Ди лъэпкъэгъухэр ягъэгушхуэу![]() КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Сабий, щIалэгъуалэ творчествэмкIэ и Уардэунэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэ зытрах и «Кавказ пшэплъхэр» ансамблыр хэтащ Тыркум и Измит къалэм щекIуэкIа «Пишмание» XIII дунейпсо фестивалым, Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ я лIыкIуэу. Мы гъэм фестивалым хэтащ Алыджым, Италием, Румынием, Тыркум, Урысейм щыщ IуэрыIуатэ гупхэмрэ артистхэмрэ. Зэхуэсахэм ягъэзэщIа къафэхэмрэ уэрэдхэмрэ и щыхьэтщ лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэну яужь зэритым. «Кавказ пшэплъхэр» ансамблым дежкIэ мы фестивалыр гъэунэхуныгъэ тIуащIэт: япэрауэ, утыкушхуэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэн хуейт; етIуанэрауэ, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр ягъэгушхуэн къалэн къазэрыпэщылъри ящIэрт. Фестивалыр къызэригъэпэщащ Измит къалэ муниципалитетым, мэр Хюрриет Фатмэ Каплан я дэIэпыкъэугъуу. Зэхыхьэм и фIэщыгъэр – «Пишмание» - тырку лъэпкъ IэфIыкIэщ. А шхыныгъуэр гъэхьэзырыным теухуауэ къызэрагъэпэща мастер-классми яфIэгъэщIэгъуэну хэтащ ди артист ныбжьыщIэхэр. Урысейми Къэбэрдей-Балъкъэрми цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъыта «Кавказ пшэплъхэр» сабий ансамблым къэралым и цIэкIэ мызэ-мытIэу икIи ехъулIэныгъэхэр иIэу зыкъыщигъэлъэгъуащ дунейпсо утыкухэм. Гупыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 35-рэ зэрырикъур артистхэм нэгъабэ ягъэлъэпIащ. Ансамблыр я лауреатщ урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэ пщIы бжыгъэхэм. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2026 - 12:26 →
Хэт тыгъэр зыхуэфащэр?
08.10.2026 - 09:58 →
Лъэпкъ щэнхабзэр япэкIэ зыгъэкIуэтахэр
06.10.2026 - 15:00 →
Шордакъдэсхэм я «Адыгэ унэр»
06.10.2026 - 11:51 →
Адэшхуэм хуэфащэ къуэрылъху
05.10.2026 - 15:39 →
Щэнхабзэ зэхыхьэ нэхъыщхьэхэм яз
| ||





