Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр 2014 гъэ лъандэрэ щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Абы ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ щригъэкIуэкIащ Налшык. ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм зэрадэлажьэм, блэкIа зэхуэс лъандэрэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм зэфIагъэкIа Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми. 

ДАХ-м хэт жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм псэкупсэ лъапIэныгъэхэр, лъэпкъым къыдекӀуэкӀ хабзэхэр, унагъуэм илъ хъугъуэфӀыгъуэхэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкӀэ ялэжьым теухуауэ къэпсэлъащ Шапсыгъ Хасэм и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид, Европэм щыIэ Хасэхэм я федерацэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Затий, Ставрополь щыIэ «Адыгэ щэнхабзэ IуэхущIапIэм» и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрий сымэ, нэгъуэщIхэри.

Хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри гъэбыдэныр зи къалэн нэхъыщхьэу щыт Дунейпсо Адыгэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Абы ипкъ иткIэ, мы гъэм ГъэзэщIакIуэ гупым и лIыкIуэхэр щыIащ Тырку къэралыгъуэм икIи абы щыпсэухэм яхуэзащ, епсэлъащ. ЗекIуэм кърикIуахэр къызэхуэсахэм жраIэжащ Адыгей Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзанрэ Хасэм хэт ГъукIэлI Сусанэрэ. ДАХ-м и нэIэ щIэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щӀэс ди лъэпкъэгъу студентхэм я псэукӀэр, еджэкӀэр егъэфӀэкӀуэным ехьэлӀа Ӏуэхугъуэхэр зэпэщ щIыныр. Абы теухуауэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм пыщIэныгъэ быдэ зэрыхуаIэм, студентхэм я Iуэху зытетым фIыуэ зэрыщыгъуазэм и гугъу ищIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. 

* * *

ФокIадэм и 19-20 махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щекIуэкIащ «Урысеймрэ Тыркумрэ: дунейпсо щытыкIэмрэ геополитикэ Iуэхугъуэхэмрэ-2025» етIуанэ дунейпсо щIэныгъэ-къэхутэныгъэ конференцыр. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэмрэ Дипломатиер гъэкIуэтэнымкIэ Горчаковым и цIэр зезыхьэ фондымрэ. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ КъуэщIысокъуэ Тимур, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, ДАХ-м и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэ, КъБР-м, КъШР-м, АР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, СНГ-м и IуэхухэмкIэ, евразие къэралхэм я зэкъуэтыныгъэмкIэ, ди хэкуэгъухэм хуаIэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Затулин Константин, УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и Представительствэм и унафэщI Нюппэ Сергей, КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрэ, КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис, республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, щIэныгъэ институтхэмрэ центрхэмрэ я унафэщIхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ, Анкара, Истамбыл къикIа щIэныгъэлIхэр зыхэт зэхуэсышхуэм Iуэхугъуэ куэд щызэпкърахащ.

КъулыкъущIэхэр, щIэныгъэлIхэр щызэхуэса зэхуэсышхуэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 95-рэ ирикъуа, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ. Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и унафэкIэ, 2025 гъэр МэшбащIэм и илъэсу зэрагъэувар, абы и творчествэм теухуа зэIущIэхэр щIыналъэхэм, къэралхэм зэрыщекIуэкIыр.

Москва къикIа хьэщIэмрэ ДАХ-м и тхьэмадэмрэ адыгэлI щэджащэм тыгъэ хуащIащ адыгэ щIакIуэ, пыIэ, щхьэрыхъуэн. АдыгэлI щыпкъэм и фэилъхьэгъуэр зэкIупс МэшбащIэм фIыщIэ яхуищIащ гулъытэ къыхуэзыщIахэм икIи хъуэхъуащ лъэпкъым зиужьу, и Iуэху дэкIыу иджыри куэдрэ щыIэну.

Ар зэфIэкIа нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ конференцыр къэрал, щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхухэр зэрызэришэлIар, зэныбжьэгъугъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ я лъэмыж быдэ хъуну зэрыщыгугъыр.

- Дызытепсэлъыхь Iуэхур ауэ сытми къыхэтхакъым, фэ фыщыгъуазэщ Тыркум адыгэ лъэпкъым щыщу куэд зэрисым. Экономикэ санкцэхэр къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэхуаку къыщыдэхъуэ мы зэманым къэрал куэдым ипхъа адыгэ лъэпкъым жэуаплыныгъэ и пщэ къыдохуэ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къалэнщ ди лъэпкъэгъу хэхэсхэр ди къэралым и еплъыкIэмрэ щытыкIэмрэ, адыгэ щыпсэу республикэхэмрэ крайхэмрэ я щыIэкIэ - псэукIэм щигъэгъуэзэну. Дэ дыхущIокъу дэтхэнэ къэралми и Iуэху зехьэкIэр къэтлъытэну, псом хуэмыдэу Урысейм къыпэщIэува къэралхэм щыпсэу адыгэхэм политикэ щытыкIэр къагурыдгъаIуэу, Хэкум къыхуэгъэза я гупсысэр захуэ, пэж тщIыну. Конференцым хэтыну къытхуеблэгъа псоми фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ, дэтхэнэми и псалъэм мыхьэнэ зэриIэнум шэч хэлъкъым Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхущытыкIэр нэхъри ефIэкIуэнымкIэ, - жиIащ Сэхъурокъуэм.

* * *

Адыгэхэм я махуэм хухэха пшыхь нэхъыщхьэр Налшык къалэм и Музыкэ театрым пщыхьэщхьэм щекIуэкIащ. Абы и пэIущIэ пэшым хьэщIэхэр къыщрагъэблагъэрт адыгэ пшынэмрэ бэрэбанымрэ еуэ ныбжьыщIэ гуп дыгъэлым. Абы щегъэувэкIат лъэпкъ фащэхэр, Iэщэхэр, сурэтыщI цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр, IэпэIэсэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр.

«Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым «Уэркъ къафэмкIэ» къызэIуихащ пшыхьыр, къызэхуэсахэм я лъэпкъ зыхэщIыкIымрэ гукъыдэжымрэ къиIэту, къызыхэкIам дахагърэ беягъыу бгъэдэлъыр я зыIыгъыкIэмкIэ наIуэ къащIу.

Утыкум кърагъэблэгъащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий:

- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, ныбжьэгъу лъапIэхэ, ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ, ди хьэщIэ лъапIэхэ! Хабзэ зэрытхуэхъуам тету, мыпхуэдэ пшыхь дахэмкIэ дыпожьэ 2014 гъэ лъандэрэ ди республикэм игъэлъапIэ махуэшхуэм. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр гугъуехь, нэщIэбжьэ, гукъеуэ куэдкIэ гъэнщIащ. Ауэ апхуэдэ лъэпощхьэпохэмрэ гузэвэгъуэмрэ къызэринэкIыфри, нобэ хуэдэ зы махуэ иIэтыфу иджырей къэсащ. Зэманым дыдекIуу, дунейм дыщыгуфIыкIыу, ди нэхъыжьхэм гулъытэ яIэу, нэхъыщIэхэр гъуэгу захуэ тедгъэувэу дыкъокIуэкIри, нэгъуэщIхэм ефIэкIыу иджыри куэдрэ Тхьэм щигъэIэ адыгэ лъэпкъыр, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Тхьэмадэм къызэрыхигъэщамкIэ, лъэпкъ махуэшхуэ зэраIэм щогуфIыкI къэрал 52-м щикъухьа адыгэхэр. Абы лъэпкъым и псэкупсэ къулеягъэр хегъахъуэ, нэхъыбэжым трегъэгушхуэ, и Iулыджыр еIэт. Ар щIэин нэхъ лъапIэу лIакъуэхэм зэIэпаххэм ящыщ зы мэхъу, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпищIэу. Мыр зи махуэшхуэ лъэпкъым и закъуэкъым зи сэбэпыр, атIэ зы щIыналъэ зэдисхэм я зэпыщIэныгъэр, зэгурыIуэныгъэр, мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ Iэмал гъуэзэджэщ. Апхуэдэуи лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр щаIэт махуэщ.

Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэхуэсахэм я пащхьэ фIыщIэ псалъэкIэ зыщыхуигъэзащ Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, тхылъищэм нэс зи Iэдакъэ къыщIэкIа МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм. Ар зэхэзыха пэшым щIэсхэр къызэфIэувэри щыту Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, абы и цIэм, и щхьэм, и зэфIэкIым пщIэ зэрыхуащIыр нэрылъагъу ящIу. МэшбащIэм и псалъэхэр зыщIэлъ «Адыги на земле своей живут» уэрэдыр игъэзэщIащ Иуаз Азэмэт. 

Адыгэхэм ди махуэшхуэм теухуа пшыхьыр щIэщыгъуэу екIуэкIащ. Ар ягъэдэхащ республикэм и уэрэджыIакIуэ-къэфакIуэхэу Сокъур Ольгэ, Хьэкъул Оксанэ, Зеушэ Iэуес, Бэрэгъун Марианнэ, Шокъуий Мурат, ДыщэкI Артур, Жабоевэ Замирэ, Куэцэ Идар, Дау Аминэ сымэ, «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым, «Балкария», «Шардан», «Нал цIыкIу», «Насып» къэфакIуэ гупхэм.

Хьэмырзэ Ахьмэд лъэпкъым хуэгъэза и хъуэхъу дахэм къыкIэлъыкIуа удж хъуреймкIэ пшыхь гукъинэжыр зэхуащIыжащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: