НыбжьыщIэхэм утыкур ягъэбжьыфIэ

Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым, театрым и лэжьэгъуэ пIалъэр щызэтраублэжым ирихьэлIэу, «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и актёрхэр налшыкдэсхэм Адыгэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ.

Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным зи лэжьыгъэр хуэунэтIа театр-студием и артист ныбжьыщIэхэм мы IуэхущIапIэм япэу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Ахэр къеджащ Токъмакъ Айдин, Пащты Мадинэ, Куэтэншы Иринэ сымэ я усэхэм, адыгэ щэнхабзэм хэлъ Iущыгъэмрэ дахагъэмрэ теухуахэм.

ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ республикэм и щIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыпIэ щыкIуэкIэ, я лъэпкъ щэнхабзэр я хьэл-щэнхэмкIэ дуней тетыкIэмкIэ къагъэлъэгъуэн зэрыхуейр. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыкIэ щапхъэщ щIалэгъуалэ театрым и артистхэр.

Театреплъхэмрэ артист ныбжьыщIэхэмрэ зэпсэлъащ лъапIэныгъэхэм (нэхъыжьым пщIэ хуэщIыным, хьэщIагъэ ехыным, лъахэр фIыуэ лъагъуным, укъызыхэкIахэр пхъумэным) яIэ щIэупщIэм теухуауэ. А лъабжьэхэрщ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэр.

«Сыринэ» театрым и унафэщIыр КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэм хэкупсэ, псэкупсэ гъэсэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэдщ. Режиссёрыр театрымрэ киномрэ я актёр Къанкъул Ислъамщ. Театрым и репертуарым хэтщ Къаныкъуэ Заринэ и пьесэхэм къытращIыкIа «Унащхьэ», «КъежэкI», «МафIэгу» спектаклхэр. Иджыблагъэ ягъэуващ Аброкъуэ Аслъэн и пьесэм къытращIыкIа «Къуажэ» спектаклыр. Гупыр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэситху ирокъури, ар дызыхуэкIуэ мазэм Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щагъэлъэпIэну траухуащ.

- Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу щIалэгъуалэм захузогъазэ ди хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ я дахагъэмрэ лъапIагъэмрэ ялъытэну, ахэр IэщIыб ямыщIыну, анэдэлъхубзэр яхъумэну, гъунэгъу лъэпкъхэм пщIэ, нэмыс, зэныбжьэгъугъэ, зэгурыIуэ ди зэхуаку дэлъу дакъыдекIуэкIыну, - жиIащ Гугъуэтыж Ахьмэд.

Пшыхьым зыкърагъэхьэлIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэу №18-м, №25-м, №28-м я еджакIуэхэм, УхуакIуэ колледжым и студентхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: