Уэшхым хьэрычэт ирыращIэрт![]() XIX лIэщIыгъуэм икIэхэм, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Штат Зэгуэтхэм уэшхым хьэрычэт иращIэныр къэунэхуауэ щытащ. Уэшхыр ящэхурт фермерхэм, мэкъумэш зыщIэхэм. ЩэхуакIуэхэр щыIэху, зыщэну иужь итхэри нэхъыбэ хъурт. КъипIуэ хъунущ цIэ зыбжанэ. Джуэл Клейтон хьэуа зригъэубыда шар абрагъуэкIэ уафэм динамит дрихьейрти, абдеж къыщигъауэрт. Австралием щыщ Мельбурн Фрэнк барометркIэ жьым и къепщэкIэм кIэлъыплъырти, уэшхыр къигъэIэсэу жиIэрт. Ауэ абыхэм уэшх уасэ хах пэтми, ар къешхынымкIэ шэсыпIэ ихьэртэкъым, атIэ къешхмэ, езыхэм я фIыгъэу, къемышхми, уафэм зыгуэрхэм щызэблэуауэ жаIэрт. Ауэ, шэсыпIи ихьэу, уэшхри къриджэфу, ищэфу зы къэунэхуащ… Хэтфилд ЧарльзКанзасс инджылыз унагъуэм 1875 гъэм къыщалъхуащ. БалигъыпIэ иувэри, ахъшэ къилэжьу щIидзащ, зэрыдэ машинэхэр ищэурэ. ЩIалэм хъуэпсапIэ иIэт - уэшх къригъэшхыфу зригъэсэну хуейт. И хъуэпсапIэми телажьэрт: метеорологием и щэхухэр иджырт, физикэмрэ химиемрэ уэшхым теухуауэ хэтыр къанэ щымыIэу зригъащIэрт. 1902 гъэм илъэс куэдкIэ зэлэжьа зы щIэныгъэ къэхутэныгъэ къехъулIащ. Сытыт абы уэшх къригъэшхынымкIэ иIэ щэху нэхъыщхьэр? Химиемрэ физикэмрэ я хаб-зэм тету ткIуаткIуэ лIэужьы-гъуэ гуэр зэхилъхьэрт, езыр абы «псыIагъэ къэзышэкIэ» еджэрт. Япэу и ткIуаткIуэмкIэ иригъэкIуэкIа уэшхеджэр къехъулIауэ щытащ - баз зыпихьахэм къафIихьат. «Хэтфилд и псыдзэ»Къэхъуащ уэшхеджэм щIэщхъу къыщыщыщIаи. 1906 гъэм Канадэм и правительствэм ирищIылIауэ щыта зэгурыIуэныгъэр лъэлъэжат: Юкон и щхьэщыгум пшэ фIыцIэхэр къытрихьакъым, абы и ткIуаткIуэр уафэм щигъэсами. Абыи удэкIуэтэнт… Кинои уэрэдиГъуазджэм и цIыхухэм Хэтфилд Чарльз и IуэхущIафэри и цIэри яфIэгъэщIэгъуэнт. Уэшх зыщэм и образыр къыщихьащ Нэш Ричард и пьесэм. А пьесэм къытращIыкIащ «110 в тени» мюзиклрэ 1956 гъэм ягъэлъэгъуа «Уэшх зыщэ» («Продавец дождя») фильмрэ. Хэтфилд Чарльз къыхощыж Паркер Джефферсон «Борэным къыщызыжыхьхэр» и романым (2007). Абы теухуа теплъэгъуэ къыщыхьащ 2016 гъэм къыдэкIа «ТхьэкIумэкIыхь хужь» серие куэд хъу фильмым. 1916 гъэм къэхъуауэ щыта псыдзэм траухуащ «Хэтфилд» уэрэдыр. ТхакIуэ цIэрыIуэ Кинг Стивен псыдзэм теухуа теплъэгъуэмрэ уэшхыр къезыджам и улахуэм теухуа зэныкъуэкъумрэ хиухуэнащ 1979 гъэм итха «ЩIыпIэ псэншэ» триллерым хэт лIыхъужьым - Стилсон Грег - и образым.
Поделиться:
Читать также:
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
23.09.2025 - 10:00 →
Зауэ хъыбархэр лIыхъужьхэм трахырт
03.09.2025 - 14:00 →
Нартсанэ - Къэбэрдей шытх
09.04.2025 - 14:00 →
Жьыубгъу - жьэгужь лъэужь
11.03.2025 - 14:40 →
ЦIыкIужьейхэм я мывэ хъунэ
| ||





