КлассыщIэ къызэIуах![]() ЩӀэныгъэ УФ-м ЩытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ и министерствэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къулыкъущIапIэм зыбжанэ лъандэрэ егъэджэныгъэм жэрдэмхэр къыщыхилъхьэу, къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм я шынагъэншагъэмкIэ дерсхэр, зэIущIэхэр, зэхьэзэхуэхэр къызэригъэпэщу йокIуэкI. Апхуэдэ зы гукъэкIщ иджыблагъэ Май къалэм дэт, дерс щхьэхуэхэр куууэ щрагъэдж курыт еджапIэ №3-м иджыблагъэ къыщызэIуаха IэщIагъэунэтI классыр. Мы гъэм 5-нэ классым кIуа сабий 25-м курыт щIэныгъэ зэрызрагъэгъуэт программэм къыдэкIуэу, щIэныгъэ гуэдзэмкIэ зэхагъэува программэхэмкIи я еджэныгъэр зэтраублэнущ. Программэм къызэщIиубыдэнущ унэтIыныгъитI – шынагъэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэунэтIа дерсхэмрэ псэкупсэ гъэсэныгъэм хуэгъэза лэжьыгъэхэмрэ. Апхуэдэу цIыкIухэм «КъегъэлакIуэ ныбжьыщIэ», «Фочауэ ныбжьыщIэ», «Лъахэхутэ», «МафIэсгъэункIыфIхэм я япэ дэIэпыкъуэгъу», «КъегъэлакIуэ (къызэрырагъэл) Iэмэпсымэхэр», «Япэ медицинэ дэIэпыкъуэгъу», нэгъуэщI дерсхэм сабийхэр щIэдэIуну Iэмал яIэнущ. ЖэрдэмщIакIуэхэм дяпэкIэ я мурадщ «ЗыплъыхьакIуэ ныбжьыщIэхэм я хасэ» къызэрагъэпэщыну, IT-IэщIагъэхэм епха курсхэр къыхалъхьэну, нэгузыужь зекIуэхэр, практикэ лэжьыгъэхэр, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIыну. Дерсхэм я нэхъыбэр УФ-м ЩытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ и министерствэм КъБР-м щиIэ къулыкъущIапIэм и Май къалэ къудамэм и IэщIагъэлIхэм я гъусэу ирагъэкIуэкIыну я мурадщ.
Поделиться:
Читать также:
03.08.2026 - 18:26 →
ЩIэныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
| ||





