ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм зыужьыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щокIуэкI. Лъэпкъ проект щхьэхуэхэмкIэ IуэхущIапIэхэм зэгъэпэщыжыныгъэр щрагъэкIуэкI, ахэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщ.
Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и къудамэщIэм и ухуэныгъэхэр и кIэм ноблагъэ. Мы IэнатIэм Iэмал къаритынущ цIыхухэм икIэщIыпIэкIэ зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэр ягъуэтынымкIэ лэжьыгъэр зэтеублауэ егъэкIуэкIынымкIэ, узыфэ зэхуэмыдэхэр зиIэ сымаджэхэм псынщIэу медицинэ Iуэхутхьэбзэр зыхуей хуэзэу зы щIыпIэм щахуэщIэнымкIэ.
Метр зэбгъузэнатIэу метр мин 1,2-м щIигъу къудамэщIэм зэпыгъэщхьэхукIа щIыпIэхэр иIэнущ. «Удзыфэр» хухэхауэ щытынущ езыр-езыру IуэхущIапIэм къекIуэлIахэм. Абы хэтынущ регистратурэр, чэзум щыпэплъэ плIанэпэр, сымаджэхэм щеплъ, сымаджэр адэкIэ здагъэкIуэну къудамэр щызэхагъэкI пэшхэр. «Гъуэжьыр» «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ» къашахэм ейщ. Абы гъуэлъыпIи 10 щIэтынущ, сымаджэр сыхьэт 72-м нэблагъэкIэ щIэлъ хъууэ. КъищынэмыщIауэ, ар къызэгъэпэщауэ щытынущ УЗИ, рентген, КТ IэмэпсымэхэмкIэ. «Плъыжьым» ирашэлIэнущ сымаджэ хьэлъэхэмрэ пIэщIэгъуэкIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ хуэныкъуэхэмрэ. Абы иIэнущ терапиемкIэ палатэ, гъуэлъыпIи 6 щIэту. Апхуэдэу а Iыхьэр диагностикэ пэшхэмрэ реанимацэмрэ псынщIэу зэрызыпащIэнум хуэгъэпсауэ щытынущ.
IэнатIэм щхьэхуэу хэтынущ уIэгъэхэр щапхэ, операцэ щащI, травматологие, эндоскопие пэшхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ, зэманыр ямыгъэкIуэду сымаджэм пIэщIэгъуэкIэ зыхуэныкъуэ дэIпыкъуныгъэр абдеж щратыфынущ. УхуэныгъэщIэр IуэхущIапIэм и къудамитIым щхьэ зытелъ зэпрыкIыпIэкIэ пыщIауэ зэрыщытынум Iэмал къаритынущ дакъикъэ бжыгъэм сымаджэр здынэшэсыпхъэм нагъэсынымкIэ.
Республикэ клиникэ сымаджэщым медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ и къудамэщIэм и щытыкIэр зэраубзыхуам арэзы къищIащ Павлов П. П. и цIэр зезыхьэ, Санкт-Петербург дэт япэ медицинэ къэрал университетым медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмрэ хирургиемкIэ и кафедрэм и профессор Теплов Вадим. Абы и нэIэ щIэтщ къэралым щаухуэ апхуэдэ къудамэхэр. Профессорым къыхигъэщащ пIэщIэгъуэкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр цIыхухэм ятыным теухуауэ къыхалъхьа мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр япэу IэнатIэм къыщызыгъэсэбэпахэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрахэтыр.
* * *
Бахъсэн район сымаджэщым и поликлиникэ №1-р сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзэжауэ къызэIуахыжащ. IуэхущIапIэм щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Абы къыхигъэщащ зэгъэпэщыжыныгъэхэр фIагъым и мардэ псоми къизагъэу зэрызэфIагъэкIар, тепсэлъыхьащ IэнатIэм зиужьынымкIэ адэкIэ къапэщытхэм.
Поликлиникэр зэрагъэпэщыжащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ лъэпкъ проектым хыхьэу. Метр зэбгъузэнатIэ 2400-рэ зыубыд унэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъэзащ: и щIыбри, и кIуэцIри къагъэщIэрэщIэжащ, инженер хуэIухуэщIэхэр яхъуэжащ, бжэхэр, щхьэгъубжэхэр, лифтыр щIэкIэ зэрахъуэкIащ.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ абы щылажьэхэми къекIуалIэхэми я тыншыпIэм хуэщIауэ. УнэлъащIэхэр щIэуэ щIагъэуващ, иджырей медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Апхуэдэхэщ УЗИ аппаратыр, бжыгъэр зи лъабжьэ маммографыр, рентгеныр, эндоскоп Iэмэпсымэр.
Поликлиникэм къегъэщIылIащ цIыху мин 60-м щIигъу. Махуэ лэжьэгъуэм къриубыдэу абы Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэфынущ цIыху мин 750-м, къищынэмыщIауэ, абы хэтщ гъуэлъыпIэ 40 зиIэ махуэ стационар.
ЦIыхухэм къатемыхьэлъэу лэжьыгъэр къызэгъэпэщауэ щытын папщIэ, IуэхущIапIэм и щIыхьэпIэ-щIэкIыпIэхэр зэхагъэщхьэхукIащ. Апхуэдэу плъыржьэрыгъэ зиIэ сымаджэхэм я щIыхьэпIэр щхьэхуэщ, чэзум пэплъэхэм я плIанэпэри тыншыпIэм хуэщIауэ къызэгъэпэщащ, къищынэмыщIауэ, фошыгъу узым теухуа еджапIэм и пэш щхьэхуи хэтщ.