ЩIымахуэм хуагъэхьэзыру, «Iуащхьэмахуэ» курортым и инфраструктурэр къызэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ мазэм нэблагъэкIэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр икIэм нэсащ. Уэс IэрыщIыр къыщIэзыгъэкI системэхэм я фIыгъэкIэ лыжэкIэ къыщыбжыхь хъу джабэ нэкIухэр 2025 гъэм и щэкIуэгъуэм къызэIуахыну я мурадщ. Чазур иджыпсту зылъысар лъэс лъагъуэхэм къыщызыкIухь туристхэращ.
2024 гъэм «Iуащхьэмахуэ» курортым гъэмахуэм зыщызыгъэпсэхухэрэ щIымахуэм къакIуэ туристхэмрэ я бжыгъэр зэхуэдэ хъуащ. Ар зи фIыгъэр экологие турист лъагъуэщIэхэр къызэрызэIуахарщ, я гугъуагъкIэ зэщхьэщыкIыу. Мы гъэм, ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум ирагъэхьэлIэу, Iуащхьэмахуэр зыхъума лIыхъужьхэм я фэеплъу, лъагъуэщIитI абыхэм къахыхьащ. Нэгъабэ гъэмахуэм курортым туристу щыIам и бжыгъэр мин 230-м нэблэгъащ.
Мы гъэм, щIымахуэр къызэрысу, уэс IэрыщI къыщIэзыгъэкI системэхэм лэжьэн щыщIадзэнущ метр 2350-3500-кIэ бгым удэкIуеймэ. Абыхэм я япэ Iыхьэр ягъэхьэзыракIэщ илъэсым ипэ мазэхэм, етIуанэ Iыхьэри мыгувэу хьэзыр хъунущ. Уэс IэрыщIым и фIыгъэкIэ джабэ ныкIухэм телъыну уэсым и Iувагъыр, и щхьэмкIи, и лъабжьэмкIи щызэхуэдэ хъунущ. Абы нэмыщI, иджырей уэздыгъэхэр жэщкIэ къыщагъэблэнущ. Кругозорымрэ Азау хуеймрэ я щIыпIэхэм пкъоууэ 54-рэ щагъэувынущ, абыхэм щыщу 3-м метр 25-рэ я кIыхьагъыу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ курортым и лэжьэгъуэ зэманым къыхэхъуэнущ, туристхэми Iэмал яIэнущ жэщкIэ лыжэхэмкIэ къажыхьыну.
Iуащхьэмахуэ и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ, метр 3300-3500-кIэ удэкIуеймэ, иджырей кIапсэ гъуэгухэм хуэдэу 2 щашэщIынущ, лыжэ лъагъуэхэр щыхашынущ, псори зэхэту километри 5,2-рэ хъууэ. Абыхэм къадэкIуэу, иджырей сервис-центр Азэу хуейм щаухуэнущ. Мылъку къызыбгъэдэкIыну хьэрычэтыщIэхэр хьэзырщ иджырей хьэщIэщхэмрэ альпинист къалэхэмрэ я ахъшэ халъхьэну. «Iуащхьэмахуэ» курортым псори зэхэту сом мелард 36,5-рэ трагъэкIуэдэн мурад яIэщ абыхэм.
«Илъэс хъурейкIэ зыщыбгъэпсэху хъуащ «Iуащхьэмахуэ» курортым. 2024 гъэм гъэмахуэм абы зыщызыгъэпсэхуа туристхэм я бжыгъэр щIымахуэм щыIахэм ялъэщIыхьэжащ. Ар зи фIыгъэр эко-лъагъуэхэр зэрырагъэжьарщ. Ди лэжьыгъэр нэхъыбэу иджыпсту зыхуэунэтIар курортым и инфраструктурэр щIымахуэм хуэгъэхьэзырынырщ: уэс IэрыщI къыщIэзыгъэкI системэхэр идогъажьэ, жэщкIэ джабэ нэкIухэр къызэщIэгъэнэхуауэ щытынущ, лыжэкIэ къыщажыхь щIыпIэхэм я бжыгъэми хыдогъахъуэ. Ди плъапIэр – зы илъэсым къриубыдэу турист бжыгъэр зы мелуаным нэдгъэсынырщ, абы щхьэкIэ нобэ дызэлэжь пэхуэщIэхэм апхуэдэ гугъэхэр дагъэщI», - жиIащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергей.
2023-2024 гъэхэм «Iуащхьэмахуэ» курортыр хуэкIуащ ди къэралым щащIа техникэхэмрэ абыхэм пкъралъхьэ пкъыгъуэхэмрэ. Иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къызэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм хиубыдэу, обрудовэнэрэ техникэрэ зыхуэныкъуэу хъуар къащэхуащ.
«Курортыр хуэм-хуэмурэ къыдогъэщIэрэщIэж икIи идогъэфIакIуэ: гъуэгущIэхэр доухуэ, техникэщIэхэр къыхыдошэ, туристхэм нэгузегъэужьыпIэхэр, тыншыпIэхэр, хьэщIэщхэр къахузэдогъэпэщ. Дэ мыхьэнэшхуэ идот «Iуащхьэмахуэ» курортыр бгы туризмэм и дамыгъэ нэсу Урысейм щыщытыным, щIыпIэ телъыджэхэмрэ туристхэм ядгъэгъуэт Iуэхутхьэбзэхэмрэ зэхуэкIуа хъуным», - къыхигъэщащ Кавказ.РФ-м и унафэщI Юмшанов Андрей.