Хым и ныджэрэ бгым и пкIафэрэ

Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм ящыщу, адыгэ-абазэ-убых лъэпкъ зэрыбыным, зэхэухуэна щIыкIэу, я бзэхэм къатепщIыкIа фIэщыгъэ зыбжанэм я гугъу тщIынщ
ЗэрытщIэщи, Ахын и Iуфэм адыгэхэр, абазэхэр, убыххэр илъэсищэ бжыгъэкIэ зэдыIусыгъащ. Абы къыхэкIащ зым и бзэр адрейм зэригъащIэу зэрызэдекIуэкIари, я псэлъэкIэм хэт языныкъуэ жыIэкIэхэр гъунэгъу лъэпкъхэм къызэращтари, лъабжьэ зэхуэмыдэхэр щIыпIэцIэхэм зэрыщызэхэувари. 
Апхуэдэу, Сочэрэ ТIуапсырэ я Iэгъуэблагъэм дызыщрихьэлIэ фIэщыгъэхэм куэду яхэтщ а лъахэм щыIуа убыхыбзэм, садзхэм (абазэ лъэпкъщ) я бзэм, адыгэбзэм къахэкIа псалъэпкъ щхьэхуэхэу тIуащIэ-щащIэу зэхэухуэнахэр.  
А щIыкIэм тету къэунэхуа щIыпIэцIэхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу тщIынщ.
Ачишхо – Шыщхьэ. А цIэр зезыхьэ шытхымрэ абы къыгуэт бгымрэ Мдзымтэ къуршыпс уэрыр зыдэт къуэм икухэм деж уащыхуозэ. 
Ворошилов Владимир «Топонимы Российского Черноморья» и тхылъым зэритым тетщIыхьмэ, «ачи» пычыгъуэр адыгэбзэм хэт «ажэ» псалъэм тегъэхуапхъэщ, «шхо» жыIэкIэр «лъагэ», «лъагапIэ», «аранэ» зыгурыгъэIуэкIэхэм хуэгъэкIуапхъэщ. 
АрщхьэкIэ, лъахэхутэхэм яхэтщ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр и щыпкъапIэм темыхуэу къэзылъытэхэри. Апхуэдэхэм зэрыжаIэмкIэ, япэрауэ, Мдзымтэ и къуэладжэм, «Къуэбыдэ» («Красная Поляна») жыхуэтIэри хыхьэу, 1864 гъэ пщIондэ щыпсэуар адыгэхэр «мудэвей» - кIэ дызэджэу щытахэрщ (медовеевцы), зэрыпсалъэу къадекIуэкIари абазэ-абхъаз лъэпкъхэм зэрахьэу щыта я бзэ къуэпсхэм язщ. ЕтIуанэрауэ, зи гугъу ящI бгым и щыгумрэ абы къыпэгъунэгъу шытхымрэ я сурэтыр ажэм и теплъэм, ауэ жыжьэуи, ещхькъым. Ещанэрауэ, «шхо» - «шхуэ»-м адыгэбзэкIэ къикIыр «лъагэкъым» икIи «лъагапIэкъым», атIэ, зэрынэрылъагъущи, «инышхуэ» егупсысыкIэрщ. 
Иужьрейхэм къызэралъытэмкIи, адыгэхэми абхъазхэми ди япэ ита ди нэхъыжьыфIхэр а лъагапIэхэм зэреджэнкIэ хъуну щытар абхъаз щIэныгъэлI Инал-ипа Шалвэ (Щэлыуат) къигъэлъэгъуа Iуэху еплъыкIэм хуэдэрщ, нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, «Ачишхо» псалъэм къикIыр «Шыщхьэ» - щ. 
Ауэ щыхъукIи, а щIэныгъэлIым «ачи» пычыгъуэр абазэбзэкIи, абхъазыбзэкIи, убыхыбзэкIи нэхъ зыхуэпхь хъуну къилъытар дэ, адыгэхэм, «шы» жыхуэтIэрщ, «шхо» Iыхьэр грамматикэ и лъэныкъуэкIи и IукIэкIи (фонетикэ) нэхъ зытехуэр абазэ-абхъаз-убых лъэпкъ зэрыбыным Iуащхьэм зэреджэу къадэгъуэгурыкIуа «щхъа» псалъэрщ. АтIэми, ди бзэгъухэр зыщыгуфIыкIын хуейуэ сэ къэслъытэр, мы щIыпIэцIэм и зэхэлъыкIэр абы ещхьу адыгэбзэм хэт псалъэхэм зэраблагъэрщ: «ачы» - «чы» - «шы», «Iуащхьэ» - «бгыщхьэ» - «шхъа». Абы нэхъри нэрылъагъу тщещI ди бзэхэм (жьы дыдэми) зы лъабжьэ зэраIэр.
Анакопсы – Анэкъуэпсы. Хы ФIыцIэр зи кIуапIэ, Ашэ Хьэджыкъуэ (Хьэжыкъуэ) шапсыгъ къуажэм деж сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхэлъадэ псы бгъунжхэм язым зэреджэм ехьэлIауэ еплъыкIэ зытIущ щыIэщ.
Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, фIэщыгъэр Iыхьищу зэхэтщи, япэ Iыхьэр хуэпхь хъунущ абазэ-абхъаз-убыххэм я бзэхэм зэдыхэт «Ан/Ана» псалъэу тхьэхэм ящыщ зым зэреджэу щытам. ЕтIуанэ пычыгъуэр, адыгэбзэм и IукIэ псоми щыхалъагъуэ «къуэ» жыIэкIэм хуэкIуэр, абы къыкIэлъокIуэ. Ар, дызэрыщыгъуазэщи, къызэрыдгурыIуэ хъунур тIууэ зэщхьэщокI: япэр – «къуэладжэ», «къуэкIий», «тIуащIэ» мыхьэнэхэм тедгъахуэрщ, етIуанэр – «бын», «щIэблэ». «Анэкъуэпсы» фIэщыгъэм и ещанэ Iыхьэр «псы» жыхуэтIэрщ. Ауэ щыхъукIи, къризэщIэткъуэжу къыхэдгъэщынщи, зэпкърытх щIыпIэцIэм и етIуанэ-ещанэ Iыхьэ «къуэ - псы»-р лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зыхуагъэкIуэжыр «псыр зыдэт къуэ» е арыххэу «псы ежэх» жыхуиIэрщ.
Зэрыщыту къатщтэмэ, щIыпIэцIэр къызэрыдгурыIуэ хъунур «Ан/Анэ тхьэм и псы къуэкIий» мыхьэнэм хуэдгъакIуэущ (ищхьэкIэ зи гугъу тщIа лъахэхутэхэм зэрагъэувым дытетмэ).
ФIэщыгъэм и къэхъукIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI егупсысыкIи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, къызыхэкIа лъэпкъым ижькIэрэ къыдекIуэкIа щIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэдкIэ яужь ита КIуэкIуэ Жэмалдин I974 гъэм къыдигъэкIа «Адыгская (Черкесская) топонимика» и тхылъым зэритым тетщIыхьмэ, «Анэкъуэпсы» щIыпIэцIэм и къэхъукIэр «Анапэ» фIэщыгъэм и къэунэхукIэм ещхьщ. ТIуми хэт «ана» Iыхьэр КIуэкIуэм зыхуигъадэр убыххэр псы ежэхым зэреджэу щыта «анохье» псалъэмрэ абхъаз щIыпIэцIэ зыбжанэу а едзыгъуэмкIэ къыщIидзэхэмрэщ: «Ана-хьэ», «Ана-къэпстэ» («ана-къэ» - «мыл джей»). 
Азыгъуч. Псыбэ (ТIуапсы и Iэгъуэблагъэм щожэх) сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыIут лъагапIэщ. Мы жыIэкIэм и япэ IыхьэмкIэ зэхэухуэна хъуа щIыпIэцIэ зыбжани а Iэхэлъахэм ехьэлIащ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Азипс» - псыпцIэ псы цIыкIур (Апостолов); «Азюпсь» - Убын хэлъадэ псы бгъунжыр (Люлье); «Азжьхе» - Пшышэ хэлъадэр (Хъан Джэрий), нэгъуэщIхэри. 
Азып. Шапсыгъхэм къагъэсэсэбэп псалъэщ, Агуипс и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIэ псынэпс псы цIыкIум апхуэдэу йоджэ. Мы щIыпIэм пэмыжыжьэу ущрохьэлIэ Азыпэтх бгы екIуэкIми, абы и щхьэщыгу ит Азыпэтха(ы)хъу хъупIэми. 
Азыпэ ичIыгъу. Пшыш и зэпрыкIыпIэм а цIэр трагъэIукIащ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, азы – пычыгъуэр абазэбзэм хэт адзы – псы псалъэм къытепщIыкIащ.
Бзыч. Адыгэхэм я Хэкужьыр зыгъэдахэ Шахэ псышхуэр, и жапIэр зэрыщыту къэтщтэнщи, хы ФIыцIэм щыхэхуэж и нэпкъым деж къыщыщIэдзауэ и къуэпсхэу Бзычрэ Бзыгурэ къыщыхэлъадэ икухэм нэсыху убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ зытеса я щIыгум и зэпылъыпIэу щытащ. Бзыч сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Шахэ щыхэхуэжыр хы ФIыцIэм километр 30-кIэ пыIухауэщ. 
БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, убыхыбзэм къыхэхъукIа псыцIэр IыхьитIу зэхэтщ: япэр - «бзы»-«псы», етIуанэр - «чIы»-«чIы­Iэ». «Псы щIыIэ» жыхуиIэщ. А псы цIыкIур Шахэ къыщыхэлъадэм ищхьэкIэ щыIэ бгыми а цIэр кIэрыпщIащ. Мы Iэхэлъахэм ущрохьэлIэ «АтакъэзэуапI» (АдакъэзэуапIэ) цIэр зытрагъэIукIа къыр дзакIэжь зэупсеяхэми.
Псыбэ-Бзыбэ-Псыпэ-Бзыбь. Мы цIэр зэрехьэ КъухьэпIэ Кавказым и псыежэх нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым. Абхъаз Республикэм итщ. Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Аданге щхьэдэхыпIэм (метр 2300-рэ и лъагагъщ) хы ФIыцIэмкIэ гъэза и джабэ задэхэм къыщIэж псы къуэпсхэмкIэ а щIыпIэм зыкъыщызэщIекъуэри, Пицундэ хытIыгуныкъуэм деж, хуэищхъэрэу, хым щыхолъэдэж. 
Бзыбэ къызыдэж тIуащIэр хьэкхъуафэжьым ещхьу бгъуфIэщ икIи бгъунжырыкIуэ шытххэмкIэ къэувыхьащ. И псыхъуащхьэр уэсылъэ аранэхэм жьэхэгъэкъуащи, абыкIэ зэрынэхъ щIыIэтыIэм къыхэкIыу, хьэуар и пIэ йокIри хуабэр нэхъ зыIыгъ тенджызымкIэ къоIэ. А щIыкIэм тету километрищэм щIигъу къызэзынэкIа жьым зыкъызэщIещIэри, хы псыIум гъунэгъу къызэрыхуэхъуу къыбжьэхэпыджэу щIедзэ. 
Лъахэхутэхэм къызэралъытэмкIэ, километри 110-рэ зи кIыхьагъ псы ежэхым фIащар IыхьитIу зэхэухуэнащ. «Бзы» пычыгъуэр, зэрыжытIащи, убыххэм я бзэм къызэрыщыкIуэр «псы» мыхьэнэ щиIэущ. Абы къыкIэлъыкIуэ «пэ» Iыхьэри, зэрынэрылъагъущи, зэхэгъэкIыгъуейкъым – ар адыгэбзэм хэт «пэ» псалъэрщ, мыбдежым къыщрагъэкIри «псым и хэхуэжыпIэ» жыхуиIэрщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, зи гугъу тщIы фIэщыгъэр япэщIыкIэ зытеIукIагъэнур псышхуэр хым щыхэлъэдэжырщ. 
ФIэщыгъэр «бзы» - рэ «бэ» - уэ зэхэухуэнауэ жызыIэхэри щыIэщ, псы ежэхыр и кIыхьагъкIэ уэру икIи псыбэу зэрыщытым къыхэкIыу. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: