Адыгэм и Iэнэ лъакъуищым хуэдэщ ди бзэр, хабзэр, щэнхабзэр. Дуней псом дыкъызэрыщацIыхуа а фIыгъуэхэр дяпэкIи быдэу къызэтенэн щхьэкIэ дыхуэсакъыу зетхьэн хуейщ. Лъэпкъым и тхыдэр тщIэжыху, абы и щэнхабзэр тIэтыху ар псэущ.
Дызэрыт лъэхъэнэм зы лъэныкъуэкIи гугъу хъуащ жыхуэтIэхэр къохъулIэныр - хамэбзэхэр анэдэлъхубзэм и «гущIыIу» къокIуэ, щIэблэр нэгъуэщI щэнхабзэхэм дахьэх. Ауэ диIэщ адрей лъэпкъхэм дахэмышыпсыхьыжу дыкъызэрызэтенэным тегузэвыхь щIалэгъуали. Абы, шэч хэмылъу, урогушхуэ. Апхуэдэхэм я гупсысэ, Iуэху еплъыкIэ зэдгъэщIэным, фэри фэдгъэцIыхуным ирипытщэу, мы зы гъуэгукIэ «Адыгэ псалъэм» къедгъэблэгъар жылагъуэ Iуэхухэм пасэу дихьэха, хэкупсэу, жэуаплыныгъэ хэлъу зыкъэзыгъэлъэгъуэну хунэса Хъыжьрокъуэ Азэмэтщ.
Дыгулыбгъуей къуажэм щыщ щIалэм 2024 гъэм Москва дэт финанс-юридическэ академием и бакалавриатыр къиухащ, мы зэманым магистратурэм и щIэныгъэм щыпещэ. Къэбэрдей Аыгэ Хасэм и тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъуу, Азэмэт йогугъу къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу къэгъэтэджыным. Къэбгъэлъагъуэмэ, 2016 гъэм Бахъсэн къалэм и ЩIалэгъуалэ администрацэм зэрыхыхьэрэ, зэрыхузэфIэкIкIэ хущIокъу лъэпкъ хабзэхэм нэхъыщIэхэр щыгъэгъуэзэным и гуащIэ зэрыхилъхьэным. Хъыжьрокъуэр жыджэру хэтащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым и «ЩIалэгъуалэ Гвардием» и щIыналъэ къудамэм икIи мызэ-мытIэу къэрал, щIалэгъуалэ зэхыхьэшхуэхэм ягъэкIуащ. И жыджэрагъым гу лъатэри, 2018 гъэм ар хагъэхьащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэми. 2020 гъэм щегъэжьауэ «Урысейм папщIэ» цIыхубэ фронт» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ штабым хэту, щIалэр волонтёр лэжьыгъэм, цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iуэхухэм иужь итщ.
2021 гъэм Азэмэт къызэригъэпэщащ «Хабзэхъумэ ныбжьыщIэхэр» жылагъуэ дружинэр. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я гъусэу, дружинэм хэтхэр кIэлъоплъ Налшык къалэм и уэрамхэм жылагъуэ хабзэр зэрыщагъэзащIэм. 2022 гъэм Азэмэт дзэм къулыкъу щищIащ. Къигъэзэжа нэужь, жылагъуэ лэжьыгъэм щыпищэжащ «Боевое братство» зэгухьэныгъэм. Волонтёр лэжьыгъэм и гугъу пщIымэ, Хъыжьрокъуэм и гуащIэ хилъхьащ дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм зэрадэIэпыкъур зэхуэхьэсынымрэ щIыналъэщIэхэм щыпсэухэм псом япэу зыхуеину хьэпшыпхэр яхуегъэшэнымрэ.
ЩIэблэр хэкупсэу къэгъэхъуным, жылагъуэ-къэрал Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым къыпэкIуэу, Хъыжьрокъуэ Азэмэт мызэ-мытIэу щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм, щIыпIэ унафэр зезыхьэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIыу.
«Сыт языныкъуэхэр апхуэдэу хэкупсэ зыщIыр, къалэн пыухыкIахэр я пщэ зэрыдэлъыр зыхезыгъащIэр?!» Шэч къытетхьэркъым ар унагъуэм деж къызэрыщежьэм. Азэмэт 8 - 9-нэ классхэм Москва курыт школым щеджащ, и адэ-анэр лэжьыгъэ IуэхукIэ ди щыхьэрым щыIэти. ЩIалэм абы щыгъуэрауэ къелъытэ, жылагъуэ Iуэхухэм зыщигъэгъуазэу, дихьэхыу щыхъуар. Урысыбзэри къигъэшэрыуауэ, еджэнми фIыуэ хэзэгъа пэтми, абы и гур къеныкъуэкъурт Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжыну. ЦIыхур дэнэ щымыIэми и къуэпсхэр къыщежьэм зэреIэр, щалъхуа щIыналъэм нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр япэу абдежщ щызыхищIар. Къигъэзэжа нэужь, Бахъсэн къалэм ЩIалэгъуалэ администрацэ щызэхаша къудейуэ ирихьэлIэри, абы занщIэу хыхьащ. Псори зэхэту илъэсипщI хъууэ къыщIэкIынщ жылагъуэ Iуэхум абы и гуащIэ зэрыхилъхьэрэ. Япэ дыдэ гукъинэж щыхъуауи зыхэтар 2014 гъэм КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ ягъэувауэ щыта Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм иращIэкIа зэхыхьэрт. ИужькIэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр щызэфIигъэкIащ, и къэухьым щыхигъэхъуащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм. Ар щIалэгъуалэм заужьынымкIэ IэмалыфIщ. Абы и фIыгъэкIэ гъунэгъу щIыналъэхэм я щIалэгъуалэм щыщ куэд зэроцIыху, ныбжьэгъу зэхуохъу. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм пыщIа зэрыхъуами Хъыжьрокъуэм мыхьэнэшхуэ ирет, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум иригузавэу, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуарэт жиIэу щытщи.
КъищынэмыщIауэ, Азэмэт КъБР-м и Жылагъуэ палатэми щыIэщи, и пщэрылъхэр жэуаплыныгъэ пылъу зэригъэзэщIэнум хущIокъу. Абдеж къалэн нэхъыщхьэу ягъэув щIэблэр хэкупсэу къэхъуным я нэIэ трагъэтыныр. ЦIыху хэтыкIэмрэ гъэсэныгъэмрэ иджыпсту иумыгъэгугъумэ, иужькIэ щIалэгъуалэр пIэщIэкIынущ. Гулъытэ хэха зыхуащIхэм ящыщщ терроризм, экстремизм гупсысэхэм ахэр пэIэщIэ щIыныр. Абы и лъэныкъуэкIэ ди лъэпкъ щэнхабзэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкI. «Зы динми хэткъым лей зепхьэ хъуну. Аращи, фIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу щIэблэр дунэтIын хуейщ. Ди щIыналъэр нэхъри къэгъэщIэрэщIэжыныр, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я зэныбжьэгъугъэ-зэпыщIэныгъэр нэхъри егъэфIэкIуэныр - мыхэр псори ди зэхуэдэ къалэнщ», - жеIэ абы.
Хъыжьрокъуэм 2024 гъэм къыхуагъэфэщащ «Дзэ-хэкупсэ Iуэхум зэрыхэлэжьыхьым папщIэ» медалыр. Ари Азэмэт иригъэкIуэкIа лэжьыгъэ пыухыкIам къыпэкIуащ. Дзэм къулыкъу щищIа нэужь, КъБР-м и военкоматым пIалъэкIэ ар щылэжьащ. IуэхущIапIэм и пщэрылъкIэ, щIалэгъуалэм яIущIэурэ къэралым ухуэпэжыныр, Хэку лъагъуныгъэр зищIысыр, дзэ Iуэхум и мыхьэнэр, цIыхухъум дежкIэ лэжьыгъэ хуэхъуным абы куэд зэрелъытар, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди къыщаIэта зэхыхьэхэм ар хэтащ. Зи гугъу тщIа дамыгъэри къызыпэкIуар а лэжьыгъэращ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэми илъэс зыбжанэ мэхъу ар зэрыхэтрэ. Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гъусэу, иджыблагъэ Адыгэ ЩIалэгъуалэ хасэ къызэрагъэпэщащ, абы и унафэщIуи ар игъэуващ. Иджыпсту я лэжьыгъэр зэраунэтIыным йогупсыс. Мурадхэм ящыщщ лъэпкъ Iуэхум тегузэвыхь щIалэгъуалэр зэрагъэуIуу, щэнхабзэ Iуэху къызэрагъэпэщми, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIми, апхуэдэ щIыкIэкIэ зэдагъэлэжьэну.
Дауи, Азэмэт езыри щIалэгъуалэм ящыщщ. Абы къыхэкIыу сыт хуэдэ гугъуехьхэм, лъэпощхьэпохэм щIалэгъуалэр Iууэу гу лъитэми тфIэгъэщIэгъуэну деупщIащ. «Пэжыр жысIэнщи, Iуэху зэIумыбз куэд щыIэщ. Псалъэм папщIэ, щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтахэр, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу, я IэщIагъэм иримылажьэу, ахъшэ къызыпэкIуэн лъыхъуэу нэгъуэщI щIыналъэхэм зэрыкIуэр, - жеIэ абы. - Гугъуехь нэхъыщхьэр зэпхауэ къэслъытэр къэралым зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыщекIуэкIрэ, иужьрей илъэс 30-м, унагъуэ зэхущытыкIэхэм, абы илъыпхъэ хабзэхэм я мыхьэнэр къызэрамылъытэжырщ, нобэ мылъку яIэмэ зэдопсэу, ямыIэрэ - зэбгрожыж. Мис ар нэхъ Iуэхугъуэ шынагъуэу къызолъытэ. ЦIыхугъэ, адыгагъэ, муслъымэныгъэ жыхуэтIэхэм нэхъ зыхуагъэзэну ди хъуэпсапIэщ. Ди япэ итахэм, ди нэхъыжьхэм я дежкIэ унагъуэр сыт щыгъуи лъэпкъым къэкIуэн зэриIэнум и нэщэнэу щытащ. Аращ дызэгупсысыпхъэр. Пэжщ, ди къэралыр мы зэманым хущIокъу бын къызыхэхъуэхэм зэрызащIигъэкъуэным. Ауэ а Iуэхуми зегъэужьыпхъэу къызолъытэ. Дауэ жыпIэмэ, цIыхум унагъуэ иухуэну мурад щищIам деж щегъэжьауэ къэралыр дэIэпыкъуныр нэхъ сфIэкъабылщ. ЩIалэгъуалэр зыщыгугъын илъагъумэ, и лъэр нэхъ иукъуэдиифынущ, пщэдейрей махуэм нэхъ тегушхуэфынущ.
Шей удз щагъэкI губгъуэм зэ уитамэ, уи нэгу къыщIэбгъэхьэфынущ мы зи гугъу сщIынур. Мис абдеж къытрах шей тхьэмпэ ягъавэращ нэхъыфIу къалъытэр, абы къыщIэщэщыжауэ тхылъымпIэ плIимэ цIыкIухэм иракIутэракъым, пэжкъэ?! Мис а шей удзым щIэщэщам хуэдэ дымыхъун папщIэ, хабзэр къэтIэтыжыным, лъэпкъым зыкъэтщIэжыным, дыкъэщIэрэщIэжыным, хабзэкIи фащэкIи нэгъуэщIхэм щапхъэ дахуэхъуу зэрыщытам къедгъэгъэзэжыным дегугъун хуейщ. Дызэрыгушхуэнщи, а Iуэхум телажьэхэр щыIэщ. Жьым ириуда жыгыр зым и къарукIэ къыхуэIэтыжынукъым, ауэ дызэхыхьэмэ, ар къэтIэтыжынурэ хэтсэжыфынущ».
Хъыжьрокъуэр Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетми мы зэманым щоджэ, хьэжыщIи мы гъэм щыIащ.
Анэшхуэм нэмэз ищIу зэрыцIыкIурэ зылъэгъуа щIалэм, дауи, диныр и гум илъу къэхъуащ. Гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIи мы щIалэм адэ-анэр зэрегугъуар нэрылъагъущ.