Ди хэкур хахуэтСССР-м и адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм занщIэу зыкъаIэтащ Хэкур яхъумэжыну. Республикэм и къуэ, ипхъу мин 60-м щIигъу фронтым кIуащ. ТекIуэныгъэ Иным Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуащIэрыпсэухэм куэд халъхьащ. Абыхэм къызэрагъэпэщауэ щытащ 175-нэ фочауэ, 115-нэ шуудзэ дивизэхэр. Ахэр жыджэру хэтащ Киев, Сталинград зыхъумахэм. Зауэм мыкIуэу къэнахэри, къалэнышхуэ ягъэзащIэу, фронтым хуэлэжьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и промышленностыр зауэ Iэмэпсымэхэу дзэр зыхуейм хузэрахъуэкIри, Налшык гидротурбиннэ, Дохъушыкъуей спирт, Прохладнэ ремонт заводхэм, Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым зауэ хуэIухуэщIэхэр къыщIагъэкIащ, фабрикэхэм ерыскъыпхъэхэр щагъэхьэзыращ, щыгъынхэр щадащ. КъБАССР-м щыщ зауэлI мин 50-м щIигъум къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм папщIэ Хэкум и орденхэмрэ медалхэмрэ къыхуагъэфэщащ, 33-м Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ, 6-м ЩIыхь орденым и нагъыщищри къратащ. ЗауэлIхэм я щIыбагъыр лъэщт 1943-1945 гъэхэм Налшык дэрбзэр фабрикэм совет зауэлIхэм яхуидащ щыгъыну сом мелуанрэ мин 550-рэ и уасэ. IэфIыкIэ щащI фабрикэм фронтым иригъэшащ IэфIыкIэ тонн 5599-рэ, лы комбинатым – лыуэ, нэкулъхэкIыу тонн мин 18. Зауэм и илъэсхэм республикэм и мэкъумэш хъызмэтым (хозяйствэм) къэралымрэ фронтымрэ яритащ гъавэ тонн мин 273-рэ, сэхуран тонн мин 47-м щIигъу, мэкъуу тонн мин 55-рэ, лыуэ центнер мин 97-м нэс, нэгъуэщI IэщхэкI, хадэхэкI куэд. Абы нэмыщI унэгуащэхэм зауэм ирагъэшащ щIакIуэ, лъэпэд, Iэлъэ хуабэхэр. Налшык и закъуэ щыгъын, ерыскъы илъу вагон 20-м щIигъу фронтым иутIыпщащ. КъБАССР-м шуудзэхэм 1941-1945 гъэхэм яритащ адыгэш хэплъыхьауэ мин 27-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуащIэрыпсэухэм яхузэфIэкI халъхьащ къэралым и лъэщагъыр гъэбыдэнми. Абыхэм зэхуахьэса ахъшэмкIэ ирагъэщIри Дзэ Плъыжьым иратащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и комсомолец», «Къэбэрдей комсомолец» кхъухьлъатэ эскадрильехэр, «Си ныбжьэгъу пэж» кхъухьлъатэ гупыр, «Ордензехьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхозхэт», «Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм – ажал!» танк колоннэхэр. Ди гуащIэрыпсэухэм ахъшэшхуэ халъхьащ «ЦIыхубэм я егъэджакIуэ», «Орджоникидзе гъущI гъуэгум и лэжьакIуэ» танк колоннэхэр ухуэным. Псори зэхэту Iэщэ къыщIэгъэкIыным сом мелуани 160-рэ мин 580-рэ халъхьащ. Партизанхэм я лIыгъэ Дзэ Плъыжьым щIэгъэкъуэнышхуэ хуэхъуащ партизан зэщIэхъееныгъэри. ВКП(б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомымрэ зыхъумэжынымкIэ Налшык комитетымрэ къащта унафэм ипкъ иткIэ республикэм къыщызэрагъэпэщат партизан гупхэр. Зэман кIэщIым къриубыдэу партизан гупи 10 хьэзыр хъуащ. Абыхэм къызэщIаубыдэрт цIыху 700-м нэблагъэ. Партым и обкомым и унафэкIэ гуп псори зы партизаныдзэу зэгуагъэхьэжащ шыщхьэуIум и 20-м. Гуп зэгуэтым и унафэщIу ягъэуващ Царяпин Георгий, комиссару – Къудей Чэрим. Гупыр Iыхьищу гуэшат. Япэм хэтт Прохладнэ районым щыщ партизанхэр, етIуанэм – Бахъсэн районым, ещанэм – Дзэлыкъуэ, Нагорнэ районхэм я партизанхэр. Абыхэм я унафэщIт, я комиссарт парт, совет лэжьакIуэ цIэрыIуэхэу Грицай, Фоменкэ, Ерыжокъуэр, Хьэтэжьыкъуэр, НэщIор. Партизанхэм бийм зауэ гуащIэхэр иращIэкIащ. Абыхэм мащIэрэ гужьеигъуэм хадзакъым фашистхэр. Апхуэдэ жэщ теуэхэм ящыщ зыуэ щытащ партизанхэр 1942 гъэм фокIадэм и 21-м Къармэхьэблэ зэрыдыхьар. А жылэм дэст нэмыцэ танк батальон, гарнизон лъэщ. Ауэ партизанхэр шынакъым. Къуажэм лъэныкъуищкIэ ахэр щыдыхьащ икIи зыр адрейм кIэлъыкIуэу ягъэсу щIадзащ фашистхэм псэупIэ ящIа унэхэр. СыхьэтитIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зэхэуэм партизанхэм щызэтраукIащ бий сэлэтрэ офицеру 70-м нэблагъэ, якъутащ автомашинитI. А жэщым лIыхъужьыгъэ къагъэлъэгъуащ партизан псоми. Бахъсэн районым и партизанхэм ящыщ Къуэдз Бот шууэ, уафэхъуэпскIым хуэдэу, пхылъэтащ жэщ кIыфIым. Абы и автоматым хьэдэ гурышэу иригъэгъуэлъыкIащ фашист сэлэт зыбжанэ, гранатэкIэ икъутащ нэмыцэхэм щыжейуэ, зыщагъэпсэхуу къагъэсэбэп тыкуэныр. Ауэ езыри IэщIэкIыфакъым биишэм. Къулъкъужын Ищхъэрэм щыщ лIы хахуэр къыщаукIащ Къармэхьэблэ. Апхуэдэу а жэщым лIыгъэшхуэ зэрахьащ КхъуэIуфэ ФIыцIэ, Жанкъазий Софият сымэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуит къэзыщIыжахэр Кавказыр хуит къыщащIыжым екIуэкIа зауэ хьэлъэм 1942 гъэм и бадзэуэгъуэм щIидзащ, 1943 гъэм и жэпуэгъуэм Тамань хытIыгуныкъуэм щиухащ. Кавказ Ищхъэрэр хуит къегъэщIыжыным хахуэу щIэзэуахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ Гуэбэшы Николай, Ефэнды Жыраслъэн, Къущхьэ КIыщыкъуэ, Пащты Цоцэ, Теувэжыкъуэ Мухьэмэд, Жамборэ Хьэбас, Гъэсашэ Къасболэт, Хосровьян Георгий, Шыхъуэ Бализэ, Уэрэзей Тамарэ, Елгъэр Адэлбий, Вэрокъуэ Iэмырбий, Къардэн Бэлэтокъуэ, Настаев Хьэжбэчыр, Казьмин Михаил, Холаев ЖэбрэIил, Къатинэ МуIэзин сымэ, нэгъуэщI куэди. Къэбэрдей-Балъкъэрым папщIэ екIуэкIа зауэм совет зауэлIхэмрэ партизанхэмрэ лIыгъэм и щапхъэ куэд щагъэлъэгъуащ. Урыс сэлэт Подгорнэ Афанасий Iуэхур гугъу зэрыхъуар щилъагъум, шэ зэрылъ и машинэр бийм и нэхъ IувыпIэм хихуащ, ар къауэри фашисту 8 иукIащ, 6 уIэгъэ хъуащ. Таганрог щыщ зауэлI Матвеев Пётр нэмыцэ танк щIагъым зыщIидзэри, ар игъэсащ, езыри хэкIуэдащ. ЩымыIэж пулеметчикым и пIэ иувэри, взводым и унафэщI, азербайджан Зульфугаров Камал езыр къаукIын и пэкIэ Ислъэмей къуажэм деж фашист 50 щыхигъэщIащ. Лейтенант Пирмисашвили Алексей зи пашэ артполкым нэмыцэ танк дивизэм и унафэщI генерал фон Макк, дивизэм и штабым и тхьэмадэ Графф, штабым и лэжьакIуэ Мюллер, нэгъуэщIхэри зыщIэс плъапIэр икъутащ. Абы папщIэ куржы щIалэ хахуэм Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм щхьэмыгъазэу фашистхэм зэрыщезэуам, лIыгъэ ин къызэрагъэлъэгъуам папщIэ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр фIащащ Пилипенкэ Иван, Лурсманишвили Владимиррэ Канкавэ Владимиррэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхъумахэм яхэтащ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Къардэн Къубатий, Ушанёв Сергей, Михайленкэ Василий сымэ. Республикэм и щIым фашистхэм хахуэу щезэуащ ди хэкуэгъухэу Шортэн Аскэрбий, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Жэмырзей Ясин, Моргачев Николай, ХъуэкIуэн Розэ, Мамхэгъ Шу, Гуэщокъуэ Iэниуар, Беслъэней Залымхъан, Черкесов Сэрбий, Щербак Иван, Пинхасов Хаким, Елчэпар Мухьэмэд, Зацепилин Георгий, Къуэдзокъуэ Мусэрбий, нэгъуэщIхэри. Ди республикэр яхъумэурэ, лIыгъэ яхэлъу я псэр ятащ ди хэкуэгъухэу Мартыс Георгий, Дол Мухьэмэд, Малкандуев Азрэт, Балъкъэр Iэуал, нэгъуэщIхэми... НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




