Бзэм и кууупIэм къыщIэзыгъалъэт

«Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алийщ. Абы къитхыжхэм ящыщщ адэкIэ къыщытхьынури.

Джэдыкъу – шылэджэд хуэдэхэр къызэраубыд.

Джэдынэ – 1) гуэрэф лIэужьыгъуэ (фолликулит), 2) хэутха хъурей цIыкIу зыхэлъ щэкI.

Джэлэс – 1) щхьэлым и щхьэм щыкIэрахъуэ мывэм и нэр зыфIэс пкъо, 2) щхьэIуо щащIкIэ, хьэмым и кум иту, выхэр зыпащIэу щыта пкъоми арат зэреджэр.

Джэп – гулъэгур (пхъэкъуаншэр) къызэрагъэш Iэмэпсымэ, нэгъуэщIу жытIэмэ, шыгу-выгухэм пхъэм къыхэщIыкIа я шэрхъхэм хъурей теплъэ зэрырат Iэмэпсымэщ.

Джэтэр – арыхъ (урысхэм «чижик» жыхуаIэм ещхьщ) щыджэгукIэ, гъуэм къыщыщIэдзауэ япэ еуам здынигъэсар пщалъэу къалъытэрти, абы арат зэреджэр.

Джэтэр гъуэгу – гъуэм къыщыщIэдзауэ арыхъыр нэхъыжьым здынихусыфам нэс «джэтэр гъуэгукIэ» еджэрт.

Джэхьэн (жэхьэр) – хы сыджым (толъкъуным) ещхьу ушэрэза щхьэц, шыкIэ, шы соку.

ДжэIу трашхыкIа – зи мыхабзэ анэщIэр Iуэуэ (адакъэ хуэдэу), абы къыхэкIыуи яукIыжар яшхыжамэ арат зэреджэр.

Джийщхьэбж (джэшщхьэбж) – урысхэм «изжога» жыхуаIэрщ.

ДжылъIуж – щэкIым и гъунэ дыдэ Iуданэрщ.

Джынджыхъу – адыгэ псысэхэм хэт шы лъэпкъ.

Джырынджыху – щэкI лыд лъэпкъ.

Дзажэпхъэбгъу – цIыху Iэчлъэч, къаруушхуэ зыхэлъ.

Дзахуэ – щхьэл уIуагъащIэм (хьэжэн щыщIидзагъащIэм) япэу къыщIэкI хьэжыгъэрщ, джэдкъазхэм ирагъэшх.

ДзажэщI – джабэщIэлъ, дзажэ щIагъым къыпыт лы щабэ.

ДзакIуэ-дзашэ – дзэзешэ.

ДзакIуэпашэ – дзэм ипэ ит пакIэ.

Дзапщэ – дзэм и пэрытхэр

Дзэгъасэ – дзэ пакIэм и унафэщI (командир подразделения).

Дзэгъуэлъ – гъуэгу тет дзэ пакIэм я зыгъэпсэхугъуэ.

ДзэгъуэлъыпIэ – дзэм зыщигъэпсэху щIыпIэ.

ДзэкIэ – дзэм и кIэ дыдэ.

Дзэукъуэ – дзэр хьэзежэ зыщI хъыбар е цIыху (паникёр).

Дзэхъумэ – зызыгъэпсэху е гъуэгу тет зауэлIхэр зыхъумэ гуп (аванпост) е плъыр.

Дзэшу – зауэлI шу.

Дзэпкъей – зи дзапэхэр ипэкIэ гъэза цIыху, псэущхьэ.

Дзэтебзэ – дзэ зэIыхьам тралъхьэ гъущI, дыщэ «пыIэ» (коронка).   

Дзыхъудзышх – дзэр гъуанэ зыщI узыфэ (кариес).

Дзэуэкъуэдзыхь – Iуэху зэрихуэну Iуэху зыхуащIа цIыху.

ДзэхэнапIэ – нэрыгъ щIын, зыгуэр мыгъэпсэун.

Дзэхъудзэшх – ерыскъым хэлъыпхъэ пкъыгъуэхэр щримыкъукIэ, дзэлхэр, дзэхэр къэзыгъэтIасхъэ, жьэ кIуэцIыр къизыгъэху уэщ (цынга).

Дзэегъу – Iуэху зэдэзыщIэхэм ящыщ зы.

Дзыр – хьэцэпэцэхэр къыщахыжкIэ, ныбгъуэхьэш (ныбгъуэхэр къызэраубыд) щыхагъэувэн папщIэ, къамыхыу къранэ тIэкIу.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар Къумахуэ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также:

07.07.2026 - 12:26 Гуэрэныгу Iуащхьэм...
06.07.2026 - 11:43 Псалъэр я Iэщэу
06.07.2026 - 11:39 Гюлибик