ГъащIэр – зы гуращэщ

«Студент нэхъ щIалэ дыдэ» зыфIаща Лейдан Iэбубэчыр Шэшэн республикэм щыщщ. Илъэс 78-м ит нэхъыжьыфIыр Грознэм дэт къэрал пединститутым шэшэныбзэмрэ инджылызыбзэмрэ щиджын мурадкIэ щIэтIысхьа къудейщ. 
   Анэдэлъхубзэр зэрыт щытыкIэмрэ абы езым хищIыхьыфынумрэ зэригъапщэри, Iэбубэчыр «си ныбжьыр хэкIуэтэIуати», «цIыхухэр къысщыдыхьэшхынути» жимыIэу, Iуэхум иужь ихьауэ, япэ курсым щIэсщ. 
   Нэхъ пасэу дэ дытепсэлъыхьат Толстой Лев и «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» романыр зэрытха урысыбзэмкIэ иджын папщIэ, илъэс 60-м щIигъуауэ урысыбзэ зригъэщIэн щIэзыдзауэ щыта Хобсон Мэри. ГъащIэм щIэлъ IэфIыр къагъэщIэрэщIэжу, я акъылымрэ Iэпкълъэпкъымрэ яхузэфIэкIынур дахагъэм трагъэлэжьэн гукъыдэж зиIэ мыпхуэдэ цIыхухэр мелуанхэм щапхъэ яхуохъу. «Дэтхэнэ зы цIыхуми и бзэр, и щэнхабзэр, и лъэпкъым и лъапIэныгъэхэр ищIэн хуейщ», - жеIэ Iэбубэчыри. 
  Шэшэн студентыщIэр, хъыбарым къызэрыпфIигъэщIым хуэдэу, щIэныгъэм хуэхей дыдэу щыткъым. И чэзум школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар Ростов, иужькIэ – Мэзкуу кIуэри, абы пединститут къыщиухауэ щытащ, егъэджэныгъэми пэрытащ, ауэ зыхэпсэукIын къилэжьын, унагъуэ зэгъэпэщын, нэхъыжьхэм якIэлъыплъын къалэным егъэджэныгъэм къыпэришауэ щытащ. ИтIани, щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэм къыхэкIыу, езыр-езыру инджылызыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ иджыну хэтащ илъэс куэдкIэ, шэшэн литературэмрэ диным епха тхыгъэхэмрэ нэхъ гъунэгъуу зригъэцIыхуу. Егъэджэным пэрыхьэжыну хуей щхьэкIэ, къехъулIэртэкъым. 
  Илъэс ипэкIэ, зэхуэсыпIэ гуэрым Iэбубэчыр Шэшэн пединститутым и ректор Байханов Исмэхьил щыхуэзащ. Шэшэныбзэр нэхъ куууэ еджапIэ нэхъыщхьэм щиджыжыным зэрыщIэхъуэпсыр щыжриIэм, модрейми дадэр Iуэхум тригъэгушхуащ: «Мы гъэм къэпщытэныгъэхэм зыхуэгъэхьэзыри, етIанэгъэ, упхыкIмэ, укъэтщтэнщ». 
   Ректорым зэрыжиIам хуэдэу, Iэбубэчыр илъэс псокIэ ищIэмрэ имыщIэмрэ зэхигъэкIыу, тхылъхэм яхэсащ, зигъэхьэзыращ, экзаменхэр итауэ, иджы япэ курсым щIэсщ, инджылызыбзэмрэ шэшэныбзэмрэ зыдж студентхэм я гъусэу. ЕгъэджакIуэхэри еджакIуэхэри дадэм гуапэу къыIущIащ. Езыми абыхэм чэнджэщ яритыну хьэзырщ, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ щIэныгъэрэ Iущыгъэрэ зэIэпах зэпыту щытын хуейуэ къелъытэ. Нобэ зэрыхуа щытыкIэм Iэбубэчыр апхуэдэ Iэмал гъунэжу кърет. 
   «Урысейм сыт хуэдэ ныбжьым ит цIыхуми щIэныгъэ иритыну хьэзырщ, дэ Iэмал псомкIи дыкъызэгъэпэщащ. Iэбубэчыр и щапхъэм адрейхэри еджэным нэхъ трегъэгушхуэ», - жеIэ ректор Байханов Исмэхьил. 
    Хъыбархэм я нэхъ гухэхъуэр Iэбубэчыр и унагъуэм Iуэхур и кIэм нэсыху зэрыщибзыщIарщ. «Уи сурэтыр мыпхуэдэу тлъэгъуащ», - къыжраIа нэужьи, дадэм зыкъиумысыртэкъым, зыгуэрым хагъэзэрыхьа хуэдэу жиIэу. Иджы и хъыбарым интернетыр къекъутэ. Къуэрылъху-пхъурылъхуу 7 зиIэ дадэр, зэрыжаIэу, къыщIэщащ, ауэ и щхьэр щIрихьэхын щхьэусыгъуэ илъагъуркъым.
  «Сыт хуэдэ ныбжьым сыщитми, сэ щIэныгъэр зыхэт гъащIэм фIэкIа гъащIэкIэ узэджэну зыхуэфащэ щымыIэу къэслъытэрт, - жеIэ Iэбубэчыр дадэ. – Си бынхэми адрей цIыхухэми ирыралъагъу щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр ныбжьым зэремылъытар, нобэ хуэдэу егъэджакIуэ IэщIагъэм цIыхухэр щыхуэныкъуэ зэман зэи щыIакъым». 
   ЩIалэгъуалэр иригъэджэну, игъэIущыну щIэхъуэпс Iэбубэчыр, дауи, абыхэм яжриIэн иIэщ. Напэ къабзэкIэ гъащIэм кIуэцIрыкIарщ апхуэдэ гукъыдэж зиIэфынури зыхуейм теIэбэфынури. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: