокъур Алим. 
КъБР-м и АККОР-м и советым и тхьэмадэ КIуэкIуэ Нурхьэлий абы и псалъэхэм пэджэжу жеIэ банкым и дэIэпыкъуныгъэхэр щIыналъэм и АПК-м зэпIэзэрыту зиужьыным лъабжьэ быдэ зэрыхуэхъур.
«Худэчых зыхэт кредитхэмрэ лъэныкъуэ псори зэпэлъытауэ халъхьэ инвестицэхэмрэ щымыIэ­мэ, мэкъумэш IэнатIэр ебгъэфIэкIуэн, иджырей технологие ехьэжьахэр абы къыхэпшэн, къэралым ерыскъымкIэ и шынагъуэншагъэр къызэбгъэпэщын пхузэфIэкIынукъым», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Нурхьэлий. 
Къэдгъэлъагъуэмэ, дызэрыт илъэсым зэры­щIидзэрэ «Урысеймэкъумэшбанкым» губгъуэ лэжьыгъэхэм папщIэ къэралым и мэкъумэ­шыщIэхэм псори зэхэту сом мелард 494,4-рэ яритащ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 5-кIэ нэхъыбэщ ар. А пIалъэм къриубыдэу кредиту ятам и куэда­гъми проценти 6-кIэ хэхъуащ. Абы и Iыхьэ ны­къуэм нэблагъэр - сом мелард 237,2-р, - худэчых зыхэт щIыхуэу къащтащ. 
Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу губгъуэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIын щхьэкIэ кредит ­къащтам и куэдагъым нэхъыбэу къыхэзыгъэ­хъуа­хэм япэ итщ къэралым и Ищхъэрэ-­КъухьэпIэ (процент 25-кIэ), Приволжскэ (процент 19-кIэ), Кавказ Ищхъэрэ (процент 15-кIэ) щIыналъэхэр.
Къыхэгъэщыпхъэщ хьэрычэт IэнатIэ мащIэмрэ курытымрэ хыхьэ мэкъумэш IуэхущIапIэхэм губгъуэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIын ­пап­щIэ худэчых зыхэт кредитым хуэдэу иратым   и бжыгъэми зэрыхэхъуар. Псалъэм и хьэтыр­- кIэ, нэгъабэрей бжыгъэхэм елъытауэ, процент 35-м щIегъу ар е сом мелард 70-м нызэрыхьэсащ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: