Къалмыкъ-адыгэ зэпыщIэныгъэхэр - тхыдэмИлъэс зыбжанэ ипэкIэ, Сэралъп Мадинэ игъэлажьэ Модэм и унэм сурэт гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахауэ щытащ: «Миловановэ Татьянэ и сурэттехым къалмыкъ хъанхэр къызэрищыр». ФIэщыгъэм зи цIэр къыхэщ езы цIыхубзыр къыщыпсалъэм, ХьэтIохъущокъуэ Жан и цIэри къриIуат. «Ди лъэпкъым (къалмыкъхэм – Ч. М. ) тхыдэ гъуэгуанэ гугъу къикIуащ. Къэбэрдейм ираша хъан гуащэхэр диIащ дэ, абыхэми къалмыкъхэр лъэныкъуэ щхьэхуэкIэ зэраунэтIам шэч хэлъкъым. Сэ мыбы сыкъыщIэкIуар я лъэпкъым къыхачу хамэ щIыпIэ яша а хъыджэбзхэм я фэеплъыр къэзгъэщIэрэщIэжын, яхуэфэщэн пщIэ яхуэсщIын папщIэщ». «И щхьэгъусэмрэ и лъэпкъымрэ яхуэпэжу псэуа хъан Дондук-Омбэ и щхьэгъусэ Жан Гуащэ хузогъэфащэ», - тритхат Миловановэм и гъэлъэгъуэныгъэм. Хэт хъуну-тIэ апхуэдэпщIэ къалмыкъхэм зыхуащI адыгэ хъыджэбзыр? Дэ абы теухуауэ мащIэ дыдэ фIэкIа зэрыдмыщIэр мыемыкIуу пIэрэ? Гулъытэ нэхъыбэ зэтта Темрыкъуэ Идар и пхъур гъащIэ мащIэу къызэрыщIэкIам къыхэкIыу, хуэдгъэфащэр нэхъыбэу дыкъокIуэкI. Ауэ Жан теухуауэ тхылъхэм ярытым я лъащIэм щIэх дыщIэплъэныфэкъым. «Ди архивхэм къэхутакIуэхэр зэмыIуса тхыгъэ куэд щIэлъщ, - жиIащ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа гъэлъэгъуэныгъэм хэта, Къалмыкъ университетым и доцент, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бембеев Евгений. - Къалмыкъхэр къухьэпIэ-монгол лъэпкъхэм дащыщщ. Ауэ дэ тхуэдэу зи лъэпкъ фащэм хэдыкIыр къыщызыгъэщхьэпэ монгол лъэпкъ щыIэкъым, абы хэлъхьэж «шэрджэс бгырыпхкIэ» дызэджэ дыжьын бгыщIэпхэри. А псори Жэнэт-хатун ижь къызэрытщIихуам и фIыгъэу къыщIэкIынущ». Зэманращ цIыхум и уасэр наIуэу къэзыгъэлъагъуэр. Урыс тхыгъэхэм Жан фIыкIэ къызыхэщ тхыгъэ куэд ущрихьэлIэнукъым. Сыт щхьэкIэ? Къалмыкъхэмрэ адыгэхэмрэ кърым хъанхэм пагъэув къарууэт пащтыхь тетыгъуэм къызэригъэсэбэпыр, Тыркур къебгъэрыкIуэным зэрыхуэсакъым къыхэкIыу. Аращ Дондук-Омбэ дунейм ехыжа нэужь, зэIыхьлыгъэ зи зэхуаку дэлъ адыгэхэмрэ къалмыкъхэмрэ езыхэм япэщIэувэжынкIэ шынэу, Жан утыкум ирагъэкIыныр къыщIыхахар. «И адэр Къэбэрдейм и пщы уэлий щыхъуам, Жан илъэсий ирикъуа къудейт», - дыкъыщоджэ тхыгъэхэм я зым. Кургъуокъуэ 1809 - 1810 гъэхэм къриубыдэу дунейм ехыжауэ хуагъэфащэ. И дыщ и лъэныкъуэкIэ Жан къыкъуэтыр и адэ къуэш ХьэтIохъущыкъуэрэ и дэлъху Мыхьэмэт (Бомэт) жыхуаIэу, Исмэхьил-бейрэ Рослъэмбэчрэ я адэшхуэрт. Дондук-Омбэ и етIуанэ щхьэгъусэущ Жэнэт зэрыщытар. Буддизм диным тет къалмыкъхэм я хабзэхэр дыдейхэм ещхьтэкъым, дауи. А псом ди Iуэху хэтлъхьэркъым, дэ къыдгурымыIуэ куэд дунейм щызокIуэ. Къэбэрдейм ираша нысащIэм хъаным къуиплIрэ пхъуитIрэ дигъуэтащ. Дондук-Омбэ дунейм щехыжам, и къуэ нэхъыжь Рандул зэрыхъуар илъэси I0 къудейт. Абдежым щыщIедзэ адыгэ цIыхубзым и хьэлыр наIуэ къэзыщIа лъэпощхьэпохэм. Дондук-Омбэ дунейм ехыжын ипэ, Рандул хъаныгъуэр зэрыхуигъэфащэр уэсят ищIыну хунэсат, абы щхьэкIэ Китайм щыIэ монголхэм я Хэкум кIуэри, я динымкIэ тепщэм ар къабыл иригъэщIат, ардыдэмкIи урыс пащтыхьыгъуэм зыхуигъэзат, щIалэ цIыкIур балигъ хъуху, унафэр Жан зэригъэкIуэн хуейуэ. Ауэ гъащIэм уи закъуэпцIинэу утыку укъринэн зэрихьэлыр игъэунэхуну къыпэщылът адыгэ бзылъхугъэм. Тетыгъуэр зыIэрагъэхьэн мурадкIэ зэпэщIэува лъэныкъуищым язт Жан, ар хабзэкIэ къызэрылъысым шэч къытримыхьэу. Ауэ урыс тепщэгъуэм къыхихар Аюкэ и пхъурылъху Дондук-Дашит. Ар Жан бий къыхуащIщ, «муслъымэн хъыджэбзым къалмыкъхэм я диныр къыфIэIуэхунукъым, сытым дежи адыгэхэм я лъэныкъуэр пхигъэкIынущ» псалъэхэри трагъэIукIри, хъан гуащэр ирагъэкIуэтэкIащ. ХьэтIохъущокъуэ Жэнэт Iыхьэ щхьэхуэ щыхухахащ «Евразием и и тепщэу щыта гуащэхэр. Тырку-монгол бзылъхугъэ тепщэхэм ятеухуа пэжымрэ къагупсысамрэ» тхылъым. Ар 2012 гъэм Санкт-Петербург къыщыдагъэкIащ тхыдэджхэу Почекаевхэ Романрэ Иринэрэ. Абырэ иджыри тхылъ зыбжанэмрэ зэритымкIэ, зыхуейр щыIэрымыхьэм, къикIуэт зи мыхьэл хъан гуащэр Къэбэрдейм щIэпхъуэжри, и дэлъхум къыдэIэпыкъуну елъэIуащ. Мыхьэмэт, япэрауэ, урысхэр къыщIыщыхьэн щхьэусыгъуэ къилъыхъуэртэкъым, етIуанэрауэ, Жан бэуапIэ къезымыт Татищев Василий унафэ къыхуэзыщIхэм я зыр Мэзкуу дэс, мылъкурэ пщIэрэ къызэбэкI Черкасский Алексейт. ЯгъэтIысын шынагъуэр щхьэщыту, Жан зыми щымышынэу персхэм я шах Надир деж лIыкIуэ игъэкIуащ, дзэкIэ къыдэIэпыкъуу, хъаныгъуэр къылъигъэсыну елъэIуу. АрщхьэкIэ Бекович-Черкасский Елмырзэ урысхэм бзэгу яхуихьа нэужь, Жан и лIыкIуэр къаумысщ, езы гуащэр Iэрыубыд ящIщ, Санкт-Петербург ирагъашэщ, чыристаныгъэ кърагъащтэри, джыназ Дондуковэ Верэ цIэр иIэу иджыри илъэс тIощкIэ псэуащ. ЧыристаныцIэ къащтэн хуей хъуащ Жан и бынихми: и къуэхэу Рандул – Пётр, Додбий – Алексей, Асарай – Ионэ, Джубосар – Филипп хъуахэщ, апхуэдэ дыдэу и пхъуитIым: Далеку – Любовь, Бунигарэ – Надеждэ цIэхэр фIащащ. Дауэ хъуами, иджыри зы хъыбар гущIыхьэ диIэщ, адыгэ пщащэм и щхьэр кърихьэкIыу дунейм зэрытетам теухуауэ.
Поделиться:
Читать также:
06.10.2026 - 13:54 →
Кушыкурэ Мэтрэ тхьэлъанэ зэхуащI
06.10.2026 - 12:26 →
Тхыдэр и тегъэщIапIэт
30.09.2026 - 15:45 →
И лъэкIыныгъэр инт
29.09.2026 - 17:00 →
Пасэрей адыгэ бзылъхугъэм и натIэр
28.09.2026 - 15:53 →
Зи лIыгъэр тхыдэм къыхэнахэр
| ||




