- Бжьыхьэ лэжьэгъуэм догъэхьэзыр къэкIуэну илъэсым республикэм и бюджетыр зыхуэдэнур. А Iуэхуми дэ сыт щыгъуи жэуаплыныгъэ тхэлъу дыбгъэдохьэ. ДяпэкIи абы къыщыдгъэлъэгъуэн хуейщ республикэм щыпсэухэм нэхъыбэу ящхьэпэну Iуэхугъуэхэр зэрызэфIэдгъэкIынур, - пищащ къэпсэлъам. - Къэпщытэныгъэ Iуэхухэм я гугъу пщIымэ, апхуэдэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 30-м нэс едгъэкIуэкIынущ. Ахэр къызэдгъэпэщынущ «стIол хъурейхэм», «Правительствэм хухэтх сыхьэтхэм», комитетхэм я зэIущIэхэм япкъ иткIэ. Псалъэм папщIэ, дызэрыт мазэм Дзэлыкъуэ районым дыкIуэну тедухуащ, къуажэм спортым зэрызыщрагъэужьым зыщыдгъэгъуэзэну. ЩэкIуэгъуэм ди мурадщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ мыинхэр зэрырагъэфIакIуэ щIыкIэм Бахъсэн дыщытепсэлъыхьыну. Ди мурадщ гу-лъынтхуэ хирургием епха дэIэпыкъуныгъэр республикэм къызэрыщызэрагъэпэщымрэ технологие лъагэхэр дызэриIэмрэ ятеухуа зэIущIэ едгъэкIуэкIыну. Сыт хуэдэ Iуэху и лъэныкъуэкIи псынщIэу ахэр зэрызэфIэтхыным иужь дитын хуейщ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым къыхигъэщащ Мурманск, Иркутск щIыналъэхэм я хабзэубзыху зэхуэсхэм зэрадэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм Iэ зэрыщIадзынум зэрыхуэхьэзырыр. Апхуэдэуи жэпуэгъуэ мазэм Iэ щIадзынущ Осетие Ищхъэрэ - Аланием и Парламентым зэрыдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм. Депутатхэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэм и Парламент Зэгухьэныгъэм и XII конференцым. «ЗэрыжысIащи, лэжьыгъэшхуэ къытпэщылъщ. Шэч къытесхьэркъым, мы зэман мытыншым ди Iуэху бгъэдыхьэкIэм ди зыужьыныгъэр елъытауэ зэрыщытынур дэтхэнэми къызэрыгурыIуэм», - дыщIигъуащ Егоровэм.
ЗэIущIэм щыхахащ суд IуэхущIапIэ зыбжанэм я зэзыгъэкIуж хеящIэхэр. Дзэлыкъуэ районым и суд IуэхущIапIэ №1-м а къулыкъур щихьыну хуагъэфэщащ Хъуэст Къантемыр, Май районым и суд IуэхущIапIэ №1-м - Шунгаров Шамил.
Депутатхэм къащтащ «Административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэудынымкIэ КъБР-м и Кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «КъБР-м и туризм Iуэхум ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 5-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «Псы щIыпIэхэр къэгъэсэбэпынымрэ хъумэнымрэ я IуэхукIэ», КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ», «КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ къызэрыщызэрагъэпэщым ехьэлIауэ» КъБР-м и законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ-
хьэным и IуэхукIэ», «КъБР-м ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр (фэеплъхэр) хъумэным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 12 - 13-хэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным», «Щэнхабзэм теухуауэ» КъБР-м и законым и Iыхьэ 54-м зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным ехьэлIауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэр.
ЗэIущIэм щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2025 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ республикэм и Правительствэм къызэщIикъуэжам. Абы тепсэлъыхьащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ.
Депутатхэр арэзы техъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэнахэмрэ зэращыдэIэпыкъу Iэмалхэм дыщIагъухэм ятеухуауэ» КъБР-м и Законым халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм. КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ачемез жиIащ дэфтэрыр КъБР-м и Правительствэм къызэрыхилъхьар икIи сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ псэупIэ зэрырат лэжьыгъэр абы нэхъ зэригъэпсынщIэнур. «КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ, къыхэтлъхьащ зи ныбжьыр илъэс 18 - 22 хъуа сабий зеиншэхэм унэ къызэращэхун ахъшэ етыныр. Законым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, а Iэмалыр къагъэсэбэпыну хуитщ налог щIыхуэ зытемылъхэм, уголовнэ Iуэху зимыIэхэм, нарколог, психиатр учётым щымытхэм, апхуэдэуи щытыкIэ гугъу имыту езыр-езыру ахъшэр къеIызыхыфынухэм», - къыхигъэщащ абы. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, сабий зеиншэхэм ящыщу мы зэманым псэупIэ хуэныкъуэ цIыху 1502-м ящыщу 1100-м щIигъур балигъ ныбжьым нэсащ.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмкIэ, физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ жиIащ законопроектыр зэрыщхьэпэнур. Псом хуэмыдэу псэупIэхэр къэлъыхъуэнымрэ тегуэшэнымрэ къыхэкI лъэпощхьэпохэр абы игъэмэщIэнущ, къэрал дэIэпыкъуныгъэр зэрагъэзащIэм и фIагъым хигъэхъуэнущ. «Законым ирегъэфIакIуэ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ къэралым унэ яритынымкIэ щыIэ Iэмалхэр. Къыхалъхьэ дэIэпыкъуныгъэр къэзыгъэсэбэпыну хуитхэм хеубыдэ сабий 600-м щIигъу», - къыхигъэщащ Емузым.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ-Аланиемрэ я Парламентхэр зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм.
УФ-м и сенатор - КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ, ФедерацэмкIэ Советым Бюджетымрэ финанс IуэхухэмкIэ и унафэщIым и япэ къуэдзэ Ульбашев Мухьэрбий дызэрыт илъэсым и гъатхэ лэжьэгъуэм зэфIагъэкIа лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ.
Абы къыхигъэщащ блэкIа илъэс ныкъуэм ФедерацэмкIэ Советым и зэIущIэу 13 зэрекIуэкIар, абыхэм законопроект 355-м зэрыщыхэплъар. Сенаторыр къытеувыIащ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым гулъытэ щхьэхуэ зэрыхуащIар зауэлIхэм, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэм. «Къэтщта законхэр теухуауэ щытащ СВО-м хэтхэм я бынхэр еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщIагъэтIысхьэм, дзэ Iуэхум и ветеран цIэр зэрыхуагъэфащэ щIыкIэм зегъэубгъуным, СВО-м хэтхэм я Iыхьлыхэм зыгъэпсэхугъуэ махуэ лейуэ къащтэну хуиту зыгъэлажьэхэм къалэн зэращытщIым», - жиIащ къэпсэлъам.
Ульбашевыр тепсэлъыхьащ Бюджетымрэ финанс IуэхухэмкIэ комитетым и лэжьыгъэм. «УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыдиIыгъащ психоневрологическэ сымаджэщым и унэр зэгъэпэщыжыным сом мелуан 76-рэ федеральнэ бюджетым иджыри къыхухигъэкIыныр. А сымаджэщри республикэм нэгъуэщI и социальнэ IуэхущIапIэхэри зыхуей хуэгъэзэным икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, - пищащ къэпсэлъам. - 2025 гъэм ди щIыналъэм бюджет трансферт щхьэхуэу къыIэрыхьар псори зэхэту сом мелуан 300-м нэблагъэ мэхъу». Апхуэдэуи сенаторым жиIащ зэман гъунэгъум УФ-м и Правительствэм 2026 гъэм и бюджетыр къызэрыхилъхьэнур. Абы депутатхэр щигъэгъуэзащ киберщIэпхъаджагъэм пэщIэтыным, цIыхухэр абы щыхъумэным, «цифровой рубль»-р гъащIэм хэпщэным, нэгъуэщIхэми теухуауэ къащта законхэм.
Иужьу Ульбашевым жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэр, щIыналъэ унафэщIхэр, Къэрал Думэм и депутатхэр, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр щIыналъэм и пщэм дэлъ къалэнхэм зэгъусэу зэрелэжьыр зэрыщхьэпэр, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ фIыщIэ зэрыхуищIыр.
Егоровэ Татьянэ жиIащ федеральнэ законхэмрэ гугъуехь щыIэхэмрэ ятеухуауэ сенаторыр республикэм и депутатхэм къазэречэнджэщым мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр, ахэр эфир занщIэкIэ къызэрагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ абы и лэжьыгъэм щIыналъэм щыпсэухэми зыщагъэгъуэзэну Iэмал зэраIэр.