Хабзэм бзыпхъэ иIэщАнэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэхэр хъума хъуным курыт еджапIэхэм гулъытэ щыхуащI. Сыхьэт бжыгъэхэр дызэрыхуей хуэдизу щымытми, адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэхэм я зэфIэкI къагъанэу тхужыIэнукъым къыдэкIуэтей щIэблэр лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэм щагъэгъуэзэным ехьэлIауэ. Апхуэдэу илъэсым и кIуэцIкIэ Адыгэм, абы и ныпым, фащэм хухаха махуэшхуэхэм ирагъэхьэлIэурэ дерс зэIухахэр къызэрагъэпэщ, щIалэгъуалэр хабзэхэм драгъэхьэхыу. Апхуэдэ дерсхэм ящыщ зым, Адыгэ фащэм и махуэм нэхъ тегъэщIам, дрихьэлIащ Анзорей курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Къуэкъуей Оксанэ игъэхьэзырауэ. «Шэрджэсхэр теплъэ гурыхь дахэ зиIэ лъэпкъщ», - жиIащ франджы зыплъыхьакIуэ Пейсонель Клод-Шарль. Ди лъэпкъыр нэхъ дахэж щIэхъукIырт абыхэм ящыгъ фащэ екIум, - жеIэ егъэджакIуэм. - Лъэпкъым и дуней еплъыкIэм, и гъащIэм теухуауэ ягъэпсащ адыгэ фащэр. А фащэр щызытIагъэм абы къалэну пыщIахэр игъэзэщIэн хуейуэ и пщэрылъщ. Адыгэ фащэр лъэпкъым и гъуджэщ. Абы къощыр адыгэ лъэпкъым и хьэл-щэнхэр, и гъащIэр, и IуэхущIафэхэр, пщащэм и Iэдэбагъыр, нэмысыфIагъыр. Сыт хуэдизу мыгъэщIэрэщIами, фащэм лей лъэпкъ кIэралъхьэу щытакъым. Шэрджэсхэм къагъэщIа фащэ екIур Кавказым ис лъэпкъ псоми я зэдай хъуащ, а фащэр ноби зэрахьэ. Абы и щыхьэтщ МэшбащIэ Исхьэкъ «Адыгэ цей» зыфIища и усэ цIэрыIуэм къыхэщ мы псалъэхэр: Уи бзыпхъэр сэркIэ къыхэхами, Зэры-Кавказу ухуэфIыпсщ. Кавказым ис лъэпкъ псоми яфIэдахэу къащта фащэм и пщIэр къэIэтыжыныр, ар лъэпкъым хыхьэжыныр ди пщэрылъщ. Тхыдэ гъэщIэгъуэн, лъырэ нэпскIэ гъэнщIа гъуэгуанэ къызэпызыча ди лъэпкъ мащIэм къигъэщIа фащэр щыгъын къудейкъым. Ар ди лъэпкъым и блэкIащ, и нобэщ, и пщэдейщ». АдэкIэ Къуэкъуейр лъэпкъ фащэр зэрызэхэтым зырызыххэу топсэлъыхь. ЩIагъщIэлъыр ЩIагъщIэлъ джанэм и Iэгъуапэхэр зэву щытщ, джанэм и кIыхьагъыр лъэдакъэм нэс нос. И плъыфэкIэ хужьу, плъыжьу, гъуэжьу щытт джанэр. Апхуэдэ джанэм и Iэгъуапэр кIыхьу, хъыджэбзым и Iэр игъэпщкIуу щытт. Бостей Бостей кIыхьым и бгъэгур зэIухауэ, и Iэгъуапэхэр бгъузэу, и Iэхэм и деж щынэскIэ бгъуэ хъужу щытщ. Ахэр хадыкIырт щэкI лъапIэхэм: шылэм, къэдабэм. Зэи къащтэртэкъым удзыфэ щхъуантIафэ плъыфэ зиIэ, нэхъ къагъэсэбпу щытар хужьыфэ, плъыжьыфэ, фIыцIафэ, къуэлэн хъыданхэрщ. Бостейм и кIапэхэри ибгъухэри къадыхьырт дыщэ IуданэкIэ. Iэгъуапэ фIэлъхьэ Iэгъуапэ фIэлъхьэр кIыхьу къелэлэхыу, хуабжьу къулейуэ гъэдэхауэ щытщ, дыщэ IуданэкIэ тхыпхъэщIыпхъэхэр хэдыкIауэ. Бгырыпх Бгырыпхыр щIалъхьэрт джанэм е бостейм и гущIыIукIэ. Ар дыжьыным къыхэщIыкIат, мыщIэ зэщымыщхэмкIэ гъэдахат. Зэв дыдэу якъузырт пщащэм и бгыр. XIX лIэщIыгъуэм нэсыным куэд имыIэжу бгырыпххэр псыгъуэу икIи нэхъ дахэу ящIу щIадзащ. Зы лIэщIыгъуэ нэхъ дэмыкIыу ар зэпыбгъэувэу къагупсысащ, апхуэдэ къабзэу дыжьыным къыхэщIыкIауэ. ПыIэ Бзылъхугъэ пыIэхэр папцIэт, шыкъу ярысрэ, шыкъум мазэ ныкъуэ тегъэтIысхьэжауэ. ПыIэхэр къыхэщIыкIат упщIэми дарийми, тхыпхъэрэ дэнлъэчкIэ щIэгъэнауэ. IэлъэщI Шылэ Iуданэ IэлъэщIыр траубгъуэрт пыIэм и щхьэкIэ, IэлъэщI кIапэхэр пщэм кърашэкIырт. Джанэ Цейм и лъабжьэ щIэлъ джанэр Iэпкълъэпкъым хуэфIу, бгым иувэу ядырт. И кIыхьагъыр цейр зыщыгъым елъытат: нэхъыбэм сантиметрий-пщIыкIэ лъэгуажьэм къыдэIэбейуэ къагъэувыIэрт, дин лэжьакIуэхэм ящыгъыр нэхъ кIыхьт. Джанэр зыгъэдахэ Iыхьэхэм ящыщт пщэм и лъагагъкIэ, сантиметриплI-хыкIэ дэкIуей пщампIэ лъагэ дытар. Джанэр и гупэмкIэ икIыхьагъкIэ щызэгуокI, и бгым нэс ар щIыIу цIыкIурэ щIыIунэ щхьэхуэхэмкIэ бопхэ, апхуэдэ дыдэхэр Iэм хуэфIу яда Iэщхьэм тетщ. Джанэм бгъэ жып хуащI хабзэщ, зыфIэфIым бгым и щIагъкIи нэгъуэщI жып щIедэ. Цей ЗекIуэ кIыхьым хэту зи гъащIэр зыхь адыгэлIым и гъуэгуанэ мытыншым теухуауэ щытащ абыхэм я пкъым илъа адыгэ фащэр. Ар лIы нэсым и дамыгъэт, зыщыгъым и щхьэр лъагэу иригъэIэтрэ щыпкъагъыр къыпкъригъэщу. ЦIыхухъум щыгъыныр зэрыщытыпхъэу и пкъым цейр техуэрт, къилъыхъуэ псор абы хигъуатэрт. Адыгэ цейр нэм зыкъыщIэзымыдзэ фэхэм къыхащIыкIырт: морэ, фIыцIэ, щхъуэ хуэдэхэм. «ЦIуугъэнэ, щхъуэкIэплъыкIэ жыхуаIэр цейм и бийщ. Дэтхэнэ зы Iыхьэри и пIэм итыжу, тхыпхъэхэмрэ дыпIэхэмрэ зэщIэкъуарэ Iэпкълъэпкъым шэщIауэ итIысхьэу, гъэщIэрэщIэкIэ хабзэхэр зэрыт гъунапкъэ зэвым къимыкIыу - апхуэдэт адыгэ цейм и дыкIэ мардэр. Аращ адыгэ фащэр зыщыгъыр егъэлеяуэ зэкIуж щIэхъур. ЩIалэ цIыкIум цейр япэ дыдэу хуадырт илъэсипщI-пщыкIутI щыхъуам деж. Къэбэрдейхэр къызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ лIакъуэ пщыкIузу зэхадзми, дэтхэнэ зыми и цей дыкIэр адрейм къыщхьэщыкIыртэкъым, ауэ къызыхэщIыкIа щэкIым къулейр нэхъ хуэмыщIам къыхигъэщырт. Хьэзырхэмрэ хьэзырылъэхэмрэ Хьэзырылъэхэр цIыкIу-цIыкIуу зэпыщхьэхукIа жып гупщ, пхъэм е къупщхьэм къыхэщIыкIауэ гынылъэ зырыз иIэжу. Гыныр къежьа нэужьщ ар цейм кIэрадэн щыщIадзар. Хьэзырхэр, нэхъ убгъуауэ жыпIэмэ, «шэ хьэзырхэр», зэман лей имыгъэкIуэду шууейм и фочыр иузэдыну Iэмал иIэн щхьэкIэ щIауэ аращ. Хьэзырхэм я бжыгъэм теухуауэ къэса хъыбархэм жаIэр зэщхьэщокI, нэхъыбэр 8-мрэ 10-мрэ я зэхуакум (зы лъэныкъуэкIэ) къыщобжэ. Ауэ адыгэхэм зэпэмыбжыр нэхъ зэрафIэкъабылым къыхэкIыу, блым е бгъум нэхъ трагъащIэ. Абы къикIыр - лъэныкъуитIри зэхэту пщыкIуплI е пщыкIуий мэхъу. АдыгэлIыр зауэм щыкIуэмрэ гуфIэгъуэ махуэхэм щитIагъэ цеймрэ зэщхьэщыкIт. ЗэуапIэ Iухьэ адыгэлIым и цейм кIэрыда хьэзырылъэхэр нэхъ лъагэу Iэтат. Абыи щхьэусыгъуэ иIэт. Шууейм и IитIри нэщIт. Зы Iэм шхуэмылакIэр IэщIэлът, адрей IэмкIэ къэуалыр иIыгът. Гыныр иуха нэужькIэ хьэзырылъэм дзэкIэ кърихырти ар зэрихъуэкIырт. Бгырыпхыр Цейм къыпхугуэмыхын Iыхьэу хэтщ абы щIэпха бгырыпхыр. Бгырыпхым сэшхуэр, кIэрахъуэр, къамэр кIэрагъэзагъэ.
Поделиться:
Читать также:
16.03.2026 - 17:15 →
Адыгэбзэр макъыбзэщ
16.03.2026 - 17:08 →
ПсыкIэ гугъу ехьыжынукъым
16.03.2026 - 16:05 →
Бзэр къыкIэрыху хъунукъым
16.03.2026 - 11:33 →
Адыгэ жьэгум и хуабэр
15.03.2026 - 12:26 →
ЩIэблэхэм къадогъуэгурыкIуэ
| ||




