Сатушы Мадинэ Токио кIуэным зыхуегъэхьэзыр![]() Тэмэму зэхэзымыххэр зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо комитетым къыбгъэдэкIыу УФ-м Сурдлимп джэгухэмкIэ и комитетым фокIадэм и I7-м хъыбар гуапэ къыIэрыхьащ - Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и спортсменхэр Японием и къалащхьэ Токио мы гъэм щекIуэкIыну джэгухэм ирагъэблагъэ. Ди тхэквондистхэр абы хэтынущ зыщыщ къэралыр къэмыгъэлъэгъуауэ.
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам спортсмен 36-рэ хэтынущ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм яхэхуащ тхэквондомкIэ дуней псом и чемпион Сатушы Мадинэ.
Сурдлимп джэгухэр Токио къалэм щызэхашэнущ щэкIуэгъуэм и 15 - 26-хэм икIи абы щызэпеуэнущ къэрал 70-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 3000-м щIигъу. Зэхьэзэхуэхэр спорт лIэужьыгъуэ 21-кIэ екIуэкIынущ, медаль комплекту 212-рэ щагъэджэгунущ.
Ди къэралым и командэ къыхэхам хэту Сатушы Мадинэ иджыпсту зэхьэзэхуэм зыхуегъэхьэзыр, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амир и гъусэу.
Поделиться:
Читать также:
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
| ||





