IэнатIэм зыщIагъакъуэ

Къэралым и хьэрычэт IэнатIэ мащIэм хыхьэу продукцэхэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм папщIэ, МСП Корпорацэм къыхилъхьащ зэрыхудачых лизингыщIэ - сом мелард 1,5-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ ятыну. ЛъэIухэр зыхуагъэхьыр МСП.РФ-м бжыгъэ лъабжьэ зиIэ и платформэрщ, езы программэр зыгъэлажьэр МСП Лизингырщ.

Худэчых зыхэт лизингыщIэр къахуэщхьэпэнущ машинэхэр зыщI, гъущIхэм, пхъэхэм, ерыскъыхэкIхэм, хущхъуэхэм, тхылъымпIэ лIэужьыгъуэхэм елэжь, ахэр къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм. ОбрудованэщIэхэм щхьэкIэ хьэрычэтыщIэхэм ахъшэ щIыхуэу сом мелуани 3-м къыщыщIэдзауэ 100-м нэс къахуэщтэнущ, абыхэм я уасэм и проценти 10-р аванс папщIэу езыхэм япэщIыкIэ халъхьэу щытмэ. УФ-м къыщыщIагъэкIахэм процент ставкэу 6 хуагъэуващ, хамэ къэралхэм щащIахэм – проценти 8, мазэ 13 - 60 пIалъэхэмкIэ ахэр ират.

«Зэрыхудачых Iэмалхэр зыхэт лизингыр щIэупщIэ нэхъыбэ зиIэхэм яхохьэ, сыту жыпIэмэ, обрудованэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ е къэщэхунымкIэ, IуэхущIапIэхэм зегъэубгъунымкIэ е зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэфIщи. Иджы къыхэтлъхьа лизингыщIэм къыщыгъэлъэгъуахэр езэгърабгъущ хьэрычэтыщIэхэм я дежкIэ, аванс хэплъхьэнум и куэдагъыр зэрымащIэм къыхэкIыу», - жиIащ МСП Корпорацэм и унафэщI Исаевич Александр.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ обрудованэхэр щэным ехьэлIауэ лажьэ нэгъуэщI программэхэми зэхъуэкIыныгъэхэр ягъуэтащ. Псалъэм папщIэ, УФ-м къыхыхьэжа щIыналъэщIэхэм я хьэрычэтыщIэхэм авансу ятын хуейр хуагъэмэщIащ. Япэм щыгъуэ обрудованэм и уасэм и процент 15-р авансу халъхьэу щытамэ, иджы ар проценти 10 ящIащ. Нэхъыбэ дыдэу ахъшэ щIыхуэу ирату щытари сом мелуан 50-ти, иджы ар сом мелуани 100-м нэгъэсащ. Апхуэдэ гулъытэ ягъуэтащ полиграфием пыщIауэ лажьэ хьэрычэт IэнатIэ мащIэхэми.

КЪУЭЖЕЙ Iэмин.
Поделиться: