Пагэр мэгызМуслъымэн щэнхабзэм къыхэлыдыкI цIэхэм язщ Бистамий Iэбу Язид е Баязид цIэмкIэ тхыдэм къыхэна лIы махуэр.
«Лэкъумэн» сурэм щеджа махуэм Баязид щIалэ цIыкIур и дерсхэм имыхабзэу пасэу къикIыжат.
- Нобэ сыту упасэ? – щIэупщIащ и анэр.
- Сызэджа Iэятым Алыхьми уэри сынывэдэIуэн хуейуэ жеIэ. Е сыутIыпщи, си зэманыр зэрыщыту Алыхьталэм сыхуэпщылIыным тезгъэкIуэдэнщ, е уэ узыхуей псори пхуэсщIэу сыпсэунщ.
- Сэ укъызэмыгупсысу, Алыхьым хуэлажьэ, си къуэ цIыкIу, - къыжриIащ и анэм.
Апхуэдэу Алыхьталэм и гъуэгум теуват Баязид, ауэ и анэри щыгъупщакъым, абы и гукъыдэж нэхъ цIыкIу дыдэри зэригъэзэщIэным иужь итт. Зэгуэрым, щIымахуэ щIыIэу, и анэр гъуэлъыжрэ пэт, Баязид псы щхьэкIэ къелъэIуащ. Кхъуэщыным псы итыжтэкъыми, щIалэ цIыкIур жэщ, псы къригъахъуэри, псы изу зэрыт кхъуэщыныр иIыгъыу къыщIыхьэжащ. Еплъри, и анэр IурихакIэт. Къигъэушыным темыгушхуэу, Баязид и анэр къызэщыуным пэплъэу щыст.
- Псы… псы… - жиIащ жейм къиутIыпща и анэм. И къуэр къызэрыщхьэщытыр къыщилъагъум, къэуIэбжьащ:
- Сыт мы кхъуэщыныр щIумыгъэувыр?
- Укъызэрыушу, псы уезгъэфэн щхьэкIэ, - жэуап иритыжащ Баязид.
Ар зи гум щIыхьа и анэм хуэмышэчу жиIащ:
- Я Алыхь! Сэ си къуэм сыхуэарэзыщ, Уэри арэзы къыхухъу!
Алыхьталэм пэгъунэгъу цIыхухэм я псэлъэкIэр къызэрымыкIуэу, щIагъыбзэр щыкуэду апхуэдэщ, «сыту пIэрэ къригъэкIар» жыуагъэIэу.
Зэгуэрым Зуннун Мисрий и еджакIуэхэм яз Баязид и ужьым иувауэ кIуэрт.
- Хэт къэплъыхъуэр? – къоупщI Iэбу Язид, къызэмыплъэкIыу.
- Iэбу Язид срилъыхъуакIуэт, - жиIащ щIалэм.
- Уа, си щIалэ цIыкIу! Сэ езым илъэс 40 хъуауэ къызолъыхъуэ а жыхуэпIэр!
Арати, щIалэр и Iустазым деж кIуэжу, Баязид и псалъэхэр щыжриIэжым, модрейр къэмэхащ. ЗыкъищIэжа нэужь, Зуннун жиIащ: «Си къуэш Iэбу Язид и псэр Алыхьым и лъагъуныгъэм щIитати, иджы и еджакIуэхэм я гъусэу къелъыхъуэж».
- Пшхыныр дэнэ къыздипхыр? – къеупщIащ зыгуэр Iэбу Язид.
- Си Тхьэм хьэри кхъуэри егъашхэ, Iэбу Язид хуэмыгъэшхэну ара? – иритащ жэуап.
«Хьэуам къыщыпкIухьу зэхэсхащ», - къыжриIат зыгуэрым.
«Сыт-тIэ абы щхьэкIэ? Бзури мэлъатэ. Алыхьыр зи фIэщ хъу муслъымэныр бзум нэхърэ нэхъ лъагэщ», - жриIэжащ.
Баязид и псалъэ шэрыуэхэм ящыщ:
- Си ныбэр нэщIрэ сыщыгъыныджэу фIэкIа щIэныгъэ кIапэ къысIэрыхьакъым.
- Дунеягъэм си щIыб хуэзгъэзапэри, Алыхьым селъэIуащ: «Уа си Тхьэ! Уэ фIэкIа зыри къызыхуэмына цIыхум и лъэIукIэ зыныпхузогъазэ!» Абы иужь си гур схуигъэкъабзэри, дунейм тету хъуар Езым пэзмыщIу сищIащ.
Баязид жиIэрт:
- Алыхьым къигъэщIа цIыхум езым хуэдэхэм я дагъуэр къилъыхъуэн щигъэтыху, къызыфIэщIыжын гуэныхьым къыхэкIынукъым».
- Сытым щыгъуэ цIыхур ипэжыпIэкIэ Алыхьым и пщылI щыхъур? – къеупщIащ зыгуэр Баязид.
- Здынэсаи къехъулIаи имылъагъуу, езым нэхърэ нэхъ Iей дунейм темыту къыщыщыхъум деж.
- И насыпщ Алыхьталэм хуэпщылIын гукъыдэж фIэкIа имыIэу, и нэм илъагъумрэ и тхьэкIумитIым зэхахымрэ къызыфIэмыIуэхум.
- Алыхьым нэхъ пэжыжьэ дыдэр увыIэгъуэ ямыIэу Абы Iэпэ хуэзышийхэрщ. Нэхъ пэгъунэгъу дыдэр Алыхьым къигъэщIахэм гущIэгъу хэлъу ябгъэдэтхэрщ.
- Алыхьталэм и тыгъэхэр къызыIэрыхьэр куэд хуэмейхэрщ, хэплъыхь зымыщIхэрщ, шыдым ещхьу псори зышэчхэрщ.
- Алыхьталэр пшэм ещхьщ. И пщылIыр Абы хуэлIэмэ, уэшхым ещхьу и гум къишхэнущ.
- Сызыхуейм гущIэгъу Алыхьым хуэсщIыну къару къызитамэ, псом япэ зыхуэсщIынур си фэр тезыхахэрт, сызыгъэпудахэрт, пхъашэу къысхущытахэрт.
- «Ла илахьэ илла Лахь» псалъэхэм жэнэтыбжэр Iуахынущ, пэжкъэ?» - жаIэри къеупщIат. «Пэжщ», - яжриIащ, ауэ IункIыбзэр IункIыбзэIухым фIэкIа, зыми къыIуихынукъым. Ахэр плIы мэхъу: пцIы жызымыIэ, нэгъуэщIым хуэмыпсалъэ бзэгу, бзаджагъэрэ хьилагъэрэ зэрымылъ гу, шхын хьэрэмрэ нэпсеягъэрэ зымыщIэ ныбэ, Iиманыншагъэрэ псэжьыгъэрэ зыхэмылъ IуэхущIафэ.
- ЦIыхур зытекIуадэр IуэхугъуитIщ: къабзагъэм зэрызыщидзеймрэ Алыхьым и тыгъэхэм зэрелъэпауэмрэ.
- Алыхьыр къыпфIэмыIуэхунымрэ Ар пщыгъупщэнымрэ нэхърэ нэхъ тезырышхуэ щыIэкъым. Ар зы нэплъэгъуэкIэ пщыгъупщэныр жыхьэнмэ мафIэм нэхърэ нэхъ гуащIэщ.
- Дунеягъэр япэ изыгъэщым ищIэ тIэкIур имыщIэм фIыхэкIуэдэжынущ, фIэгъэщIэгъуэным зэрыкIэлъыжэм Алыхьыр щигъэгъупщэнущ, аращи, Абы едэIуэным нэхърэ емыдэIуэныр нэхъ къыхихынущ.
Зэгуэрым Iэбу Язид иущийхэм яз тхьэусыхащ:
- Илъэс 30 хъуауэ уи гъусэу къызокIухьри, а уэ зи гугъу пщIы гурыщIэ хэIэтыкIахэм щыщ зыри зыхэсщIакъым.
- Иджыри илъэс 300-кIэ си гъусэу къэпкIухьми, зыхэпщIэнукъым, - къыжриIащ Баязид. – Уи пагагъыр зэран къыпхуохъу.
- Сыт-тIэ сщIэнур?
- ЩыIэщ зы Iэмал, ауэ уэ ар бдэнукъым, аращи, зыми зихъуэжынукъым.
- ЖыIэт!
- Уи жьакIэр упс, хъыдан тIэкIу зэшэкI, дэ къэп къащти, бэзэрым техьэ, баш пIыгъыу. «Зэ къызэуэм, зы дэ естынущ», - жыIи, сабийхэм яхыхьэ. ИтIанэ къалэм къыдыхьэ, хейщIапIэм Iухьи, ардыдэр щыщIэ.
- Ар сэ схуэдэм жепIэу ара? – кIиящ щIалэр.
- Плъагъукъэ, бдэнукъым. Аращи, уи псэм и узыфэхэр къыпхуинэнущ.
Дауи, щIэныгъэлIым зызыхуигъазэр дин зэрызэрихьэм пагэ ищIа цIыхут. Ар фэкIэ зепхьэнымрэ гу къабзэкIэ зыхэпщIэнымрэ зэрызэщхьэщыкIым и щапхъэ лъагэу дунейм тета цIыхущ Iэбу Язид.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2026 - 14:00 →
Гъунапкъэ зимыIэ макъамэ
06.05.2026 - 12:35 →
Пшыналъэ цIыкIухэр
05.05.2026 - 11:18 →
ФIым ухуэзыгъэуш хъыбархэр
30.04.2026 - 16:47 →
Лъэпкъым хуищIэр фIэмащIэу
30.04.2026 - 14:46 →
Лъагъуныгъэм жаIэр къигъэзэжу
| ||




