Адыгэ гъуазджэм лъэужьыфI къыхэзынаУрысей Федерацэмрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артист Дашу Хьэшыр и республикэм и мызакъуэу, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми къыщацIыхуу щытащ ар. Балетмейстер Iэзэм, къэфакIуэ гъуэзэджэм Алыхьым къыхуиутIыпща гъащIэ мащIэм къриубыдэу хузэфIэкIащ ди адыгэ гъуазджэм лъэужьыфI къыхинэн. Илъэс бжыгъэкIэ узэIэбэкIэжмэ, Хьэшыр тезгъэпсэлъыхьауэ щытащ абы и къуэ нэхъыжь Мухьэмэд. ЩIалэм езыми и адэм и IэщIагъэр къыхихри, и гъащIэр абы триухуат. Республикэм япэу щагъэува «Лалуцэ», «Дахэнагъуэ» адыгэ балетхэм къыщыфащ. Мухьэмэд и адэм теухуауэ сызэригъэдэIуа хъыбархэм щыщ фи пащхьэ нобэ нызолъхьэ. Мухьэмэд зэрыжиIэжамкIэ, Хьэшыр къыщыхъуа унагъуэм ар а зжманым гъуазджэм, къэфэным дезыгъэхьэхын исакъым. И адэ ХьэкIашэ и гъащIэр мэзхьумэу лажьэу ирихьэкIащ, граждан, финн зауэхэм, Хэку зауэшхуэм хэтащ. И анэ, Ашэбокъуэхэ япхъу Зулихъан Налшык дэта, Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIу жыхуаIэу щытам щIэсащ. Ар къиуха нэужь, Брамтэ къуажэ советым шылэжьащ. Аращи, Хьэшыр къэфэным езыр-езырурэ хуэкIуауэ жыпIэ хъунущ. Щысабий лъандэрэ хьэгъуэлIыгъуэхэм, джэгухэм кIуэрт, къафэхэм якIэлъыплъырт. Нэхъыжьхэм ялъагъурт щIалэ цIыкIур абы зэрыдихьэхри, ягъусэу гуфIэгъуэхэм здашэрт. Нэ илъагъу, нэ ещIэж, жыхуаIэрати, апхуэдэурэ зригъэсащ. Гъуазджэр зи псэм хэлъ хъуа щIалэм, нэхъ къыдэкIуэтея нэужь, и Iэзагъэм хигъахъуэурэ екIуэкIащ. Хьэшыр къиIуэтэжауэ щытащ, нэмыцэр ди щIыналъэм ирахужа нэужь, и ныбжьэгъу щIалиплӀ игъусэу цIыхубз гуэрым къэфэкIэм и щэхухэм илъэситI-щыкIэ хуригъэджауэ зэрыщытар. ИужькӀэ Пионерхэм я унэм кӀуэурэ абы зыщагъэсащ. Ауэ а псоми Дашур нэмысынкIэ хъунт, я къуажэм щыщ лIы гуэрым (и цIэр ящIэжыркъым) и сэбэп къемыкIамэ. Къэхъуарат. Хэку зауэшхуэм и зэманым нэмыцэхэм Хэкум ирашыну я мурад гупым Хьэшыр яхэхуауэ щытащ. Насып иIэти, а лIым къыщIигъэпхъуэжыфащ. КъэфакIуэ гупым Хьэшыр щыхыхьар дзэм къулыкъу щищlэy къигъэзэжа нэужьщ. Ауэ дзэм зэрыщыIари сэбэп къыхуэхьуауэ щытащ. Сэлэт частым и ансамблым хэхуэри, абы илъэскIэ хэтащ, адрей гъэхэм балетмейстер IэщIагъэм зыхуигъэсащ. Ди щIыпIэм къигъэзэжа нэужь, ар занщIэу хагьэхьащ ди республикэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым. Илъэс зытхух нэхъыбэ хэмыту балетмейстеру ягъэуващ икIи 1962 гъэ А IэнатIэм зэрыпэрытым хуэдэу, Дашум къызэригъэпэщат езым и къэфакIуэ гуп. Ар иужькIэ цIэрыIуэ хъуа «Нальчанка» гупырт. Абы хэта къэфакIуэхэр, зэрыжаIэу, зырызыххэурэ зэхуишэсат Хьэшыр. ИужькIи, дэнэ щIыпIэ щымылэжьами, и къарури зэфIэкIри а ансамблым иритащ. ИльэсипщIкIэ училищэм зыщыпэрыта IэнатIэм къыIукIыжа щхьэкIэ, «Нальчанка»-м хуиту дэлэжьэнy Iэмал игъуэтакъым абы - облсовпрофым художественнэ самодеятельностымкIэ и унэм хореографиемкIэ и методист нэхъыщхьэу ягъэкIуащ. Куэди дэмыкIыу унафэщIым и къуэдзэ хъуащ. Ауэ, дапхуэдэу щымытами, къызэригъэпэща къэфакIуэ гупыр зыпищI щыIэтэкъыми, а лэжьапIэри къигъанэри, «Нальчанка»-м зритащ, дунейм ехыжыхукIи абы дэлэжьащ. Зэрысымаджэм хуэдэурэ, репетицэхэм кIуэрт Хьэшыр. Куэд къимыгъэщIами, Дашум хузэфIэкIахэм кIыхьу утепсэлъыхьыфынущ. Абы и цIэр ар зыцIыхуахэм нобэр къыздэсым фIыкIэ къраIуэ, и дуней тетыкIар гуапэу ягу къагъэкIыж, цIыхугъэ хэлъар яхуэмыIуэтэжу апхуэдэщ. Ар гуп куэдым ядэлэжьащ, программэ хьэлэмэтхэр яхуигъэуващ. Псалъэм папщIэ, «Шэджэм псыкъелъэхэр» гупым, хамэ къэрал концерт щитыну зигъэхьэзырырти, Хьэшыр ахэр къелъэIури, ядэлэжьауэ щытащ. Апхуэдэу «Терчанкэ» ансамблым къафэ яхуигъэуври, ари ягъэлъагъуэу ахэр Польшэм щыIащ. Аруан районым и япэ секретару Ахъмэт Мусэбий щыщыта заманым «Нарт Хасэ» гупым хэтхэми ядэлэжьащ Дашур. Польшэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ахэр щытекIуауэ щытащ балетмейстер Iэзэм яхузэхигъэува программэмкIэ. Ахэращ япэу «Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщар. НэгъуэщI щапхъэ куэди къыпхуэхьынущ Хьэшыр и IэужьыфIу. Дашур и хьэл-щэнкIэ цIыху Iэсэт, куэди жиIэртэкъым, сыт хуэдэ Iуэхури псалъэ дахэкӀэ зэфIихырт. Сабийхэм яхуэщабэт, бзэ IэфIт. Къэфэным нэмыщI, Хьэшыр сурэт ищIыни фIэфIу щытащ. Къэрэндащкlэ IэкIуэлъакIуэ дыдэт. Мухьэмэд зэрыжиIэжамкIэ, къопсалъэу здэщысым, сытри къыщIригъэдзырт, ауэ нэхъыбэр къафэм теухуа сурэтхэрт. ИкӀи иужькIэ абыхэм ятрищIыкIыжурэ къафэхэр сценэм «Нартхэр» жери къафэ игъэувауэ щытащ Дашум. Ар псом нэхърэ нэхьыфIу илъагъурт. Мис, а «Нартхэр» и сурэтхэм къытрищIыкIыжат абы. Дэнэ щIыпIэ шымыIами, сыт хуэдэ ансамбль дэмылэжьами, «Нартхэр» и программэм хэтащ. Дунейм ехыжа нэужьи «Нальчанка» ансамблым щхьэкIэ зэхигъэува къафэхэр илъэсипщIкIэ зэрамыхъуэкIыу утыкум къыщагъэлъэгъуащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
06.10.2026 - 11:51 →
Адэшхуэм хуэфащэ къуэрылъху
05.10.2026 - 15:39 →
Щэнхабзэ зэхыхьэ нэхъыщхьэхэм яз
02.10.2026 - 16:09 →
Зи хабзэ зыхъумэж лъэпкъыр зэманым токIуэ
02.10.2026 - 14:05 →
Тхылъым пщIэ хуэпщIмэ
01.10.2026 - 14:00 →
Пэжыр пхущIэхъумэнукъым
| ||




