Спорт хъыбархэр

     

Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ

Прохладнэ щIыналъэм и «Прималкинскэ» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ Адыгэхэм я махуэм и щIыхькIэ икIи абы щызэпеуащ КъБР-м и щIыналъэхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр.

ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэIущIэхэм кIэлъыплъащ щIыпIэ администрацэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, спорт зэгухьэныгъэхэм я лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, спортым дихьэххэр икIи зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, Прохладнэ щIыналъэм и командэм япэ увыпIэр иратащ. ЕтIуанэ увыпIэри а районым къыщынэжащ: ар яубыдащ прохладнэдэсхэм. Ещанэ хъуащ Вольнэ Аул икIа бэнакIуэхэр.

Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр иратащ. Апхуэдэуи ягъэпажащ командэхэм я тренерхэри.

 

 

 

Шыбзыхъуэ Чингиз и медалхэр

Болгарием и Албенэ къалэм фокIадэм и 10 - 23-хэм щекIуэкIащ армрестлингымкIэ (IэпщэкIэ зэпекъунымкIэ) дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 50-м я спортсмен 1500-м щIигъу.

Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм щыIащ икIи ди республикэм и щIыхьыр лъагэу щиIэтащ Шыбзыхъуэ Чингиз. Килограмм 70 зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ  адыгэ щIалэм Куржым, Молдавием, Тыркум я лIыкIуэхэр хигъэщIащ икIи Iэ сэмэгумкIи ижьымкIи зэIущIэхэм дыжьын медалхэр къыщихьащ.

Шыбзыхъуэ Чингиз и тренерхэр ТхьэмылIокъуэхэ Астемыррэ Ислъамрэщ.

Красноярск щыIэу

Олимп джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпион Шумаков Алексей и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIа 42-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэр иджыблагъэ щекIуэкIащ Красноярск къалэм бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и академием. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I5-м я спортсмен лъэщу I00-м щIигъу.

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэр мы гъэми а зэхьэзэхуэм  хэтащ икIи медалиплI абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Аслъэн Алихъанрэ (кг 55-рэ) Жолдащ Валерэрэ (кг 77-рэ). Ульбашев Iэдэмрэ (кг 60) Тау Жантемыррэ (кг 72-рэ) домбеякъ медалхэр къахьащ.

 

 Гимнастикэ

Зэпеуэ дахэ

 Къэбэрдей-Балъкъэрым эстетикэ гимнастикэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьынымрэ «Iуащхьэмахуэ и Кубокыр» къэхьынымрэ хуэунэтIа зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIащ Налшык къалэм Иджырей пятиборьем зегъэужьынымкIэ и центрым.

 Япэ зэхьэзэхуэм команди 8 хэтащ, псори зэгъусэу спортсмен 90-м щIигъу, Абыхэм зэхагъэкIащ урысейпсо зэпеуэм кIуэнухэр. Илъэс 14-16 зи ныбжьхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ «Iуащхьэмахуэ-Олимпия» командэм. Илъэс 12-14 хъухэм я деж нэхъыфIу зыкъыщигъэлъэгъуащ «Iуащхьэмахуэ-Толъкъун» командэм. Иджы ахэр хэтынущ Мэзкуу, Раменскэ къалэхэм щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэхэм.

«Iуащхьэмахуэм и Кубокым» щIэбэнахэр гупитIу гуэшауэ щытащ. Абы хэтащ Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ – Аланием, КъБР-м я спортсмени 100-м щIигъу. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу екIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Нартсанэрэ Налшыкрэ я лIыкIуэхэр: илъэси 6-8 хъухэм я деж - «Мирэ», илъэси 8-10-м – «Вагъуэхэм я дуней», илъэси 10-12-хэм - «Iуащхьэмахуэ-Фортунэ», илъэс 12-14-хэм - «Iуащхьэмахуэ-ЛъагапIэ» командэхэр.

 

 

 

КЪУЭЖЕЙ Алим

                                                                                             

Поделиться:

Читать также:

05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр
25.09.2026 - 16:33 → ЕкIуу къагъэзэж