Гуащэмрэ нысэмрэ

Адыгэм иригъэкIуэкI дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри дауэдапщэри лъэпкъ хабзэ дахэм тету къызэрегъэпэщ. Сабийр дунейм къыщытехьам деж щрагъажьэри, абы епхауэ къыдах сыт хуэдэ Iуэхури Iэтауэ ирагъэкIуэкI. Апхуэдэ хабзэ дахэрщ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуар, и пщIэр зыIэтар. Нэхъыжь-нэхъыщIэ зэхущытыкIэ, гуащэрэ-нысэрэ я зэбгъэдэтыкIэ, гуп хэтыкIэ… куэд мэхъу хабзэм къызэщIиубыдэр. Ахэр псори къыщызэщIэкъуэжащ МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ хабзэ» тхылъым. Абы щыщ зы теплъэгъуэ фыщыдогъэгъуазэ.

«Иужь зэманым унэишэри щауэишыжри зрагъэхьэлIэу зы пщыхьэщхьэм зэфIагъэкI зэрыхъурэ унэишэ цIыкIур абы къыкIэлъыкIуэ махуэм ящIу къаублащ. Мыбы нэхъыбэу хэтыр бзылъхугъэщ. НысащIэм и гуащэм Iэнэ къещтэ. Гъу­нэгъу, благъэ, Iыхьлы фызхэр Iэнэм бгъэдэсу, унэишэшхуэм ещхьу, ауэ уэредадэ хэмыту, нысащIэр фызхэм я пащхьэ кърашэри, гуащэмрэ нысэмрэ зэтохьэ. Гуащэм къищта Iэнэр техьэпщIэу арат. Иджы Iэнэ къудейкIэ щызэфIэмыкIыр нэхъыбэщ. КъищынэмыщIауэ, япэм техьэпщIэмрэ псалъапщIэмрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу гуащэм ищIу щытамэ, иджы а тIури зэтрагъахуэ. ПсалъапщIэм щыгъуэ нысащIэ цIыкIум фыз гуэр (и нысэгъу нэхъыжь, ­гуащэм и шыпхъу нэхъыщIэ) псы фалъэ иIыгъыу бгъэдыхьэрти еупщIырт: «Мыр сыт зищIысыр?» - жиIэрти. НысащIэм, дауи жиIэрт: «Псыщ». Арати, я нысэр псэлъат. Абы щхьэкIэ хъуахъуэрт, нысащIэри ­хуит хъужырти и лэгъунэм яшэжырт.

Гуащэмрэ нысэмрэ зэрызэтехьам къикIыртэкъым а тIур щIэсу щауэр унэм къы­щIыхьэ хъуну, ахэр щыри зэтехьэну. Абы иджыри зэман хуейт, икIи псори зэхьэлIар гуа­щэр арат. Ар хуей нэужькIэ и къуэри и ны­сэри зэтригъэхьэрт, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, езыр ятехьэрт. ЩIалэмрэ и нысэмрэ унэм я закъуэу зэрыщIэсыр ищIэу гуащэр ялъихьэрт. Абы щыгъуэми нысэр е щIалэр унэм къыщIэкIыну къежажьэмэ, гуащэм зэтригъэувыIэрт, ар ягъэ мыкIыну жиIэурэ. Нэ­гъуэщI Iуэху лей, хьэмэрэ щыхьэт гуэрхэр абы хуейтэкъым. Ахэр щызэтехьэм и деж ды­хьэшхэнхэри къэхъурт. Ди зы нэхъыжь, Куэшмэн Къарэ, зэрыжиIэжамкIэ абы я ­хьэгъуэлIыгъуэр дахри илъэс нэблагъи дэ­кIыжат, ахэр зэтемыхьэурэ. ЛIым Iуэху иIэу  е шхэну унэшхуэм къыщIыхьэжынумэ, япэщIыкIэ бжэр дамэдазэ ищIырти къыщIэплъэрт, итIанэ нысащIэр унэм къыщIэ­кIа иужькIэ лIыр и анэр зыщIэс унэм щIы­хьэжырт. Зэгуэрым зэщхьэгъусэхэр унэм зэрыщIэсыр ищIэу фызыжьыр къыщIыхьэжащ. Арати, лIым ищIэнур имыщIэжу гъуэ­лъыпIэ щIагъым щIэпщхьат. Абдежым гуа­щэм жиIащ: «Хъунщ ар, лIышхуэ абрагъуэ, гъуэлъыпIэ щIагъым ущIэмыс, къыщIэкI». Абы яужькIэ щыри зэтехьэ хъуат.

Абы нэхърэ нэхъ гугъут икIи нэхъ кIыхь­лъыхьт нысэмрэ тхьэмадэмрэ я зэтехьэныр, зэпсэлъэныр. ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, ар зи Iуэхур тхьэмадэр арат. А нысэр игу ­ирихьмэ, хабзэ хэлъу илъытэмэ, илъэс ны­къуэ, илъэс нэхъ димыхыу ахэр зэтехьэрт, техьэпщIэ, псалъапщIэ ищIу, и ныбжьэ­гъухэм еджэу игъэхъуэхъуа иужькIэ. Ауэ и нысэр тIэкIу фIэпсынщIэу, зыгуэрхэр игу иримыхь нэужькIэ тхьэмадэм гупыж ищIыртэкъым и нысэм техьэну. Ар ерыщт и нысэм абы игу иримыхьу илъытэ хьэл зы­хуэмейхэр зыхинэхункIэ. Абы щыгъуэми игу иримыхьхэр зэуэ жрыригъэ­Iэртэкъым. АтIэ къыщIэупщIэху мыр зэхи­напхъэщ, жыхуиIэр и нысэм и деж нагъэсыжыну яжриIэу арат нысащIэм и дзыхь ­иригъэзу и тхьэмадэм иригъэупщIхэм. Апхуэдэу фIыуэ зэрыIуэта иужькIэ, тхьэмадэр и нысэм епсалъэрт икIи техьэрт.

Пасэм щыгъуэ хабзэтэкъым унэм къихьа бзылъхугъэ цIыкIур илъэс ирикъухункIэ ­лэ­гъуп, жьэгу мафIэ сытхэм ирагъэIусэу. И нэхъыбэм ар зи ужь итыр уагъэ-щагъэ, ­дэн-бзэн хуэдэхэрт. НысащIэм и IэпщIэлъапщIагъэр ягъэунэхун щхьэкIэ абы гъунэгъу­хэм, благъэхэм дын гуэрхэр къыхурагъэ­хьырт, уагъэ ирырагъадэрт, къамышы Iэпэпс зэрырагъадзэрт. Адыгейхэм дэн-бзэным щхьэ­кIэ дынхэу жаIэрт.

КIахэ адыгэхэм унэишэ цIыкIум къищы­нэмыщIауэ, Iэнэгъэуджи ящIу щытащ. Абы и деж нысащIэр пщэфIапIэм къашэрти, Iэнэгъэудж уэрэд жаIэурэ жьэгу мафIэ ужьы­хыжа зыдэлъым Iэнэ щагъэуджырт. Зэры­хабзэти, Iэнэм ахъшэ жьгъей, IэфIыкIэ гуэрхэр тралъхьэрт. Ахэр Iэнэр щагъэсыскIэ, щагъэуджкIэ къехуэхыурэ жьэгу мафIэм, яжьэм хэхуэрт. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунымкIэ, ар жьэгу мафIэм и тхьэм, жьэгупащхьэм и тхьэм хухах Iыхьэу къыщIэкIынут, Iэнэгъэуджыр щIащIу нэхъыжьхэм жаIэр ­нэгъуэщI щхьэусыгъуэми. Ар щIалэм куэдрэ къимышамэ, абы и анэм е и анэшхуэм триIуэу щытауэ аращ нэхъыжьхэм трагъа­кIуэр: къишэмэ, Iэнэгъэудж си нысэм хуезгъэщIынущ.

Унэишэ цIыкIури Iэнэгъэуджри зэфIэкIа иужькIэ, махуэкIэрэ и щауапIэм щыIэ щауэм щауэегъэсэж, шэттегуэж хуащIырт. Абы щхьэкIэ щауэр и ныбжьэгъухэм пшынауэ, ­IэгуауэкIэ къашэжырти, шэт гуэрым трагуэ хуэдэу ящIырт, абы къыхэкIыу щIалэм и анэм гъафIэшхын кърагъащтэрт. А пщы­хьэщ­хьэм, хьэгъуэлIыгъуэм къыдэхуауэ ­махъ­сымэ щыIэ нэужькIэ, щIалэгъуалэм шынакъ гъэкIэрахъуэ жыхуаIэ джэгур зэ­хауб­лэрт, а унагъуэм ящыщу щIалэм шыпхъу бэлигъ иIэмэ, абы хъыджэбз Iэнэ къиу­хуэрт. Шынакъ гъэкIэрахъуэм иригушыIэу арат. Махъсымэр пэгуным иракIэрти, абы къу тету шынакъ халъхьэжырт. ИтIанэ утыкум ит пэгуным хэлъ шынакъыр ягъэкIэра­хъуэрт. Ар къыщувыIэкIэ и кIыр зыхуэзэм махъсымэ фалъэ ирифырт. Хъыджэбзхэм яхуэзамэ, зыхуэгушхуэ щIалэм иратурэ ирырагъэфырт, ауэ хэгъэзыхь лъэпкъ щыIэтэкъым».

ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: