ФIагъми куэдагъми хагъахъуэу

Республикэм и Iуащхьэмахуэ районым и Iуащхьэмахуэ къуажэм дэт «Сокол» профилакторийр социально-реабилитацэ центр ящIащ, зэрихьа фIэщыгъэр къыхуэнэжу. Апхуэдэ унафэм иджыблагъэ Iэ тридзащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министр Тогузаев ТIэхьир зэрыжиIамкIэ, узыншагъэм щыкIэлъыплъ а IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэу щытынур илъэси 6 - 17 зи ныбжь сабийхэм, сымаджэхэм, илъэси 3 - 18-м ит ныкъуэдыкъуэхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнырщ, социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр абыхэм етынырщ. Апхуэдэуи «Сокол»-м зыщагъэпсэху, я узыншагъэр щызэтрагъэувэж хъунущ унагъуэ хуэмыщIахэм, унагъуэшхуэхэм я сабийхэм, адэ-анэ зыщхьэщымытхэм, я ныбжькIэ илъэси 6,5 - 15-м къриубыдэхэр.

Центрым иджыпсту щагъэуващ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж хъу модульнэ шхапIэр, зэуэ цIыху 30 щIэхуэу, инженер коммуникацэхэри ирашэлIащ.

«2026 гъэм «Сокол»-р къызыхуэтыншэу зэдгъэпэщыжын щIэддзэнущ, гъуэлъыпIэ нэхъыби щIэдгъэувэнущ, Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъми хэдгъэхъуэнущ», - къыхигъэщащ министрым.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Сокол» профилакторийм нэхъыбэу зыщызыгъэхъужхэр аллергие зиIэхэмрэ тхьэмбыл узыфэхэр зыпкърытхэмрэщ. 

БЭБЭЧ Башир.
Поделиться: