Адыгэгущ, макъ жьгърущ

Маргъущ Тамерлан Щхьэлыкъуэ къуажэм щыщщ. ЩIалэ жыджэр цIыкIур республикэм щекIуэкI Iуэхухэм хэту куэдрэ щыдолъагъу: уэрэд жиIэу, хъуэхъу иIэту, къафэу. Тамерлан ди упщIэ зыбжанэм къыпэджэжащ.  

- Тамерлан, сыт хуэдэ дерс нэхъ удэзыхьэхыр - математикэ, литературэ, хьэмэрэ..?

- Сэ Щхьэлыкъуэ дэт езанэ курыт школым тху защIэкIэ сыщоджэ. СфIэфI дыдэу сокIуэ школым, Зэклассэгъухэр фIыуэ дызэролъагъу, дызэрогъэныбжьэгъу. Дызэджэхэм псом япэ изогъэщ адыгэбзэр - анэдэлъхубзэмкIэ еджэнри тхэнри зэи къызэгугъуэкIакъым. Сигу ирохь математикэри – абы сегъэгупсысэ. Урысыбзэри инджылызыбзэри сфIэгъэщIэгъуэнщ.

- Ин ухъумэ, сыт IэщIагъэу къыхэпхынур?

- Утыкушхуэ ситу си нэгу къыщIызогъэхьэ. УэрэджыIакIуэ сыхъуну сыхуейщ! Иджыри сыхуейщ IэфIыкIэ щащI заводышхуэ сухуэну! Си мурад псори къызэхъулIэн щхьэкIэ, псом япэ фIыуэ седжэн хуейщ!

- Уэрэд жыIэным хэт удригъэхьэха? Зыгуэр щапхъэ пхуэхъуауэ пIэрэ?

- ИлъэситI сызэрыхъурэ, сыкъэфэн, уэрэдым сыдежьууну сыхэтти, си адэ-анэм гу къыслъатэри, сытрагъэгушхуэурэ, фIыуэ слъэгъуащ уэрэд жыIэныр. Си адэр щышколакIуэм уэрэд жыIэным дихьэхыу щытащ, зэпеуэхэм хэту, школым щекIуэкI пшыхьхэри игъэдахэу. Абы и лъэужьым срикIуэжауэ жаIэ.

 Зэпеуэ куэдым япэ увыпIэ къыщысхьащ. Сэ нэхъри лъэщ сащIу къысщохъу текIуэныгъэхэм – иджыри нэхъыбэ сщIэну сыхуей мэхъу. Макъамэ пшыхьхэм срагъэблагъэри, сфIэфIу сыхэтщ. Адыгэ уэрэдыжьхэр жызоIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIи согъэзащIэ уэрэдхэр. Сэ езым си уэрэдхэри сиIэщ.

- Сыт хуэдэ ахэр, хэт пхуитха?

- Жабо Замирэ схуитхащ «Адыгэ джэгу» уэрэдыр. ЕтIуанэр - «Адэ-анэ» уэрэдыр - Бэвыкъуэ ФатIимэ схуитхащ. Ещанэр Тлъашэ Альберт итхат Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ зэрырикъум щхьэкIэ. Сэ тыгъэ къысхуищIащ, макъамэмкIэ си егъэджакIуэр къыздэIэпыкъуурэ уэрэдыр къэдгъэIуащ.

- МакъамэмкIэ уи гъэсакIуэм и гугъу къытхуэпщIын?

- Ар уэрэджыIакIуэ ДыщэкI Артурщ, сэбэп къысхуэхъуащ си макъыр нэхъ къызэрыкIынымкIэ, утыкум ситыну сытегушхуэнымкIэ.

- Ди республикэм и уэрэджыIакIуэхэм ящыщу хэт щапхъэ пхуэхъур?

- УэрэджыIакIуэ Iэзэ куэд соцIыху. Ауэ псом япэу щапхъэ схуэхъур Нэхущ Чэримщ. Къысщохъу уэрэд жыIэным гу хуэзыщIу хъуам Чэрим я щапхъэу, абы ещхь хъуну ехъуапсэу. СызэрыцIыкIунитIэрэ Нэхущ Чэрим и уэрэдхэм содаIуэ, ахэр гукIэ сощIэ, и пшыхьхэм сыкIуа нэужь, си Iэпэр иубыдт утыкум сришэрти, сыздригъэжьурт, икIэми дахэу къызэхъуэхъужырт. Апхуэдэхэм деж си гур хэхъуэрт, сылъэтэн сфIэщIт. Сэри сыщIохъуэпс Нэхущ Чэрим хуэдэу цIыхухэм фIыуэ ялъагъу уэрэджыIакIуэ нэс сыхъуну!

- АдыгэбзэкIэ усэ укъеджэну зэрыпфIэфIри сощIэ…

- ИлъэсиплI сыщыхъум Нало Заур «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» и усэр зэзгъащIэри, си анэм зэпеуэм сыхигъэхьат. «Литературный Старт-Ап»-м Гран-при къыщысхьауэ щытащ. Апхуэдэу абыи сыдихьэхащ. Усэ зэпеуэ зыбжанэми япэ увыпIэ къыщысхуагъэфэщащ абы и ужькIэ. Усэ куэд, хъуэхъу зыбжанэ гукIэ сощIэ. Абыхэм папщIэ къызатауэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и щIыхь тхылъхэр сиIэщ. Ди лъэпкъым махуэшхуэхэм теухуауэ иригъэкIуэкI Iуэхухэм сэ сыщагъэхъуахъуэ.

- Егупсыси къыджеIэт… Сыт цIыхум и анэдэлъхубзэр Iэмал имыIэу ищIэн щIыхуейр?

- Анэхэм къытIуралъхьэри, дропсалъэри, дризэгуроIуэри… ИтIанэ, нэхъыжьхэм куэдрэ жаIэу зэхызох лъэпкъым и псэр и бзэр арауэ. Абы щхьэкIи тхъумэн хуейщ ди бзэр. АдыгэбзэкIэ дыпсалъэмэ, усэхэмрэ уэрэдхэмрэ жытIэмэ, дыщIэрэщIэну къысщохъу.

- Тхьэм уигъэпсэу, щIалэфI, уи мурадхэр къохъулIэну ди гуапэщ!

Епсэлъар НАФIЭДЗ Данэщ.

Поделиться: