Нэхъыжьи нэхъыщIи зэзышалIэ лъапIэныгъэшхуэ

Бахъсэн щIыналъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ къалэм и махуэмрэ Адыгэхэм ди махуэшхуэмрэ.

Лъэпкъ хабзэхэр, пасэрей дауэдапщэхэр, адыгэ щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ щызэхэухуэна пшыхь гукъинэжхэр мы махуэхэм щыкуэдт Бахъсэн къалэм «Мамырыгъэ, щэнхабзэ, зыгъэпсэхупIэ» паркым. Зэхыхьэм и курых хъуащ лъэпкъ фащэхэр къызыщыпс нэхъыжьхэр, жылагъуэ, щIалэгъуалэ, сабий творческэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, спортым, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм я лэжьакIуэхэр, къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ паркым и алее нэхъыщхьэм зэрырикIуар. Нэхъыбэ дыдэу лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу 2017 гъэм бахъсэндэсхэр зыхэта зекIуэм ебгъапщэмэ, мыгъэрейм хэтахэм я бжыгъэр цIыху минищым нызэрыхьэсырт.

Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ лъэпкъ шхыныгъуэ лIэужьыгъуэхэр ягъэхьэзыращ икIи адыгэ пщIантIэхэм щагъэлъэгъуащ. КърихьэлIахэм хьэщIагъэ ирахыу ирагъэплъащ абыхэм я IэфIагъыр зыхуэдэм.

Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим махуэшхуэм хыхьэу щIыхь тхылъхэмкIэ игъэлъэпIащ къалэм и зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ илъэс куэдкIэ я гуащIэрэ къарурэ емыблэжу хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэр.

ЩIыналъэм и артистхэу Зеущэ Iэуес, Мэремыкъуэ Резуан, Бэрбэч Аскэр, Бэч Азэмэт, Ташло Алий, Теувэжыкъуэ Руслан, Къуэдз Залым, «Ветеран», «Бахъсэн ауз», «Модис» «Хабзэ», «Ридадэ» «Iэдииху», «Махуэгъэпс» уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ ансамблхэм махуэшхуэр ягъэдэхащ, зэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ. Концертыр щекIуэкI утым пэгъунэгъуу цIыху IэпщIэлъапщIэхэм, ныбжьыщIэхэм я IэрыкIхэм, художник-модельер ХьэцIыкIу Мадинэ игъэхьэзыра адыгэ фащэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщати, зэхуэсахэр дихьэхыу еплъащ абыхэм. КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс адыгэ Iэщэхэр, ахэр зэрагъабзэр игъэлъэгъуащ. Бахъсэн къалэм ГъуазджэмкIэ и сабий школым и гъэсэн Iэщын Сэтэней никтографикэмкIэ мастер-класс итащ. Уэркъуасэ Каролинэ зэхуэсахэм иригушхуэу яхутепсэлъыхьащ гъуазджэм, щэнхабзэм, лъэпкъ къафэхэм яхуиIэ лъагъуныгъэм. Мазло зэкъуэшхэм ягъэлъэгъуащ зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ я адыгэ арджэнхэр. ХъуэкIуэн Арсен игъэхьэзыра шы уанэхэмрэ Iэпслъэпсхэмрэ, Лэкъун Заур и дыжьын хьэпшыпхэр, пщащэхэм я хэдыкIхэр, дыщэидэхэр щIэщыгъуэт.

ГъэщIэгъуэн дыдэт «Адыгэхэм пасэм яIа псэукIэр» гъэлъэгъуэныгъэри. Абазэ Рэмэзан утыку кърихьащ и IэмкIэ ищIа макъамэ Iэмэпсымэхэр, Iэзэуи ахэр игъэбзэрэбзащ.

Махуэшхуэм зэхуишэсащ Бахъсэн къалэм щыпсэу, абы и хьэщIэ цIыху мин бжыгъэхэр. Хабзэ зэрыхъуауэ, гуфIэгъуэ зэхыхьэр адыгэ джэгукIэ зэхуащIыжащ. IупщIу ягъэлъэгъуащ лъэпкъ щэнхабзэр яхъумэным, щIэблэр абы щIапIыкIыным и мыхьэнэр зыхуэдизыр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: